Кавказыр зэзыгъэгъуэтыжахэр

Хэкум къэзыгъэзэжа адыгэ­хэм я махуэм ирихьэлIэу къызэрагъэпэщри, КъБР-м и Лъэпкъ музейм зэхыхьэ дахэ дыгъуасэ ще­кIуэкIащ. Абы екIуэлIахэм зыщагъэгъуэзащ ди щэнхабзэм, IэщIагъэм трау­хуа гъэлъэгъуэныгъэм. 

Iуэхур къызэIуахащ Нартан къуажэм щызэхэт уэрыджы­IакIуэ гупым. Абыхэм ягъэ­зэщIащ ИстамбылакIуэмрэ Нартыжь уэрэдымрэ. КъБР-м и Лъэпкъ музейм и унафэщI ­Накуэ Феликс жиIащ лъэпкъ уэрэдыжьхэм адыгэм я псэр зэрыхэлъыр. «Нобэрей Iуэхур Хэкум къэзыгъэзэжахэм ятедухуащи, дыхуейт ди лъэпкъэгъухэм я гур адэжь лъахэм щагъэтIылъауэ къыщIэкIыну, ди япэ итахэм тхуахъума щэнхабзэм пащэну», - къыхигъэщащ Накуэм.
Къызэхуэсахэм захуигъэзащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий. «Нобэ хуэдэ махуэм дыщIо­хъуэпс къэзыгъэзэжыну гупыж зыщIхэр нэхъыбэ хъуным. Къэбгъэлъагъуэмэ, мы зэманым ди лъэпкъэгъу мини 5-м къагъэ­зэжащ, ар мин 500, мелуани 5 ­хъуауи Тхьэм дигъэ­лъагъу», - жиIащ Сэхъуро­къуэм. Абы къызэхуэсахэм фIыщIэ яхуи­щIащ гъэлъэгъуэ­ныгъэм зэры­зыкърагъэхьэ­лIам пап­щIэ.
- ЗэрыфщIэщи, адыгэм блэ­кIа гууз иIэщ, ар дуней псом ­текъухьа хъуащ. Ауэ ахэр я IуэхущIафэкIэ дэни къыщыхощ, я лъэпкъыпсэр ягъэкIуэдакъым, ящIэж ди хабзэхэр, - пищащ абы. - Дрогушхуэ зыщыпсэу къэралхэм ехъулIэ­ныгъэфIхэр зэрызыщыIэрагъэхьэми. Дипломат, генерал, спортсмен цIэрыIуэ хъуахэр мащIэкъым, гъащIэм сыткIи къыщыхожаныкI, нэгъуэщIхэм щапхъэ яхуохъу. Дэтхэнэми яжыдоIэ адэжь лъахэм да­зэрыщыпэплъэр. ФщIэж къы­щIэкIынщ япэу ди лъэпкъэ­гъу­хэр Косовэ къыщикIыжар. 1997 гъэм Адыгейм Махуэхьэблэ ­къуажэр абыхэм щыхуаухуауэ щытащ, нобэ ахэр ефIакIуэу мэпсэу. Ди гуапэ зэрыхъунщи, а лъэхъэнэм къыщыщIэдзауэ Къэбэрдей-Балъкъэрми куэд къыщетIысэхыжащ. АдэкIи апхуэдэ мурад зыщIхэм ди бжэр яхузэIухащ. Къэзыгъэзэжахэм дывдэIэпыкъуну дыхьэ­зырщ, фефIэкIуэну, зывужьыну, лъабжьэ быдэ Хэкум щывгъуэтыжыну ди гуапэщ.
Композитор, УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэ­жьакIуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист ХьэIупэ ДжэбрэIил къы­щы­псалъэм жиIащ лъэпкъ тхыдэр зыщыдгъэгъупщэ зэ­рымыхъунур. «Къэзыгъэзэжахэм я махуэр нобэ «ИстамбылакIуэмкIэ» къызэрыщIа­дзам мыхьэнэ иIэщ, - къыхигъэщащ нэхъыжьым. - Адыгэм и гъыбзэр лъэпкъ пшыналъэм и лъынтхуэу жыпIэ хъунущ. Нарт эпосыр Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм псоми яйуэ жаIэ хабзэщ, ауэ девгъэгупсыс, сыт хуэдиз лъэпкъым яIэ нарт, лIыхъужьыгъэ уэрэдыжьхэр?! Бэ­дынокъуэ, Мэлычыпхъу сымэ я пшыналъэхэр къэдвгъащти, абыхэм яхэт къэIуэтэкIэмрэ зэгъэпщэныгъэхэмрэ хуэдэ нэ­гъуэщIхэм я IуэрыIуатэм хэткъым, ахэр пхузэмыдзэкIынщ. ЖысIэнуращи, ди анэдэлъхубзэр зэрытхъумэным иужь дитыпхъэщ. Зи бзэ зымыщIэж лъэп­къыр лъэпкъыжкъым. Абы и лъэныкъуэкIэ щыхупIэм дытету къызолъытэ. ДиIэр тхъумэн хуейщ, пщэдейрейр къэкIуэн щхьэкIэ».
КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министрым и къуэдзэ Гергоков Жамболэт жиIащ IуэхущIапIэр Дунейпсо Адыгэ Хасэм жыджэру зэрыдэлажьэр, анэдэлъхубзэм зэрыхурагъаджэ дерсхэмрэ ди лъэпкъэгъухэм зыщрагъэгъэ­псэху лагерымрэ къызэрызэ­рагъэпэщыр апхуэдэхэм зэ­ращы­щыр. Абы къызэхуэсахэр щигъэгъуэзащ бадзэуэгъуэм и ­31-м цIыху 60 республикэм къызэрырагъэблэгъам. Гергоковым жиIащ щIызэхуэса Iуэ­хум и мурад нэхъыщхьэр лъэп­къыбзэхэмрэ щэнхабзэм­рэ хъу­мэным я мыхьэнэм иджыри зэ гулъытэ хуащIыныр зэрыарар. Абы дыщIигъуащ ди лъэпкъэгъухэр Урысей Федерацэм къэгъэIэпхъуэжыным сэ­бэп хуэ­хъунымкIэ къэрал прог­раммэ республикэм зэрыщы­лажьэр.
Зэхыхьэм кърихьэлIат Америкэм и Штат Зэгуэтхэм щыпсэу Жылэхьэж Имран. Абы къы­зэхуэсахэм яжриIащ и щхьэ­гъусэр, и къуэшымрэ и шыпхъумрэ Хэкум къызэрыздишар. «Си унэ сыкъэкIуэжа хуэдэу зыхэсщIащ. Дуней жэ­нэтым фыщопсэу, лъэпкъ шхыны­гъуэхэм, хьэуам, щIыуэ­псым я дахагъэмрэ я IэфIагъымрэ защыдгъэнщIыркъым. Америкэм дыкIуэжа нэужь, си ныбжьэ­гъухэм куэдрэ сахутопсэлъыхь Урысейм и лъэщагъымрэ и дахагъымрэ», - жиIащ абы. 
КъБР-м и Лъэпкъ музейм и лэжьакIуэ Гъыш Жаннети теп­сэлъыхьащ Сирием къызэрикIыжам, КъБКъУ-м зэрыщеджам, адэжь лъахэм щыIэ псэукIэм зэрыхэзэгъэжам. 

БАГЪЭТЫР Луизэ. Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.
Поделиться: