Уи нэвагъуэр плъагъурэ?![]() Нэвагъуэ жиIэу адыгэбзэм хэт псалъэ дахэм пыщIащ гъэщIэгъуэн куэд… «Си нэвагъуэр сыбгъэлъагъужащ» жиIэмэ, удын хьэлъэ зыхищIауэ къокI. Адыгэр щысымаджэм деж и хабзэщ и нэр зэтрипIэрэ ирикъузэу. Апхуэдэхэм деж жаIэ цIыхум и нэвагъуэр, пэж дыдэу, илъагъужу. ИкIи сымаджэм и нэвагъуэр илъагъужмэ – и лIэгъуэр къэсакъым, имылъагъужмэ – куэд имыхьыжыну зи фIэщ хъухэри щыIэщ. Си анэшхуэр сымаджэ хьэлъэу хэлът, цIэимыIуэ узыр къеуэлIарэ, хущхъуэр сэбэп мыхъужу и Iеигъуэм нэсауэ. Си адэр лэжьыгъэ IуэхукIэ емыжьэу мыхъуну зэхэзехуэн хъуат, и анэ сымаджэр къигъэнэну хуэмейуэ. Ар ди анэшхуэм къыщищIэм, и напIэр зэтрипIэщ, и пэбгым къекIуалIэ нэ къуапитIыр ирипIытIэри: «Умыгузавэу ежьэ, щIалэ, къэсакъым иджыри!» - жиIауэ щытащ. Сыт абы къикIыр жысIэу, илъэс 13 фIэкIа мыхъу сэ сыщеупщIым, щэхуу жэуап къитащ: «Си нэвагъуэр исыжрэ имысыжрэ сеплъауэ аращ. Уи адэм зимыгъэгуващэмэ, сыпсэууэ къекIуэлIэжынущ». Сэ ар хуабжьу згъэщIэгъуат, игъащIэ псокIи гукъинэ сщыхъуащ. Тхьэмахуэ иримыкъу хуэдизкIэ къэтауэ, си адэр къекIуэлIэжащ. Къызэрысыжу, аргуэру лэжьапIэм къыщIакъузащ, УрысеймкIэ къалэ жыжьэ гуэрым ягъэкIуэну. Абы щыгъуэ нанэ идауэ щытакъым ар «си нэвагъуэр исыжкъым», жиIэри, икIи махуэ бжыгъэ нэхъ дэмыкIыу дунейм ехыжат. Медицинэ и лъэныкъуэкIэ а Iуэхугъуэм лъабжьэ гуэри иIэу къысхуэтIэщIакъым, сыт хуэдизрэ сымылъыхъуами. Ауэ, адыгэм сытым дежи и фIэщхъуныгъэ, Iэзэгъуэ, хабзэ, щIэныгъэ иIэжу зэрыщытам тепщIыхьмэ, къыддекIуэкI дуней еплъыкIэм лей хэлъкъым. АтIэ, сыт нэвагъуэр зыщIисыр? Сыт лэжьыгъэ абы игъэзащIэр? Нэкугъуэм иIэщ гъуанэ фIыцIэ, зи щIэр умылъагъу мащэм хуэдэу куууэ къыпщыхъуу. Мис аращ нэвагъуэ хъужыр. УрысыбзэкIэ жыпIэмэ – зрачок. КъызэрахутамкIэ, цIыхум и нэм щIэпсэ нэхум нэф имыщIын папщIэ, нэвагъуэм нэхум и нэхъыбэр зэщIешэ, хьэршым щыIэ мащэ фIыцIэхэм (черная дыра) зэрызыщIашэм хуэдэу. ГъэщIэгъуэнракъэ, нэвагъуэр зэрызэхуишам е ин зэрыхъуам тращIыхьу, дохутырхэм жаIэфынущ цIыхум къефыкI узыфэхэр, зрихьэлIа хущхъуэр зыхуэдэр е зэгупсысыр. Псалъэм папщIэ, цIыхум афиян зрихьэлIамэ, пцIы иупсмэ, зыгуэр къеузмэ, мыхъумыщIагъэ гуэр игу къэкIамэ, е фIыуэ илъагъур илъэгъуамэ, абы и нэвагъуэр инышхуэ мэхъу. ЦIыхум и нэгум нэху тебгъапсэмэ, гущыкI зыхуиIэ гуэрым Iуплъамэ - зызэхуешэ, кIыфIым хэтмэ ин мэхъуж. Ауэ мыпхуэдэу газетым къидджыкIащ жыфIэу, зи нэвагъуэр ин хъуахэм хьэрэмагъ фигу къахуэвмыгъэкI, щыIэщ хущхъуэ, нэ уз зиIэхэм я нэвагъуэр ин хъун папщIэ, нэм щIагъаткIуэу! Нэр мыинми, къалэнышхуэ егъэзащIэ, гугъусыгъуу зэхэлъщ: цIыхум махуэм къриубыдэу 14000-рэ и нэр егъэупIэрапIэ; цIыхум и нэджыджым телъ уIэгъэр псынщIэ дыдэу мэкIыж сыхьэт 48-м къриубыдэу; къалъхуагъащIэхэр нэпсыншэу магъ! Абыхэм нэпс щаIэр я ныбжьыр тхьэмахуи 4-13 ирикъуа нэужьщ; цIыхум и нэкур зэи хэхъуэркъым, къыщалъхуам щыгъуэ зэрыщыта дыдэу къызэтонэ; нэр зи цIыкIуагъ пкъыгъуэ мелуанитIу зэIылъщ; цIыхум и гукъэкIыжхэм я процент 80-р и нэкIэ илъэгъуам хуозэ; цIыхур щыгъкIэ и пэпсри пож. Ар пэшынкъым, атIэ нэпсщ, нэм икIыу пэ кIуэцIкIэ къежэхауэ; цIыхур къэзыухъуреихь дунейр зэрилъагъур щхьэ куцIкIэщ, армыхъумэ нэкIэкъым. Нэр сурэттехыу убж хъунущ. Абы илъагъур щхьэ куцIым къелъытэри, и пащхьэ ит псори зищIысыр къыгурыIуэу аращ; нэм екIуалIэ лыпцIэхэм нэхъ псынщIэ Iэпкълъэпкъым илъкъым. НапIэзыпIэ жыхуиIэ псалъэм къеуатэ ар; уи нэр зэтехауэ укъепсыфынукъым; цIыхунэ узыншэм зы плъыфэм и фэгъу 500 зэхегъэкIыф; цIыхум и Iэпкълъэпкъ псом щыщу нэджыджым и закъуэщ лъынтхуэ зэмыкIуалIэр; нащхъуэхэр псори зэблагъэщ, къызытехъукIыжар зы пасэрей адэжьщ; цIыху къэс и зы нэм нэхъыфIу елъагъу адрейм нэхърэ; цIыхур хьэщыкъ зыхуэхъуам щыIуплъэкIэ, и нэвагъуэр процент 45-кIэ нэхъ ин мэхъу.
Поделиться:
Читать также:
07.02.2026 - 10:06 →
Лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсыр къызэIуах
04.02.2026 - 12:35 →
Ипотекэр куэдым къагъэсэбэп
04.02.2026 - 11:59 →
«Пэрытхэм» я Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр
03.02.2026 - 17:46 →
Щыхэхъуи щыхэщIи щыIащ
31.01.2026 - 10:01 →
КIыщокъуэм и фэеплъым деж
| ||





