Унагъуэ лъапIэныгъэхэр япэ ирагъэщу

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и лIыкIуэхэр иджыблагъэ Мэзкуу дэт, Бауман Николай и цIэр зезыхьэ Къэрал техникэ университетым и Конгресс-центрым къыщызэрагъэпэща зэIущIэшхуэм хэтащ. Студент унагъуэхэм я Япэ урысейпсо студент гъэлъэгъуэныгъэр «Унагъуэ» лъэпкъпсо пэхуэщIэм ипкъ иткIэ зэхашащ, УФ-м ФедерацэмкIэ и Советым, УФ-м и Президентым деж Къэрал демографиемрэ унагъуэ политикэмкIэ щыIэ Советым, УФ-м ЩIэныгъэмрэ щIэныгъэ нэхъыщхьэмкIэ и министерствэм я дэIэпыкъуныгъэ хэлъу къызэрагъэпэщащ.

Къэрал гулъытэ ин зыгъуэта гъэлъэгъуэныгъэм зыхуигъэувыж къалэн нэхъыщхьэхэм хиубыдэрт студент щIалэгъуалэм ящыщу унагъуэ зыухуахэм щIэгъэкъуэн яхуэхъуныр, унагъуэ лъапIэныгъэхэр нэхъыбэм захегъэщIэныр икIи жылагъуэ гъащIэм и лъэныкъуэ псоми ахэр хэпщэныр. Хэгъэгу университетым и жэрдэмкIэ зэхагъэува, студент унагъуэхэм яхуэгъэза пэхуэщIэр гъэлъэгъуэныгъэм и утыкум япэ дыдэу щагъэлъэгъуащ.

Студент унагъуэхэм, еджапIэ нэхъыщхьэхэм я унафэщIхэм, къэрал икIи щIыналъэ къулыкъущIапIэхэм я лIыкIуэу студент гъэлъэгъуэныгъэм цIыху 500-м щIигъу хэтащ. Зэхуэсыр къыщызэIуахым кърихьэлIащ УФ-м ФедерацэмкIэ и Советым и УнафэщI Матвиенкэ Валентинэ, УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Чернышенкэ Дмитрий, УФ-м щIэныгъэмрэ щIэныгъэ нэхъыщхьэмкIэ и министр Фальков Валерэ сымэ. Апхуэдэу зэIущIэм хэтащ Урысейм и еджапIэ нэхъыщхьитхум я унафэщIхэр, абыхэм ящыщт КъБКъУ-м и ректорым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Алътуд Юрэ.

ЗэIущIэм къыщаIэта Iуэхугъуэхэр теухуат студент унагъуэхэм къэрал дэIэпыкъуныгъэ зэрептыфыну щIыкIэхэм, ахэр псэупIэрэ лэжьапIэкIэ къызэрыпхузэгъэпэщынум, щIалэгъуалэр унагъуэ ухуэным зэрытебгъэгушхуэфынум, абыхэм я гупэр унагъуэ лъапIэныгъэхэм къазэрыпхухуэгъэзэнум. Зэхуэсым хэтахэр тепсэлъыхьащ иджырей щIалэгъуалэм я гупсысэм тепщэныгъэр щызыубыд Iуэхугъуэ зыбжанэм. Псалъэм папщIэ, унагъуэ щIынымрэ бын зэгъэгъуэтынымрэ ухуэмыпIэщIэныр нэхъыфIу къэзылъытэр зэрымымащIэм. Апхуэдэ еплъыкIэм и ягъэшхуэ жылэм зихъумэжыным зэрекIыр къыхагъэщащ. А щытыкIэм зезыгъэхъуэж, унагъуэ ухъунымрэ бын къыпщIэувэнымрэ пщIэ зэрапылъыр ныбжьыщIэхэм я зэхэщIыкIым хэзылъхьэ стратегие Iэмалыншэу щыIэн зэрыхуейм. Пэжщ, къэралым и гупэр унагъуэм къыхуигъэзащ, щIэгъэкъуэн зэрыхъунми пылъщ, ауэ щIапхъэр зэрымымащIэми зэхуэсым хэтхэр арэзы техъуащ.

КъБКъУ-м и ректорым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Алътуд Юрэ къыщыпсалъэм къыхигъэщащ студент унагъуэхэр зыпэщIэхуэ лъэпощхьэпохэр гъэмэщIэныр, абыхэм я еджэныгъэмкIэ щхьэпэ яхуэхъуныр зи унафэ ищI еджапIэм мыхьэнэшхуэ зрит Iуэхугъуэу зэрыщытыр.

- Нэгъабэ закъуэр къапщтэмэ, студент унагъуэхэм защIэдгъэкъуэн гуращэкIэ сом мелуани 3,3-рэ дутIыпщащ, мы гъэм ар сом мелуани 3,7-м нэдгъэсэну ди гугъэщ. Нэчыхь зытха унагъуэщIэхэм, сабий къызыхуэхъуахэм ахъшэр занщIэу яхудоутIыпщ. Абы къищынэмыщIауэ, зи ныбжьыр илъэсищ иримыкъуа сабий зиIэ унагъуэхэми дадоIэпыкъу. Дызэрыт илъэсым и гъатхэпэ мазэм анэмрэ сабиймрэ я пэш къызэIутхащ, илъэсыр имыкI щIыкIэ апхуэдэ пэшитI зыхуей хуэдгъэзэну ди мурадщ. Студент унагъуэхэм пщIэ щIамыту Iэпкълъэпкъым зыщрагъэузэщI пэшхэм щIыхьэну Iэмал яIэщ, фокIадэ мазэм щегъэжьауэ медицинэ Iуэхутхьэбзэхэри абыхэм щхьэкIэ пщIэншэу къыхуащIэу хъунущ. Дызэрыт илъэсым «Альтаир» зыфIэтща егъэджэныгъэ центрыр къызэIудох. Абыи щхьэхуэу анэхэмрэ сабийхэмрэ я пэш хэтынущ. Ди дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ демографием. Апхуэдэу сабий куэд зиIэ анэхэм ящыщу бын пIынымрэ еджэныгъэмрэ зэдэзыхьхэм папщIэ уней программэхэм ди еджапIэм и къудамэхэм щызэхагъэувэ, я Iуэхур къызэрикIым хуэдэу къалэнитIри зэблаха хъун папщIэ, – жиIащ Алътуд Юрэ.

КъБКъУ-м и унафэщIыр тепсэлъыхьащ щIыналъэм и унафэщIхэм унагъуэщIэхэм гулъытэ хэха зэрахуищIми:

– Псоми зэрытщIэщи, унагъуэр къэралымрэ жылагъуэмрэ я лъабжьэщ. Арыххэуи, абы дэIэпыкъуныр къэралым и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым илъэс къэс сом мелард 30 къыхуаутIыпщ, зи ныбжьыр илъэс 17 иримыкъуа сабийхэр зэрыс унагъуэхэм иратын папщIэ. Къыхэгъэщын хуейщ унагъуэ быныбэхэм гулъытэ хэха зэрагъуэтыр. Апхуэдэу «унагъуэ быныбэ» фIэщыгъэр ди щIыналъэм и хэгъэгу хабзэхэм хэтхащ, а цIэри унагъуэ мин 24-м яIэщ. ЩэкIуэгъуэ мазэм къыщегъэжьауэ унагъуэшхуэхэм щыхьэт тхылъ ирату хуежьащ. Апхуэдэ унагъуэхэм я щIэблэр сабий гъэсапIэм зэрыкIуэм пщIэ щIатыркъым. Сабиитху е нэхъыбэ зэрыс унагъуэхэм я псэупIэхэр ирагъэфIэкIуэну сом мин 500 иратын хуейуэ къэрал хабзэхэм къагъэув. Дауи, быныр зыхуей хуэбгъэзэныр сыт щыгъуи тыншкъым. Ауэ ди япэ итахэм яхузэфIэкIащ дунейм къытрашэ щIэблэм дахагъэри, гъэсэныгъэри, цIыхугъэри халъхьэу къагъэтэджын. Шэч къытесхьэркъым апхуэдэ лIыгъэ ди цIыхухэм къазэрыкъуэкIынум, адэжьхэмрэ щIэблэмрэ я зэхуаку дэлъ зэпыщIэныгъэхэр зэрызэпымычынум. Ди гуапэ зэрыхъущи, ди университетым щеджэ студентхэм мымащIэу къахокI сабиищ е нэхъыбэ зиIэ унагъуэхэри.

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъхэм игъащIэми унагъуэм и лъапIэныгъэр щIэблэм кърагъащIэу къэгъуэгурыкIуащ. Унагъуэ узыншэмэ, лъэпкъри узыншэщ – аращ IуэрыIуатэхэми, лъэпкъ щIэныгъэми, Iущыгъэхэми къагъэлъагъуэр. Лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэр зи лъабжьэ унагъуэ лъапIэныгъэхэм къэралым и гупэр зэрахуигъазэм ущымыгуфIыкIынкIэ Iэмал иIэкъым, дыщогугъ а жэрдэмым зиужьыну икIи зиубгъуну.

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: