Сабийхэм яхуэлажьэхэр

Урысей Федерацэм и хьэрычэт IэнатIэ мащIэмрэ курытымрэ ящыщу мин 14,5-м щIигъум къыщIагъэкI хьэпшыпхэр е ящIэ Iуэхутхьэбзэхэр сабийхэрщ зейр икIи иужьрей илъэсищым къриубыдэу апхуэдэ IуэхущIапIэхэм я бжыгъэм проценти 10-м нэблагъэкIэ хэхъуащ. 2023 гъэм абыхэм псоми зэхэту сом меларди 188-м нэблагъэ къалэжьащ, 2024 гъэм ар сом мелард 200-м щIигъуащ, къитащ иджыблагъэ МСП Корпорацэм.

Хьэрычэт IэнатIэ мащIэмрэ курытымрэ хиубыдэу сабийхэм папщIэ хьэпшып зэхуэмыдэхэр къыщIэзыгъэкIхэм е абыхэм Iуэхутхьэбзэхэр яхуэзыщIэхэм ящыщу мини 7,9-м щIигъур сабийхэм махуэкIэ якIэлъоплъ. Иджыри мини 2,5-м нэблагъэм сабийхэр егъэджэным е я нэгу зегъэужьыным, узыншагъэр гъэбыдэным пыщIа Iуэхутхьэбзэхэр зэфIагъэкI.

 Сабий хьэпшыпхэр къыщIэзыгъэкIхэм я бжыгъэр мин 1,9-м щIегъу. Апхуэдэу щыхъукIи, IуэхущIапIэ 13-м я лэжьыгъэр сабий хьэпшыпхэр зэгъэпэщыжыным, къэгъэщIэрэщIэжыным хуэунэтIащ. Къабзагъэм зэрыкIэлъыплъхэр IуэхущIапIэ 675-м къыщIагъэкI, сабий нэхъ цIыкIухэм, школым мыкIуахэм щыгъынхэр яхуэзыд IуэхущIапIэхэр 571-рэ мэхъу.

НобэкIэ хьэрычэт IэнатIэ мащIэмрэ курытымрэ хэту IуэхущIапIэ 471-м сабий хьэпшыпхэр ящэ, 354-м сабий шхыныгъуэхэр (гъэшхэкIхэр, пхъэщхьэмыщхьэпсхэр, лыхэкIхэр, узыншагъэр гъэбыдэным хуэгъэпсахэр, н.къ.) къыщIагъэкI. Сабий лъакъуэрыгъажэхэр, гу цIыкIухэр, абыхэм я пкъыгъуэхэр къыщIэзыгъэкIхэр 41-рэ мэхъу.

Зи лэжьыгъэр нэхъыбэу сабийхэм хуэунэтIа IуэхущIапIэхэр здэщыIэр Мэзкуу къалэрщ – 2158-рэ, адэкIэ Мэзкуу областым – 1267-рэ, Санкт-Петербург къалэм – 980-рэ, Краснодар крайм – 774-рэ.

МСП Корпорацэм къызэритамкIэ, 2025 гъэм и щIышылэм – гъатхэпэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым сабий хьэпшыпхэр къыщIэзыгъэкIхэм е абыхэм Iуэхутхьэбзэ зэхуэмыдэхэр яхуэзыщIэ IуэхущIапIэхэм я бжыгъэр 53-рэ хъуащ икIи иужьрей илъэсищым абыхэм процент 43,2-кIэ къахэхъуащ.

Хьэрычэт IэнатIэ мащIэмрэ курытымрэ хыхьэ IуэхущIапIэхэм къэрал дэIэпыкъуныгъэхэр ират «Зэхьэзэхуэр зи лъабжьэ экономикэ лъэщ» пэхуэщIэм и фIыгъэкIэ икIи сабий хьэпшыпхэр къыщIэзыгъэкI е Iуэхутхьэбзэ зэхуэмыдэхэр абыхэм яхуэзыщIэ IуэхущIапIэ 400-м апхуэдэ гулъытэ хуащIащ иужьрей илъэсищым. ЖыпIэнурамэ, къабзагъэм зэрыкIэлъыплъхэр къыщIэзыгъэкIхэм сом меларди 2,9-кIэ, сабий шхыныгъуэхэр зыгъэхьэзырхэм сом мелард 1,6-м нэблагъэкIэ, сабий хьэпшыпхэр къыщIэзыгъэкIхэм сом мелард 1,5-кIэ зыщIагъэкъуащ.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: