Кавказыр хуит къэзыщIыжахэр ягу къагъэкIыж![]() Хэку зауэшхуэр щекIуэкIым Кавказыр хуит къэзыщIыжа, а зауэзэрылIым хэкIуэда сэлэтхэмрэ офицерхэмрэ ягу къагъэкIыжащ Урысей гвардием и Управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэмрэ ветеранхэмрэ. Iуэхур щекIуэкIащ Налшык зыхъумахэмрэ хуит къэзыщIыжахэмрэ я фэеплъым деж. Къызэхуэсахэм ягу къагъэкIыжащ ди щIыналъэм щекIуэкIа зауэм ТекIуэныгъэ Иныр зыIэрыгъэхьэнымкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIар. - Армэ Плъыжьым хэтхэм я лIыхъужьыгъэмрэ хахуагъэмрэ я фIыщIэкIэ зэрыпхъуакIуэхэм Iэмал иратакъым Кавказыр къащтэну. Ди щхьэхэр лъахъшэу яхудогъэщхъ хъумакIуэ псоми, гум имыхуж абыхэм я лIыгъэр, а зауэм и лIыхъужьхэм я фэеплъыр иренэху, - жиIащ полицэм и полковник Хужьокъуэ Руслан.
Поделиться:
Читать также:
18.07.2026 - 12:58 →
Я фIэфIыныгъэкIэщ зэрыхагъэхьэр
18.07.2026 - 10:56 →
Ди щIыналъэм гулъытэшхуэ щагъуэт
12.07.2026 - 12:00 →
Лъагъумыхъуныгъэ зыщIалъхьа бзэщ бзаджащIэхэм я Iэщэр
11.07.2026 - 13:01 →
Ветераным илъэсищэр хуагъэлъапIэ
10.07.2026 - 15:07 →
Хьэрш хъыбархэр къезыхьэлIэ
| ||





