КъБКъУ-м и библиотекэм щекIуэкIащ «Северный Кавказ в годы Великой Отечественной войны: историческая память и вызовы современности» зэIущIэр. Ар къызэрагъэпэщащ Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр ди къэралым къызэрыщихьрэ мы гъэм илъэс 80 зэрырикъуам теухуауэ.
Хэку зауэшхуэм и пэжыр, Кавказым щыпсэуа лъэпкъхэр фашистхэм зэрыпэщIэтар, ди адэшхуэхэмрэ абы я адэжхэмрэ къытхуахьа ТекIуэныгъэ Иным и мыхьэнэр студентхэм я деж нахьэсынырт зэIущIэр зи жэрдэмхэм я мурадыр. Абы зэхуишэсащ библиотекэм и лэжьакIуэхэр, Хэку зауэшхуэм и Ветеранхэм я зэгухьэныгъэм хэтхэр, дзэ Iуэху хэхам и ветеранхэр, егъэджакIуэхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр.
«Преемственность поколений Героев Великой Отечественной войны и специальной военной операции» докладыр ищIащ дзэ Iуэху хэхам и ветеран ПщыхьэщIэ Ахьмэд. Ар къытеувыIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу къулыкъу зыдищIэ щIалэхэм Хэку зауэшхуэ зэманым ди щIыналъэр зыхъума я нэхъыжьхэм теухуауэ къаIуэтэжа хъыбархэм. Абы и псалъэм дыщIигъужащ къэралым щыпсэу дэтхэнэ зы унагъуэми Хэку зауэшхуэм и гуауэр зэралъэIэсар.
«Защитники Отечества» фондым и щIыналъэ къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ ПщыхьэщIэ Зульфия тепсэлъыхьащ дзэ Iуэху хэхам щыIэ дзэ дохутырхэр махуэ къэс зрихьэлIэ гугъуехьхэм, абы уIэгъэ, ныкъуэдыкъуэ щыхъуа зауэлIхэм я узыншагъэр ирагъэфIэкIуэжын, ахэр мамыр гъащIэм хэзэгъэжын папщIэ зэфIагъэкIхэм, нэгъуэщIхэми.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэр Хэку зауэшхуэм зэрыхэтам теухуауэ иужьрей зэманым къыдэкIа тхылъхэм ящыщ гуэрхэм, Къэбэрдей-Балкъэрыр щхьэхуит къызэращIыжам и тхыдэм и пэжыпIэм щыхьэт техъуэ дэфтхэрхэр зэрыхуейм, щIэблэр Хэку лъагъуныгъэм щIэпIыкIыным, Къэбэрдей-Балъкъэрым и библиотекэхэр Хэку зауэшхуэ зэманым зыхуэдам, художественнэ тхыгъэхэм, макъамэм, кинематографием, сурэтхэм, театр теплъэгъуэхэм Хэку зауэшхуэр къызэрыщыгъэлъэгъуэжам, нэгъуэщIхэми.