ДэIэпыкъуэгъу яхуохъу

«Хэкум и зауэлIхэм я унагъуэхэм я комитет» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм Нарткъалэ щригъэкIуэкIащ «Бжэ зэIухам и махуэ». ЗэIущIэм хэтащ республикэм и Дзэ комиссариатым и лIыкIуэхэр, комитетым и унафэщI Ореховэ ­Каринэ, абы и къуэдзэ Алимовэ Аллэ, юристхэу Къашыргъэ Арсенрэ Мкртчян Эдуардрэ.

Комитетым мыпхуэдэ Iуэхухэр щIэх-щIэхыу­рэ къызэрегъэпэщ, ар Iэмал хъарзынэщ дзэ Iуэху хэхам хэтхэм, абыхэм я унагъуэхэм зыхуей-зыхуэныкъуэкIэ дэIэпыкъуэгъу яхуэхъунымкIэ.
ЗэIущIэм къыщаIэтащ Iуэхугъуэ 40-м нэблагъэ. Языныкъуэ упщIэхэм я жэуапыр абдеж щагъуэтащ, адрейхэр зэман гъунэгъум зэрызэфIахынум иужь итынущ. Дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ зэхыхьэр къызэзыгъэпэщахэм фIыщIэ хуащIащ чэнджэщ ягъуэтынымкIэ, дэIэпыкъуныгъэ къаIэрыхьэнымкIэ Iэмал къызэрыратым папщIэ. Мыпхуэдэ Iуэхугъуэхэм мыхьэнэшхуэ ягъэзащIэ зауэлIхэм я унагъуэхэм щIыналъэ унафэщIхэр къазэрыкъуэтыр зыхащIэнымкIэ, гушхуэныгъэр яфIэмыкIуэдынымкIэ.

Хьэту Астемыр.
Поделиться: