Гъэ еджэгъуэр и кIэм щынэблагъэкIэ, илъэс къэси хуэдэу, Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ къэрал библиотекэм и лъахэхутэ къудамэм щыIащ КъБКъУ-м и филологие институтым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм и 3-нэ курсым и студентхэр. ЩIалэгъуалэр тхьэмахуитIкIэ екIуэлIащ я лэжьыгъэм зыщыхагъэгъуазэ щIэныгъэ-къэхутэныгъэ практикэм. Гупым я щIэныгъэ унафэщIыр филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, КъБКъУ-м и доцент Абазэ Албэчщ. Студентхэр яунэтIащ библиотекэм и унафэщIым и къуэдзэ Арзанунц Александрэ, лъахэхутэ къудамэм и унафэщI Гергоковэ Лейлэ, абы и лэжьакIуэ нэхъыжь Безыр Ленэ.
Абазэ Албэч къызэрыджиIамкIэ, студентхэр тхылъ хъумапIэм яшэным теухуа жэрдэмыр илъэс зыбжанэ ипэкIэ къыхилъхьащ икIи ар кафедрэм и лэжьакIуэхэм къыдаIыгъащ. Библиографие, каталог лэжьыгъэхэм щагъэгъуазэ, газетхэмрэ журналхэмрэ къытехуа тхыгъэхэр къызэрагъуэтынур къызэщIиубыдэу. А псор къахуэщхьэпэнущ студентхэм я щIэныгъэ лэжьыгъэм. Тхыгъэхэр зэрызэрадзэкIми, урысыбзэкIэ къыдэкIауэ адыгэбзэм кърагъэзэгъа, адыгэбзэр урысыбзэкIэ зэрадзэкIауэ щыIэхэр (Шортэн Аскэрбий, Нало Ахьмэдхъан, Акъсырэ Залымхъан, ХьэхъупащIэ Амырхъан, КхъуэIуфэ Хьэчим, Къуныжь Борис, IутIыж Борис, Бещтокъуэ Хьэбас, Къаныкъуэ Заринэ, н. ейуэ) зэпкърахащ. Абы къызэрилъытэмкIэ, лэжьыгъэм фIагъ куэд къыдэкIуащ, ахэр студентхэм я квалификацэ лэжьыгъэхэр щатхкIи, нэгъуэщI тхыгъэхэр щагъэхьэзыркIи, я IэнатIэм щыпэрыткIи щхьэпэ зэрахуэхъунуми шэч хэлъкъым. Мыпхуэдэ Iуэхухэр щIалэгъуалэр гъащIэм, цIыху хэтыкIэм хуезыгъаджэщ.
- Ди лъахэхутэ къудамэм студентхэр практикэ зэрыщыIа тхьэмахуитIым яфIэгъэщIэгъуэну зыщагъэгъуэзащ ди лэжьыгъэм. Лъахэхутэ къудамэм и лэжьакIуэхэм иужьрей илъэсищэм къриубыдэу лъэпкъ литературэмкIэ зэхуихьэса каталогым еплъащ, лIэщIыгъуэ ипэкIэ къыдагъэкIыу зыщIадза газетхэмрэ журналхэмрэ къызэщIаубыдэу. Ди фондым тхылъ мин 24-м щIигъу щахъумэ, махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу а бжыгъэм къыхэдгъахъуэу. Къудамэм щIэлъ адыгэ художественнэ тхыгъэхэмрэ литературэ лэжьыгъэхэмрэ зыхуэдэр щIалэгъуалэм зрагъэщIащ. КъинэмыщIауэ, электрон каталогми еплъащ. Гъэ еджэгъуэщIэм щIадзэжмэ, а псор къахуэщхьэпэнущ икIи я квалификацэ лэжьыгъэхэр щатхкIэ Iуэхум хуэхьэзыруи пэрыхьэнущ,- жеIэ Безыр Ленэ.
Къыхэгъэщыпхъэщ, библиотекэм и нэгъуэщI къудамэхэми студентхэм зэрызыщрагъэплъыхьар. ЩIалэгъуалэр абы щекIуэкIа зэхыхьэ гъэщIэгъуэнхэм хашащ, я щIэныгъэм хагъэхъуащ. Апхуэдэщ, КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь КIыщокъуэ Алим къызэралъхурэ илъэси III-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ иджыблагъэ абы и лъэпкъ, лъахэхутэ литературэхэмкIэ къудамэм щекIуэкIа «Пусть бесконечно я буду в пути» зэхыхьэр. Студентхэм ягу къагъэкIыжащ Хэку зауэшхуэм хэта усакIуэшхуэм тхылъ пщIы бжыгъэхэр къызэрыдигъэкIар, адыгэ литературэр зэригъэбеяр, Пушкин Александр, Лермонтов Михаил, нэгъуэщI урыс тхакIуэшхуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм щыщ адыгэбзэм къызэрыригъэзэгъар, дуней псом и дэнэ щIыпIи щыпсэухэр абыхэм зэрыщыгъуазэр. КIыщокъуэм и тхылъ дапхъи абы щагъэуващ, и IэдакъэщIэкIхэр, абы теухуауэ ятхахэр, и сурэтхэр халъхьэри.
- Ди щIэныгъэ унафэщI Абазэ Албэч Лъэпкъ къэрал библиотекэм и лэжьыгъэм дызэрыщигъэгъуэзар щIэщыгъуэ тщыхъуащ. НэхъапэIуэкIи, дауи, абы дыкIуэу щытащ, ауэ иджы хуэдэу тхылъ хъумапIэм и къудамэ псоми зыщытплъыхьыну Iэмал диIатэкъым. Нэхъыбэу лъахэхутэ къудамэм и лэжьэкIэрщ дызыкIэлъыплъар, Безыр Ленэрэ Абазэ Албэчрэ ди дэIэпыкъуэгъуу. IуэхущIапIэм декIуэлIэху дыщыщIакъым Ленэ и гулъытэ. Ар езыр щIэныгъэ зыбгъэдэлъ цIыху нэфIэгуфIэщ. Ар къудамэм и лэжьыгъэхэм, и шынагъуэншагъэм къытхутепсэлъыхьащ, зэгъусэу библиографие зэхуэтхьэсащ, щIэныгъэ практикэмкIэ дневникыр зыхуей хуэдгъэзащ. Безырым дызэлэжь тхыгъэхэм ятеухуауэ щIэщыгъуэ куэд къыджиIащ, тхыдэм и цIыху цIэрыIуэхэм я гугъу къытхуищIащ, цIыхубэ тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм щыщ пычыгъуэхэм къытхуеджэурэ абыхэм дытепсэлъыхьыжащ, - жеIэ Мэсей Даянэ. – А псом къадэкIуэу, гукъинэж тщыхъуащ библиотекэм и къудамэхэм щекIуэкIа зэхыхьэхэри. Абыхэм ящыщщ «Я говорю с тобой из Ленинграда» фэеплъ пшыхьыр. Ар къызэрагъэпэщат усакIуэ, тхакIуэ, зэдзэкIакIуэ, журналист Инбер Верэ къызэралъхурэ мы гъэм илъэси 135-рэ зэрырикъум теухуауэ. Дыщагъэгъуэзащ абы и гъащIэмрэ гуащIэмрэ, зауэ зэманым итхауэ къэна и Iэрытххэм дыкъеджащ. «Вдохновение пера» усэ пшыхьри дигу ирихьащ. Гупыр зэгъусэу дызэрыздэлэжьам, зэхыхьэхэм дыхэтыну Iэмал зэрыдиIам и фIыгъэкIэ, щIэ куэд къэтщIащ, тхыгъэщIэхэр къэдгъуэтащ, ди щIэныгъэм хэдгъэхъуащ, каталогымкIэ дылэжьэфу, газетхэмрэ журналхэмрэ дызыхуейхэр къыщыдгъуэтыфу зедгъэсащ. Дызэрыщыгугъам нэхърэ практикэр нэхъ гъэщIэгъуэну икIи щхьэпэу къытхущIэкIащи, къыдэлIэлIахэм фIыщIэ яхуэфащэщ.