Къэбэрдей-Балъкъэрым иджыблагъэ къыщыхалъхьащ зихуэдэ щымыIэ егъэджэныгъэ жэрдэмыщIэ. «Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыхъужьхэр» фIэщыгъэр зыгъуэта программэр теухуащ зи гъащIэр къэрал къулыкъущIапIэхэм щылэжьэным тезыухуэну хущIэкъухэм зэрызаужьыным, апхуэдэ гуращэ зиIэхэм зэхагъэува пэхуэщIэхэм щIэгъэкъуэн яхуэхъуу гъуэгу етыным.
Зи гугъу тщIы программэм еджэныгъэ Iэмал куэд щызэхэухуэнащ. Апхуэдэу щыт пэтми, ар еджапIэ къудейкъым, атIэ абы хыхьэну гукъыдэж зыщIхэм я Iуэху еплъыкIэхэмкIэ щызэдэгуашэ, я гупсысэкIэхэмкIэ щызэхъуажэ щIыпIэщ. ЖэрдэмщIакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, мыбдеж щызэрихьэлIэн хуейщ гъащIэм и пIалъэ зыщIэхэр, абы узыщрихьэлIэнкIэ хъуну лъэпощхьэпохэр зыхуэдэм щыгъуазэхэр, щытыкIэ гугъухэм укъызэрикIыфыну Iэмалхэм щыгъуазэхэр. Мыбыхэм яхэтщ зауэ IэнатIэм пэрытахэри. Абы къищынэмыщIауэ, программэм хыхьэну щогугъ жылагъуэм и зыужьыныгъэм теухуауэ еплъыкIэ пыухыкIа зиIэу абы къэрал хабзэхэр хуэзыгъэлэжьэфыну къызыщыхъухэри.
«Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыхъужьхэр» программэм къигъэув Iуэхугъуэхэм пэлъэщыну къэзылъыта цIыху 31-м фокIадэ мазэм еджэн щIадзэнущ. Иджыри цIыху 23-р дзэ Iуэху хэхам къахуигъэув къалэнхэр зэрызэфIахыу а гупым къахыхьэжынущ.
Жылагъуэ советым щыщ Мэзукъэбз Аслъэн зэрыжиIэмкIэ, еджэныгъэхэм хагъэхьахэм нэIуасэ защыхуэпщIкIэ, умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым абыхэм къызэранэкIа гъащIэ гъуэгуанэр.
- Нэхъыбэм щIэныгъэ нэхъыщхьитI зрагъэгъуэтащ, гъащIэмрэ политикэ дунеймрэ къыщекIуэкI Iуэхугъуэхэм еплъыкIэ теубыда хуаIэщ. ЗыхыбощIэ языхэзми зиужьыну, IэнатIэмкIэ дэкIуэтеину, жылагъуэ гъащIэм хуэщхьэпэну гукъыдэж зэраIэр. Дунейм и пIалъэр псалъэкIэ мыхъуу, и щхьэкIэ зыгъэунэхуахэм я цIыху щIыкIэм нахуэу къегъэлъагъуэ гъуэгу ягъуэтмэ, зыщыщ лъэпкъми, щIыналъэми, къэралми щхьэпэ зэрахуэхъунур. Мы программэм къигъэув къалэнхэр нэсу зэфIэхыным дэтхэнэ зыри гурэ псэкIэ бгъэдохьэ. Ахэр хэкупсэщ, жылагъуэ гъащIэм и пащхьэ къиувэ Iуэхугъуэ зэхэмыбзхэр зэблэхынымкIэ емышыж лэжьакIуэщ, къэралым и къэкIуэныр къызыфIэIуэху, ар Iэпэдэгъэлэл пщIыуэ зымыдэ цIыху щыпкъэщ. Арыххэуи, программэм утыку къришэну зыщыгугъ цIыхухэр Iуэху нэсым и лIыкIуэу щытынущ, - жиIащ Мэзукъэбз Аслъэн.
ПэхуэщIэм къигъэув Iуэхугъуэхэр зэфIэзыхынухэм хуитыныгъэ яIэщ ар гъащIэм хэпща хъун папщIэ, жэрдэм зэмылIэужьыгъуэхэр къыхилъхьэну, цIыхухэр къыхишэну. Нэхъыщхьэр гукъэкIыр щIэмыужьыхэу, абы къеувэлIэнухэм хэлъэт яIэу, Iуэхухэм хуэжыджэру, лэжьыгъэр зэбгъэхъулIэн папщIэ узыхуэныкъуэну есэныгъэхэр яхэлъу щытынырщ. Мызыгъуэгум программэм япэ лъэбакъуэхэр идзу аращи, дыщогугъ ар фIыкIэ къызэрыкIыну, цIыхубэм ифI зыхэлъ Iуэхугъуэ дахэхэмкIэ щIэх и хъыбар къэIуну.