ДахэкIэ узытезыгъэпсэлъыхь лэжьыгъэ кърахьэлIэ![]() Къэбэрдей-Балъкъэрым и жылэхэм щекIуэкI лэжьыгъэшхуэм гу лъымытапIэ иIэкъым – дэнэкIи гъуэгухэр щызэрагъэпэщыж, я фIагъым щыхагъахъуэ, иджыри къыздэсым цIыхум гъуэгум зэран къыщыхуэхъу щыщIэныгъэ куэд щызэрагъэзэхуэж. ЦIыхухэр зэхэзекIуэшхуэ яIэ хъуащ, лэжьыгъэ IэнатIэм къуажэхэмрэ къалэхэмрэ зэрепх, щIыналъэхэр экономикэ и лъэныкъуэкIэ гъунэгъу зэхуещI. Зыбжанэ лъандэрэ ди щIыналъэм щекIуэкI гъуэгуухуэ политикэм и фIыгъэкIэ фIырыфIкIэ узыдынэмысыну щыта щIыпIэхэм екIуалIэ гъуэгухэр яузэхужащ, зэрагъэпэщыжащ. Апхуэдэщ, псалъэм и хьэтыркIэ, Дохъушыкъуей (Старэ Шэрэдж) – Жэмтхьэлэ щIыналъэ гъуэгум щыщу Зэрэгъыжрэ Псыгуэнсурэ я зэхуакум илъым иращIэкI лэжьыгъэр. Къыхэгъэщын хуейщ гъуэгуухуэ лэжьыгъэхэр «ЩыIэныгъэр езыгъэфIакIуэ ухуэныгъэхэр» («Инфраструктура для жизни») лъэпкъ пэхуэщIэмрэ щIыналъэ бюджетым къыхэкI мылъкумрэ япкъ иткIэ зэрекIуэкIыр. Псыгуэнсу цIыху миниблым нэс, Зэрэгъыж цIыху минитIым нэблагъэ щопсэу. КъуажитIыр зы псы Iуфэм Iусщ, зыр адрейм къытекIащ. Абы къыхэкIыу зэкIэлъыкIуэр зэпыуркъым, лэжьыгъэрэ IуэхукIэ зэлъэIэсыр мащIэкъым. Километрих зи кIыхьагъ гъуэгур зыхуей хуэзауэ щытыныр жылитIым дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэщ икIи абы и зэгъэпэщыжыным къуажэхэм я псэукIэр тынш зэрищIынуми зэрыригъэфIэкIуэнуми пцIы хэлъкъым. Мы далэм гъуэгум телъ асфальтыжьыр трахащ, тIуащIэу зэтелъын хуей асфальтобетоным къатыщIэр тралъхьащ. Иджыпсту зи ужь итыр асфальтобетоным и къатыщхьэр телъхьэнырщ, ар зызрагъэукъуэдия гъуэгубгъуэм ирагъэубыдынырщ. Абы къищынэмыщIауэ, къуажитIыр зэпызыщIэ гъуэгум къыхэж дэлъэдапIэхэмрэ дыхьэпIэхэмрэ япэгъунэгъуу дяпэкIэ зэпрыкIыпIэхэмрэ зэблэкIыпIэхэмрэ яхуэфащэ нагъыщэхэмкIэ къыхагъэщынущ, гъуазэхэр гъуэгущхьэхэм трагъэувэнущ, уэздыгэ пкъохэр хатIэнущ. Гъуэгур цIыхухэм я зэхэзекIуапIэу, машинэхэри уэру зэрыщызэхэзежэр къэплъытэмэ, абы тетхэм я шынагъэншагъэр къызэзыгъэпэщ IэнатIи мэхъу екIуэкI лэжьыгъэр. Гъуэгуухуэхэм ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм къуажэдэсхэр набдзэгубдзаплъэу кIэлъоплъ. Зэрэгъыж къуажэм щыщ Къэгъэзэж Валерэ зэрыжиIэмкIэ, цIыхухэр зытешыныхь хъуа гъуэгум игъуэт зэхъуэкIыныгъэфIхэм псоми гу лъатэ, щогуфIыкI. – Куэд щIауэ дыпэплъэрт дыщызэхэзекIуэ гъуэгур щызэрагъэпэщыжынум. ЩIымахуэ хъуамэ, ущызекIуэныр псэзэпылъхьэпIэт – щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ игъуэта кумбыгъэхэр куу, асфальтыр къилъэлъурэ гъуэгур Iузэ, уэс къесамэ, темыкIыжу щтырыгъу игъуэту хъуат. ЩIымахуэм махуэхэр кIэщIщ, щIалэгъуалэр гъуэгу щытехьэкIэ, дыгузавэрт. Дызытешыныхьу щыта Iуэхухэри ягъэзэкIуэж хуэдэщ, илъэс зыбжанэ хъуауэ тлъагъумрэ мы махуэхэм ди нэгу щIэкIымрэ фIыуэ зэщхьэщокI, фIы и лъэныкъуэкIи узытезыгъэпсэлъыхь лэжьыгъэ гъуэгуухуэхэм кърахьэлIэ. ИджыкIэ гъуэгур захуэ хъуащ, ущызекIуэну тыншщ. Дыщогугъ зэманышхуэ темыкIуадэу псори щIэх зэфIэкIыну, – жиIащ Къэгъэзэжым. Лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ кърахьэжьа Iуэхум псори гъэмахуэкIэм ирихьэлIэу зэфIагъэкIыну я гугъэщ. Гъуэгум иращIылIэ хуэIухуэщIэ псори ягъэнэхуа пIалъэм тету йокIуэкI, ухуэныгъэ технологием къигъэув мардэхэр зыри къэмынэу нэсу ягъэзащIэ.
Поделиться:
Читать также:
11.05.2026 - 15:18 →
ЩIэуахътыншэри аращ
09.05.2026 - 10:07 →
ЛIэщIыгъуэкIэ лIакъуэхэм зэIэпах
04.05.2026 - 17:59 →
Лэжьыгъэм пащэ
03.05.2026 - 10:44 →
«Джэдыкъуэ Плъыжьым» и шыгъэжапIэм
26.04.2026 - 10:24 →
Къуэш зэрыгъэхъуащ, унагъуэкIи зэкIэлъокIуэ
| ||





