Къытхуагъэна лъапIэныгъэхэм дытекIынукъым

КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Iэтащхьэм ­къегъэщIылIауэ лажьэ, Урысейм хабзэкIэ щызекIуэ псэкупсэ-щэнгъасэ лъапIэныгъэхэр хъумэнымкIэ советым и зэIущIэ. 

Къызэхуэсахэр тепсэлъыхьащ цIыхубэ гъащIэм щы­тепщэ зэхэтыкIэ хабзэхэр хъумэн, ахэр зэтракъутэным хуэ­пабгъэу ­къебгъэрыкIуэ псоми япэщIэтын зэрыхуейм, тхыдэм и пэжыр зэра­хъуэкIыныр яхуэбдэ зэрымыхъунум. 
УФ-м и Президент Путин Владимир зи гугъу ящI Iуэхугъуэр къэралым и щхьэхуитыныгъэм, и шынагъуэншагъэр къэ­мы­тIэсхъэным, цIыхубэр мамыру псэуным, абыхэм я бжыгъэм хэ­хъуэным зэрепхар къыхигъэщ зэпытщ. Урысейм и шынагъуэншагъэр хъумэнымкIэ советым мэкъуауэгъуэм и 10-м иригъэ­кIуэкIа зэIущIэм къыщыхагъэщащ хабзэкIэ къэ­ралым щызе­кIуэ псэкупсэ-щэнгъасэ лъапIэныгъэхэр къы­зэтегъэнэныр политикэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм язу зэрыщытыр. 
Мыхьэнэ етын хуейщ ди цIыхухэм, псом хуэмыдэу - щIалэ­гъуалэм я гупсысэкIэр ягъэутхъуэн мурадкIэ щIыналъэм щы­зэрахьэ лъапIэныгъэхэр зэтракъутэу, цIыху щхьэхуэм игурэ и щхьэрэ зэтрахуным щIэхъуэпсхэр зэрыщыIэм. Ап­хуэ­дэхэм ткIийуэ япэщIэувапхъэщ, лъэпкърэ динкIэ зэпэ­щIэ­тыныгъэ къэзы­гъэхъеину хэтхэм ар къехъулIэнкIэ Iэмал ­иIэкъым. 
Зыр адрейм дэIэпыкъуныр, нэхъыжьхэм пщIэ яхуэщIыныр, тхыдэмрэ щэнхабэзэмрэ ихъума хъугъуэфIыгъуэхэм я мыхьэнэр къызэтегъэнэныр, унагъуэм и пщIэр - а псори ди япэ итахэм, ди лъэпкъхэм зэрахьэ динхэри я тегъэщIапIэу, лIэщIыгъуэ бжыгъэкIэрэ зэтрагъэуващ, ауэ щыхъукIэ, лъэпкъ хьэлри псэукIэ ­хабзэри абыхэм ядэкIуэдакъым. 
Зэхуэсым къыщаIэта темэр куэдым я гум къишхыдыкIащ икIи Советым хэтхэм я еплъыкIэр къагъэлъэгъуащ, хэкIыпIэу къалъытэхэмкIэ зэдэгуашэу. 
«Ди республикэм щыпсэухэм я зэкъуэтыныгъэр, абы ­игъащIэ лъандэрэ щызэрахьэ псэукIэ хабзэхэр хъума хъун ­папщIэ, дяпэкIи Къэбэрдей-Балъкъэрыр тетынущ  УФ-м а Iуэхум хуиIэ бгъэдыхьэкIэмрэ къэрал политикэмрэ», - иритхащ КIуэкIуэ Казбек и телеграм-каналым, зэхуэсым щытепсэлъыхьыжым.

Поделиться: