Я зэфIэкIымрэ IэзагъымкIэ зэдэгуашэу

Газетхэр щIэщыгъуэ зыщIыну Iэ­мал­хэр, журналистикэм акъыл Iэ­рыщIыр къызэрыщысэбэпынур, техно­логиещIэхэр къыщыунэху лъэхъэ­нэм къы­дэкIыгъуэ­хэм я мыхьэнэр зыхуэдэнур, террориз­мэмрэ экст­ремизмэмрэ пэщIэтыным хуащI хэлъ­хьэныгъэр - ахэр щызэпкърахыу Налшык шы­щхьэуIум и 6-8-хэм ще­кIуэ­кIащ ­Урысейм и Журналистхэм я зэгу­хьэныгъэм и «Инфорум-2025» зэхуэсыр. 

IэщIагъэлIхэм я Iэзагъэм щыха­гъахъуэ апхуэдэ зэхыхьэхэр 2018 гъэ ­лъандэрэ ирагъэкIуэкI, къэралым и щIыналъэ 60-м щIигъу къызэщIрагъэубыдащ. Къэ­бэрдей-Балъкъэрым иджы япэу ар щекIуэкIауэ аращ. Абы хэтащ республикэм и журналист, блогер, пресс-IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэ, IэщIагъэм хуеджэ студенти 100-м щIигъу. Зэхыхьэр къызэгъэпэщыным и дэIэ­пыкъуэгъуу щытащ КъБР-м Бжыгъэхэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ, свя­зымрэ цIыхубэ зэпыщIэныгъэхэмкIэ и министерствэмрэ «КъБР-Медиа» IуэхущIапIэмрэ.
«Инфорум»-р къыщызэIуахым къытхуеблэгъащ Урысейм и Журналистхэм  я зэгухьэныгъэм и уна­-фэщI Соловьев Владимир, зэгухьэныгъэм и секретархэу Загитовэ Юлие (Breaking Trends ­коммуникацэ агентствэр къы­зэригъэ­пэщащ), Шафир Тимур (Урысейм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и дунейпсо ­къудамэм и унафэщIщ), Ка­сютин Владимир («Жур­налистика и медиарынок» ­журналым и редактор нэхъыщхьэщ), Серебряный Ро­ман (фи­лологие щIэныгъэхэмкIэ кандидатщ, медиатехно­логщ). 
КъБР-м и Iэтащхьэм къыбгъэдэкIыу, хьэщIэхэмрэ республикэм и хъыбаре­гъащIэ IуэхущIапIэхэм я лэ­жьа­кIуэхэм­рэ фIэхъус ярихащ КъБР-м и Прави­тель­ствэм и УнафэщIым и къуэдзэ ­Къуэшырокъуэ Залым. Абы Урысейм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм фIы­щIэ хуищIащ, я зэфIэкIрэ зрагъэгъуэта IэзагъымкIэ къыддэгуэшэну къы­зэ­реблэгъам папщIэ. Къэпсэ­лъам къы­хигъэщащ иужьрей илъэсипщIым ди къэ­ралым зэран къыхуэхъун мурадкIэ КъухьэпIэм къигъэсэбэп Iэмалхэм хъыбарегъащIэ IэнатIэхэри зэрахэтыр, ар къэлъытауэ зэхуэсым мы­хьэнэшхуэ зэриIэр. 

(ПэщIэдзэр 1-нэ нап. КIэухыр).
«Дызэрыт зэманым дуней псом къыщекIуэкI Iуэхухэм ехьэ­лIауэ журналистхэм я пщэ къа­лэнышхуэ къыдэхуащ. Но­бэр къыздэсым дызытета псэу­кIэм зрагъэхъуэжыну куэд щIохъуэпсри, дзэ Iуэху хэхар ще­кIуэкI ди зэманым Урысейр хущIо­къу и лъапIэныгъэхэр ихъу­мэжыну. Иджыпсту текIуэ­ныгъэм ды­щыщIобэн дзэ Iуэху хэхар щекIуэкI щIыпIэм и мызакъуэу, газет напэ­кIуэцI­хэми социальнэ сетхэми. Дыщогугъ мы зэхыхьэр гъэщIэгъуэн зэрыхъунум къы­дэкIуэу, щхьэпэнуи», - жиIащ Къуэшы­рокъуэм.
Соловьев Владимир къы­щыпсалъэм къыхигъэщащ Къэ­бэрдей-Балъкъэрым илъэс 20 ипэкIэ япэу къызэрыкIуэ ­лъандэрэ республикэм зэрызиужьар зэрынэрылъагъур. «Ди зэхуэсым и мурад нэхъыщхьэр журналист IэщIагъэм ирила­жьэхэм я Iуэху бгъэдыхьэкIэм зэрызедгъэужьыныр арауэ жы­пIэ хъунущ. Илъэс къэс ар нэхъ щIэщыгъуэ икIи купщIафIэ зэ­рытщIыным иужь дитщ. Къэбгъэлъагъуэмэ, стIол хъурейхэр, мастер-классхэр, конференц­хэр щедгъэкIуэкIащ Чукоткэм щегъэжьауэ Мариуполь нэсу. Ди зэманым мы IэщIагъэм зэ­рызиужь лъэныкъуэхэр апхуэдизкIэ куэд хъуащи, тхыгъэм е репортажым уелэжьыху, а зэ­хъуэкIыныгъэхэм укIэлъыплъыну ухунэмысынри хэлъщ. Абы къыхэкIыу, щIыналъэхэм до­гъакIуэ Интернет сетым, газетым, радиомрэ телевиденэмрэ зезыгъэужь IэщIагъэлI нэхъыфI дыдэхэр. Шэч хэмылъу, абыхэм я деж щIэ куэд къы­щыфщIэфынущ. Сэ сызэреплъымкIэ, дохутырхэм хуэдэу, журналистхэми зэпымыууэ я щIэныгъэм хагъэхъуэн хуейщ, - жиIащ хьэщIэм. 
Абы къызэхуэсахэр щигъэ­гъуэзащ иджырей журналистикэм тещIыхьауэ «Вся Рос­сия-2025» зэхыхьэшхуэр фокIа­дэ мазэм Сочэ зэры­щы­зэ-хэтынум. 
ЛэжьакIуэхэр ягъэпажэ
Я Iэзагъымрэ ехъулIэны­гъэ­фI­хэр зэраIэмрэ къалъытэри, «Инфорум» зэхыхьэм щагъэ­лъэпIащ республикэм и хъы­барегъащIэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэ 17. 
Урысейм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм «ПщIэ. ЩIыхь. Iэзагъ» и бгъэхэIу дамыгъэр хуа­гъэфэщащ «Къэбэрдей-Балъкъэр» ВТК-м и унафэщI Конаревэ Натальерэ «Терек-I» газетым жэуап зыхь и секретарь КIэмпIарэ Галинэрэ. «И ­ехъулIэныгъэм папщIэ» бгъэ­хэIу дамыгъэр иратащ «Къэбэрдей-Балъкъэр» ВТК-м урысыбзэмкIэ и редактор нэхъыщхьэ БищIо Iэсият, «ЦIыхухэм зэ­ра­дэIэпыкъум папщIэ» бгъэхэIур – «Баксанский вестник» газетым штатым хэмыт и корреспондент Нэхущ Дианэ, «Журналистикэм и ветеран» бгъэхэIу дамыгъэр – «Къэбэрдей-Балъкъэр» ВТК-м балъкъэрыбзэмкIэ и редакцэм и редактор нэхъыщхьэ Бирсовэ Ахузатрэ «Маяк-07» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта КIасэ Валерийрэ. Урысейм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и щIыхь тхылъ хуагъэфэщащ «Къэбэрдей-Балъкъэр» ВТК-м хъы­барегъащIэмкIэ и редакцэм и редактор нэхъыщхьэ Хъуэст Алим. Апхуэдэуи КъБР-м и Правительствэм, КъБР-м Бжыгъэхэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ, связымрэ цIыхубэ зэ­пыщIэныгъэхэмкIэ и министерствэм я щIыхь тхылъхэр зы­хуагъэфэщахэм иратыжащ.
Журналистикэм и къэкIуэнур
Бжыгъэм и лъэхъэнэм печатнэ къыдэкIыгъуэхэм зэрызрагъэужьыну щIыкIэм, журналистикэр зыIууэ гугъуехьхэмрэ ­хэ­кIы­пIэхэмрэ зэгъусэу тепсэ­лъыхьыну УФ-м и Жу­р­на­листхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщIыр а махуэм IущIащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий. Соловьев Владимир абдеж къыщыхигъэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щылажьэ журналист зэгухьэныгъэр къэралым щы­нэхъыфI дыдэхэм зэращыщыр. Ахэр къытеувыIащ журналистхэм я Iэзагъым зэрыхрагъэгъахъуэ Iэмалхэмрэ щIыналъэм и хъыбарегъащIэ IэнатIэм тех­ноло­гиещIэхэр къызэрыщагъэсэбэпынум ехьэлIа чэн­джэщ­хэмрэ. 
Апхуэдэуи зэIущIэм щытепсэ­лъыхьащ КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и IуэхущIафэм. Фигу къэдгъэкIыжынщи, 2023 гъэм щыщIэдзауэ щIы­налъэ къудамэм и унафэ­щIу мэлажьэ «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ Жыласэ Заурбэч. КъБР-м и Жур­налистхэм я зэгухьэныгъэр нэгъабэ япэу хэтащ КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм саугъэт къэхьынымкIэ и зэ­пеуэм. «Журналист ныбжьы­щIэм и школ» проектым сом мин 360-м нэблагъэ къыхуагъэфащэри, 2024 гъэм и шыщ­хьэуIу - дыгъэгъазэ мазэхэм ар ягъэзэщIащ. Дызэрыт илъэсым а Iуэхур къызэрагъэпэщыным ахъшэ саугъэт сом мин 400 хухахащ. Мы зэманым ирагъэ­джэнухэр къыхах, я лэжьыгъэм фокIадэм щIадзэнущ. 
Къыхэгъэщыпхъэщ, Урысейм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэр, хэтхэм я бжыгъэмкIэ, зэрынэхъ иныр - абы цIыху 500-м щIигъу къызэщIеубыдэ.
ХьэщIэм къызытекIухьа Iуэ­хум, щIыналъэхэм хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм зэрызыщрагъэужьынум теухуауэ интервью яритащ «1КъБР» телеканалымрэ «Къэбэрдей-Балъкъэр» КъТРК-мрэ. Ар ирагъэблэгъащ КъБР-м и Лъэпкъ музейми. Абы гъэщIэгъуэн щымыхъуу къэнакъым адыгэ сэшхуэм теухуауэ IуэхущIапIэм и унафэщI Накуэ Феликс къаригъэлъэ­гъуа мастер-классыр.
«Инфорум» зэхыхьэм щхьэпэ куэд къыхэпхыфыну щытащ. Акъыл IэрыщIыр нобэ лэжьыгъэм къыщагъэсэбэп зэры­хъуамрэ журналистикэм абы щигъэзэщIэну мыхьэнэмрэ къытх­утепсэлъыхьащ Сереб­ряный Роман. Абы къыхигъэщащ: «Зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым псори зэпхыжар Интернетыр зэрыарар. Роботым лэ­жьыгъэ гуэрхэр псынщIэу зэфIих­ми, журналистикэм и пIэ ар къиувэфынукъым. Абы къы­хэкIыу хъыбарегъащIэ IэнатIэр щыIэн хуейщ». 
Шафир Тимур экстремиз­мэмрэ терроризмэмрэ ди зэманым зэрыщыпэщIэтым хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм хэлъ­хьэныгъэу хуащIым и гугъу ищIащ. Псом япэу абы къы­зэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ дохутырхэм «зэран мыхъун» я Iуэху бгъэдыхьэкIэр журналистикэми хуэпхь зэрыхъунур. Ар къытеувыIащ тхыгъэхэм я псалъащхьэхэм, экстремизмэу ­къалъытэну жыIэгъуэхэм зэры­хуэсакъыпхъэм, тезыр зытралъхьэнкIэ хъуну жыIэгъуэхэм, нэгъуэщIхэми.
Печатнэ къыдэкIыгъуэхэм я лэжьыгъэр зэрыкIуэтэнум, абы­хэм цIыху нэхъыбэм Iэ щIегъэдзыным теухуауэ дерс щхьэпэ дригъэдэIуащ «Журналистика и медиарынок» журналым и редактор нэхъыщхьэ, «Урысейм и дыщэ къалэм» саугъэтыр зыхуагъэфэща, «Урысейм и газет нэхъыфIи 10» зэхьэзэхуэм къэзыпщытэ и советым и унафэщI Касютин Влади­мир. Урысейм и прессэм и лъэпощхьэпо нэхъыщхьэу IэщIагъэлIым къигъэлъэгъуащ а­хэр зэрызэбграгъэкI щIыкIэм гугъуехьхэр зэрыпылъыр, ­цIы­ху­хэм хъыбар нэхъ кIэщIхэм еджэну нэхъ къащтэ зэры­хъуар, СМИ-м и лэжьыгъэр къэ­зылъахъэ хабзэхэр нэхъыбэ зэращIар, журналистхэр зэрахуримыкъур, иужьрейр псом хуэмыдэу лэжьапщIэр зэрымащIэмрэ IэщIагъэлIхэр зэрагъэ­хьэзыр щIыкIэмрэ зэрепхар. 
Абы щыгъуэми къэпсэлъам жиIащ къэралыр мы зэманым хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм дэIэпыкъуэгъу зэрахуэхъур, Президент саугъэтхэр, Интернетым зегъэужьынымкIэ инс­титутым и саугъэтыр зрат редакцэхэр, IуэхущIапIэм пэIэ­щIэу лэжьэну хуит зыщIхэр, акъыл IэрыщI къагъэсэбэпыну Iэмал зратхэр нэхъыбэ зэры­хъур. 
ГъэщIэгъуэн тщыхъуащ Касютин Владимир ди республикэм къыщыдэкI район газетхэм щыгъуазэ зэрызищIамрэ щхьэ­хуэ-щхьэхуэу дэтхэнэми къытеувыIэурэ я фIагъхэмрэ щы­щIэ­ныгъэхэмрэ зэрытепсэ­лъы­хьам­рэ. Абы къигъэлъэгъуащ газетхэр нобэрей зэманым зэ­рыдекIуну Iэмал зыбжанэ. Абыхэм ящыщщ цIыхухэм драгъэкIуэкI щIэупщIэныгъэхэр къы­тедзэныр, артист гуэрым утепсэлъыхьми, интервью ебгъэкIуэкIами абыхэм я видео узэреплъыфыну QR-кодхэр тхы­гъэхэм щIыгъуныр, сурэтхэм я IупщIагъым, къапщтэмэ, езы газетым и дизайным, ­хьэрфхэр зэрырагъэувэ щIы­кIэм куэд зэрелъытар. 
- Журналистым нобэ цIыхум и пащхьэ ирилъхьэ тхыгъэхэр ­хъумэным мыхьэнэшхуэ иIэщ: абыхэм ди лъэхъэнэр зыхуэдар наIуэ къащIынущ, архив папщIэу тхыдэм къыхэнэнущи, ди ужь къакIуэхэм къагъэсэ­бэпы­фынущ. Интернетыр апхуэдэкъым. Абы псори зы сыхьэтым икIуэдыкIыжынкIи хъунущ. НэгъуэщI зы лъэпощхьэпои щыIэу зэхызох, журналистхэм я лэжьапщIэр ятха сатыр бжыгъэм елъытауэ, план ятелъу жаIэу. Иджыпсту щIыналъэ куэд къытекIыжащ апхуэдэ Iуэ­ху бгъэдыхьэкIэм. Сэ сызэ­реплъращи, тхыгъэм и фIа­гъым­рэ абы щIэджыкIакIуэр къы­­зэрыдихьэхымрэщ зэп­лъып­хъэр», - дыщIигъуащ хьэ­щIэм.
Загитовэ Юлие тепсэлъыхьащ зумерхэр (технологиехэм зыщаужьа лъэхъэнэм къы­хэ­тэджыкIахэм апхуэдэу йоджэ) лэжьыгъэм къызэрырашалIэ Iэмалхэмрэ къызэрыдахьэхыну щIыкIэмрэ. 
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ 

 

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: