Адыгэ дуней зыухуэ IэпщIэлъапщIэ

Тыркум къиIэпхъукIыжри, Хэкур зригъэгъуэтыжащ, унагъуи щыхъужащ Тэубичэ ­Сонер.  Фэм, пхъэм, гъущI зэмылIэужьыгъуэхэм елэжь IэпщIэлъапщIэ адыгэ щIалэм и IэрыкIхэр цIэрыIуэ хъуащ. Абы ещI къэлътмакъхэр, бгырыпххэр, ахъшалъэхэр, паспорттелъхьэхэр, шабзалъэхэр, ахъшалъэхэр, сампIэ­хэр, фочылъэхэр, тхьэгъу­хэр, Iэлъынхэр, пщэрылъхэр, Iэпщэхъухэр. IэпщIэлъапщIэм и IэрыкIхэр адыгэпсэкIэ епсыхь: лъэпкъ дамыгъэхэр, тхыпхъэ дахэхэр трещIыхь, псалъэ Iущхэмрэ псалъэжь­хэмрэ адыгэбзэкIэ третхэ. 

Тыркум хыхьэ Эскишехир къалэм къыщыхъуащ Сонер. И лIакъуэм и къежьапIэр Псы­хуабэщ. Зауэжьым щыгъуэ Тыркум кIуауэ щытащ и нэхъыжьхэр. Сонер и благъэхэр щопсэу Къэрэшей-Шэрджэ­сым хиубыдэ Инжыджышхуэ, Беслъэней къуажэхэм. 
ЗэрыцIыкIу лъандэрэ Адыгэ Хасэхэм кIуэрт Сонер. Анэ­дэлъхубзэкIэ псалъэу, къеджэу зригъасэрт, нэхъыжьхэм хъыбар яIуэтэжхэми щIэдэIун фIэфIт. Апхуэдэурэ бзэм и IэфIагъыр зыхищIащ. 
- Къэзгъэзэжа нэужь нэхъыфI хъуащ си адыгэбзэр, дауи. Сэ нэхъ пасэу сыкъэкIуэжрэ, мыбдеж университетым сы­щеджауэ щытамэ, адыгэбзэр фIы дыдэу щытынут. Микро­электроникэм сехъуапсэу щытащ мыбы сыщыхуеджэну, си анэм сыкъиутIыпщыфатэкъым. Зи еджапIэ щIэтIысхьэгъуэ адыгэ щIалэгъуалэр мыбы къакIуэурэ щIэныгъэ щызрагъэгъуэту щытамэ, адыгэбзэри яIурылъынут, урысыбзэри зрагъэщIэнут, абыхэм ящыщ гуэрхэри Хэкум къинэжынут. Уи ныбжьыр нэхъ кIуэтэху, уи гурыхуагъэм кIэрохури, бзэр зэбгъэщIэныр нэхъри гугъу ­мэхъу, - жеIэ Сонер. 
Тэубичэ Сонер и IэщIагъэкIэ инженерщ. Абы щыхуеджащ Эскишехир университетым.
2018 гъэрщ щIалэм и Хэкум щыпсэуну къыщигъэзэжар. Япэу и щIыналъэм къыщихьэжам дыщыщIэупщIэм, абы и хъыбарри къытхуиIуэтэжащ. Зыбжанэрэ къакIуэурэ щы­хьэщIащ, ещанэ къэкIуэгъуэм къигъэзэжыпащ. И гум жиIэрт зэгуэр Хэкур псэупIэ зэрыхуэ­хъужынур.  Ауэ зэхуэмыхъуурэ къекIуэкIырт. 2015 гъэм къигъэзэжыну хуеящ. Кхъухьлъатэм и билет къищэхуащ, и егъэблагъэ тхылъри зыIэригъэхьащ. А зэманым урыс-­тырку зэхущытыкIэхэр тэмэмтэкъым. Аэропортым кIуэри, кхъухьлъатэр темыкIыу къэнэжауэ щытащ. Аргуэру билет ­къищэхужри, къыкIэлъыкIуэ кхъухьлъатэри лъэтакъым. Еща­нэуи ардыдэр къыщы­щIащ… Илъэсищ дэкIри, и Хэкум къекIуэлIэжащ. 
Хэкур къызэрыIущIар, ар и нэгум къызэрыщIигъэхьэу щы­тамрэ къызэрыхущIэкIамрэ дыщыщIэупщIэм, жиIащ абы сыт щыгъуи и гур къызэры­хуеIар:
- Космосым хуэдэу къысщыхъурт Хэкур, моуэ си гупсысэм нуру хэтт. Сигу занщIэу дыхьащ адэжь щIыналъэр, зы къару абрагъуэ гуэрым абы сызэрыпищIэр зыхэсщIащ. Налшык япэу сыкъыщыдыхьам, цIыху­хэр адыгэбзэкIэ зэрызэпсалъэр зэхэсхырти, ар насыпт сэркIэ.  Бэзэрым сытехьэри - си анэдэлъхубзэр куэду зэхэсхырт, маршруткэм ситIысхьэрти - аргуэру адыгэбзэ седаIуэрт. Сигу дыхьати, къыкIэлъыкIуэ илъэс­ми къытезгъэзащ. Абы щыгъуэ къызгурыIуащ Хэкум епха си гупсысэхэм хамэщIым сызэрыщамыгъэпсэунур.  Сыкъыщы­кIуэжагъащIэм, адыгэ сабий слъэгъуамэ, зыбгъэдэсшэурэ щызэзгъэпсалъэ къэхъурт, абы сигъэгушхуэу. Хэкум си гур щопсэху! Адыгэ фащэ ящыгъыу щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ с­олъагъу! Мыбдежым хабзэ щызокIуэ, къуажэхэр инщ. (Тыркум щыIэ адыгэ къуажэ цIыкIухэр унагъуэ 15 - 20 хъууэ аращ).
КъэралитIым я щыIэкIэ-псэукIэр зэтехуэркъым. Абы къыхэкIыу, гугъуу щытащ Сонер гъащIэм хэзэгъэныр.
- ТIэкIурэ сыщыпсэури, мыбдеж щыIэ гъащIэми дагъуэхэр зэриIэр къэслъэгъуащ. Къэзыгъэзэжхэм псом япэу къыдгурыIуэн хуейт мыр зэры-Урысейр. Къэрал щхьэхуэм и хабзэхэри щхьэхуэщ. Тыркури жэнэткъым, Урысейри жэнэткъым. Мыбдежми щыIэщ бзаджэри зэранри. Ауэ гуапагъэр нэхъыбэщ. «Сонер, уэ къэбгъэзэжагъащIэщ», - жаIэурэ сэ куэд къыздэIэпыкъуащ. Сэ цIыхуфIхэм сыкъаухъуреихь иджыпстуи. Куэд къыскъуэуващ, сэбэп къысхуэхъуащ, псэуным сытрагъэгушхуащ, - жеIэ щIалэм. 
Сонер куэдым къацIыху, и IэдакъэщIэкIхэр зыIэрагъэхьэ, тыгъэ ящI, зэрахьэ, къагъэсэбэп. Фэм къыхэщIыкIа цIыхухъу бгырыпх быдэхэр, бзылъхугъэхэм зэрызагъэдахэ тхьэгъу-Iэлъынхэр, ахъшалъэ­хэмрэ къэлътмакъ дахэхэмрэ республикэм щыпсэу­хэми зыIэрагъэхьэ, къуэш республикэхэм щыщхэми ящэху, хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэми зыхагъэнкъым.
Сыт абы и IэпщIэлъапщIэным щIэ­дзапIэ хуэхъуар жыпIэмэ, ари и адыгэгум къыхуихьащ. ЩIалэр Тыркум щыщыпсэум шы иIэт. Адыгэ фащэ е афэ джанэ щыгъыу, адыгэ Iэщэхэр кIэрылъу зекIуэу къикIухьын фIэфIт. Ар икIи шабзауэ Iэзэщ. Шабзэ гъэуэнымкIэ зэпеуэхэм хэтт, лъэсуи шууи шабзэр игъэIэ­кIуэлъакIуэу. Апхуэдэурэ, шабзэшэхэр, шабзалъэхэр езым ищIын щIидзащ. Дихьэхащ фэм елэжьыным, и Iэр есащ хьэпшып гуэрхэр щIыным. 
- Лэжьыгъэ нэужьым, абыкIэ унэм зыщытезгъэурт. Iэщэ-фащэхэм елэжьу ныбжьэгъу си­Iэти, тыкуэнхэм сишэурэ хьэп­шыпхэр сщIыуэ зезгъэсэн ­папщIэ сызыхуеинухэр къысхухихыурэ къызигъэщэхуащ, Iэп­щIэ­лъапщIэным и щэху гуэрхэмкIи къыздэгуэшащ. ИнтернетымкIэ зыхуезгъэсащ куэ­дым - сытри къыщыбогъуэт абы. Сэ интернетыр къызогъэсэбэп адыгэбзэр зэзгъэ­щIэным, фэ лэжьыгъэхэм теухуауэ, афэ джанэхэм я щIыкIэм зыщызогъэгъуазэ. Интернетым щIэныгъэшхуи къуитыфынущ, IэпщIэлъапщIи уи­щIыфынущ, апхуэдабзэу, хьэ­бы­ршыбыри урихъуфынущ. Зэплъынумрэ къызэригъэсэ­бэпынумрэ щхьэж къыхехыж… - жеIэ. 
Хэкум къигъэзэжри, и инженер IэщIагъэр къыщысэбэпыртэкъым мыбы, урысыбзэ зэримыщIэм къыхэкIыу. Арати, и псэм фIэфI IэпщIэлъапщIэныр лэжьыгъэ хуэхъуащ. IэрыкIхэр ищIурэ «Адыгэ унэм» щIилъ­хьэу щIидзащ. Ауэрэ, гъущIым лазеркIэ тхыпхъэ зэрытращIыхь станок къищэхуащ. Тхьэгъухэм, Iэлъынхэм, пщэрылъ­хэм, сэшхуэхэм, къамэхэм тхыпхъэхэр дахэу трещIыхь. 
- IутIыж Мэжид къыздэIэпыкъуащ къыщызгъэзэжынуми Хэкум щыIэ гъащIэм зыщыхэзгъэгъуазэми. Иджыпстуи и гулъытэ сыщыщIэркъым. Тэмэму къысхуэIуэтэну къыщIэкIынкъым Мэжид фIыщIэу хуэс­щIыр, - жеIэ щIалэм. 
«Адыгэу ущытыным сыт нэхъыщхьэу хэлъыр?» - деупщIащ Сонер.
- Япэрауэ, бзэр. Бзэр тIуры­мылъу адыгэ гупсысэкIэм дытетыфынукъым. Сэ адыгэ хабзэр сыкъыщыхъуа унагъуэми си благъэхэм я дежи щыслъэгъуащ. Тыркум щыIэщ хабзи цIыхугъи.  Ауэ абдеж ди  анэ­дэлъхубзэр щокIуэдыж. Бзэр пIурымылъми, къэфакIуэ е джэкIуакIуэ нэс ухъуфынущ. Ауэ адыгэ нэс ухъуфынукъым. 
ЕтIуанэрауэ, лъэпкъыу зытхъумэжын щхьэкIэ куэд длэжьэн хуейщ. МылъкукIэ      ди къарур щIэткъузапхъэщ адыгэхэм, - жеIэ Сонер. 
Тэубичэ Сонер Хэкум щиухуа и унагъуэ дахэм илъыр адыгэбзэщ, хабзэ-нэмысщ, лъэпкъ щэнхабзэщ. Ар дыболъагъу и щIалэ цIыкIум и хьэл-щэнымрэ и зыIыгъыкIэмрэ. Адыгэм къыдих Iуэхухэм сабийр здешэ, зэхэтыкIэ дахэ иригъэлъагъуу. Абы щыгъуэми ар зэщыхуэ­пы­кIащ адыгэ фащэкIэ, къабзэуи егъэшэрыуэ анэдэлъхубзэр. 

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: