Джэдмышх и Iэхэлъахэм

ЗэрытщIэщи, гъэмахуэр ямылейуэ къыщызэщIэплъа махуэхэм балигъхэри зи зыгъэпсэхугъуэр абы ирихьэлIа ныбжьыщIэхэри хуабае кIыхьым гугъу ирегъэхь. А щытыкIэм ухэзыш Iэмал нэхъыфIхэм ящыщщ щIыIэтыIагъэр щытепщэ къуршылъэ щIыпIэхэм укIуэныр. А Iуэхум уи нэгуми зрегъэужь, дунейри нэхъ щIэщыгъуэ къыпщещI.

АтIэми, ди республикэм щIыпIэ дахэ и куэдщ. Абы­хэм нэхъ цIэрыIуи, цIыху­хэр дахэ-дахэу зыщымыгъуази яхэтщ. Иужьрейм ящыщу зэман куэдкIэ къекIуэкIащ Балъкъ псыхъуэ дэс Хьэбэз къуажэ цIыкIум пэIэщIэ и Iэгъуэблагъэм узыщ­рихьэлIэ псы­къе­лъэ гъуэ­зэджэр.

Ипщэ лъэныкъуэр уи гъуазэу, километри 7 хуэдизкIэ а жылэм ущхьэщыкI­мэ, сэмэгумкIэ Балъкъ къыхэхуэж псы бгъунж уэр гуэрым урохьэлIэ. Абы зэреджэр «Джэдмышхщ». Ар телъыджэ зыщI щхьэусыгъуэ щыIэщ. Япэр псы бгъунжыр Балъкъ щыхэхуэжым деж щыплъагъу псыкъелъэ цIыкIурщ. ЕтIуанэр езы псым и къежьапIэхэм псыкъелъэ нэхъ иныжым узэрыщрихьэлIэрщ. АтIэми, нэгузегъэужьыпIэ нэхъ удэзыхьэххэм ящыщу къэтлъытэ хъунущ мы псыхъуэ цIыкIур.

Километри 10-м нэблагъэ къэзыж Джэдмышхыпс и къуэладжэм цIыхухэр уэру дыхьэ зэрыхъурэ илъэс 15 - 16 хъуами аркъудейщ. Абы ипэкIэ псыкъелъэ телъыджэр здэщыIэм щызэхэзекIуар и Iэшэлъашэр зи «тэхъуанэ» щакIуэхэмрэ Iэщыхъуэхэмрэт, зи нэгу зыщезыгъэужьыну къыщыхутэ закъуэтIакъуэхэри яхэту. Апхуэдэу щIыщытари псыхъуэ цIыкIур зэрыгъуэгуншэрт.

Иужьым, зи IэфIагъкIэ хуэдэ щымыIэ псы зэрыщежэхыр цIыхухэм къыщащIэм, ар зыIэрызыгъэхьэну хущIэкъухэм къуэладжэр зыгъэзэв бгы джабэ къыр­хэр гуаупсыкIщ, мывэ дзакIэ гуэудахуэ-Iэрамэхэр лъэныкъуэ­кIэ иратхъуэкIри, ущы­зекIуэ хъу гъуэгу бгъуфIэ щаухуат...

Картэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ

Джэдмышх псы цIыкIум къуэпс-къуэпсурэ бгылъэ-мэзылъэ лъагапIэхэм зэрыщызэхуихус и Iэшэлъашэр, географ картэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, я зэхуаку дэтщ Гъэлъэхъукъуэрэ ПсыкIэрэ я къуакIэбгыкIэ псыхъуащхьэхэм.

КъэдгъэнаIуэмэ, Гъэлъэхъукъуэ Балъкъ холъэдэж, ПсыкIэ здэжэр Гундэлэн хэхуэж Тызыл дежкIэщ. Гундэлэн, зэрытщIэщи, Бахъсэныпс и кIуапIэщ. Езы Джэдмышх и гугъу тщIымэ, и тIуащIэ зэвым, хуэижьырабгъуу, «Банэхъукъуэ» зи фIэщыгъэ Iуащхьэр къыщхьэщытщ.

Ди ежьэкIэ хъуар

Си ныбжьэгъу Бышэн Хьэбас хъыбар сигъэщIащ и благъэ, и ныбжьэгъу зыбжанэ и гъусэу Джэдмышх псыхъуэ цIыкIум кIуэну мурад зэращIам теухуауэ. Ар щызэхэсхым, сэри гупыж сщIащ, фи нэмыс нэхъ лъагэ ухъуи, си бынхэм ящыщ Заремэрэ ныбжькIэ абы къыкIэлъыкIуэ Зауррэ гъусэ зыхуэсщIыну.

ГупыфI дызэрыгъэхъуауэ, тхьэмахуэ пщэдджыжьым машинитIкIэ Налшык ды­дэкIащ. Сыхьэт 11 мы­хъуу Къармэхьэблэ дынэсащ. Къытпежьа щIалитIыр «Газель» машинэ ист.

Къызэрыдбгъэдыхьэу, фIэхъус нэужьым чэн­джэщ къыдатащ машинэ псын­щIэхэмкIэ адэкIэ дымы­кIуэну, езыхэр зэрыс «Газель» - м псоми зидгъэхуэну. Апхуэдэуи тщIащ икIи тIыгъ ­гъуэмылэмрэ хьэпшыпхэмрэ къыздэтщтэри де­жьащ.

Куэд дэмыкIыу Хьэбэз къуажэ цIыкIум дынэсащ. АдэкIэ автомобиль зекIуапIэр мывэ­кIэщхъым хуэкIуащ. Гъуэгу нэшэкъашэ бгъузэмкIэ километри 7 хуэдизкIэ дыдэжеижауэ, сэмэгумкIэ щIыпIэ гъэщIэгъуэн дрихьэлIащ. Балъкъыпс и адрыщIымкIэ, хуей гуэрым машинэхэри цIыхухэри щызэтокI-щызэтохьэ, адэкIэ-мыдэкIэ щаухуа тхьэрыкъуэф Iэнэхэм балигъхэри сабийхэри бгъэдэсщ.

Фэху хэукъуэдиикIам и бгъумкIэ къэлъагъуэ жьанэ Iузэв лъахъшэм псы уэр гуэр, Iэуэлъауэшхуэ иригъэщIу, къыщхьэщопкIри, Балъкъ хуэкIуэж къуэкIий цIыкIум зыдедзэж. Аращ Джэдмышхыпсыр.

Нэхъ телъыджэжыр, мыбдеж дыдэм зэпрыкIыпIэ папщIэу щытралъхьа лъэмыж IэрыщIым ищхъэрэкIэ, Iуащхьэмахуэ и дыгъэмыхъуэ лъэныкъуэр зи «гущапIэ» Балъкъыпс уэрым, езым фIэфIу мывэ жьанэм зыдигъэзэрыхьа фIэкIа умыщIэну, зыдеубыдэри, метри 10 хуэдизкIэ щыерурэ зыщихъунщIэу щожэх. АдэкIэ къуэр зэ­лъыIуокIуэтри, псыр тепхъэ щохъуж.

КъыщызыкIухьхэм дазэрыкIэлъыплъауэ

Балъкъыпс и адрыщIымкIэ къыщылъ сэтей мащIэм зэрыфIэкIыу, гъуэгур бгым йохьэ. ДэкIыпIэ задэм и бгъуитIымкIи цIыхухэр щызэхэзокIуэ. Джабэ дэгъэзеигъуэщи, езыр-езыру къемыжэхыжын хуэдэу пэщIэгъэкъуэн зыхуащIа машинэхэр адэкIэ-мыдэкIэ щыболъагъу. Япэ километри 4-м, дэлъей-дэпкIейми, машинэ псынщIэхэри ирожэ. АдэкIэ зекIуапIэр псы ежэхым Iуоуэри, зэпрыкIыгъуей дыди шынагъуи щохъу, мывэ дзакIэхэр адэкIэ-мыдэкIэ къыщыхэпIиикIыу.

Метр 60 - 70 зи лъагагъыу къепкIэ псыкъе­лъэ зэщIэпщIыпщIэм гъунэгъу зыхуэзы­щIыну тегушхуэхэр зи лъа­щIэр лъагэу Iэта, шэрхъ бгъуфIэ зыщIэдза машинэхэрщ. Нэхъыбэм я «гъущIыгур» гъуэгу­кум къыщанэ. Исахэр зэщIыгъуу лъагъуэ задэмкIэ, бауэ-бапщэу, псыкъелъэм хуокIуэ. Абыхэм уащыIуплъэкIэ умыгъэщIэгъуэн плъэкI­ыркъым цIыхугур тепыIэншэу щIыуэпсым зэрыхуеIэри псэм гузэгъэгъуэ зригъэгъуэтын папщIэ гугъуехь Iэджэ къызэрыринэкIыфынури.

КъагъэщIа елъытауэ, цIыхухэр куэду зэщхьэщедз, сабий цIынэ зыIыгъхэм я деж къыщыщIэдзауэ зи ныбжьыр илъэс 80-м нэблэгъа цIыхубзхэри яхэплъагъуэу. Псом нэхърэ нэхъ уи гуапэ хъур школакIуэ цIыкIухэр зэрыщебэкIырщ, зи зыгъэпсэхугъуэр и кIэм нэблэгъа еджакIуэхэм мы щIыпIэ дахэм, я нэхэр къыщицIыщхъукIрэ зэщыгуфIыкIыжхэу зэрызыщаплъыхьырщ.

«Газелыр бэуэфыркъым!» - жиIэри, Къармэхьэблэ щыщ ди гублащхьэдэсым машинэр къигъэувыIащ. Дэри, Iуэхур зыхуэдэр къыдгурыIуати, машинэр абдеж къыщанэну дылъэIуащ.

Гъуэгум зытедукъуэдияуэ, лъэсу дрокIуэ иджы. ЕуэкIыпIэм дызэрыфIэкIыу псыкъелъэ телъыджэр зэуэ ди нэгу къыщIэуващ. Псыпыхур, бгыщхьэ нэзым и кIыхьагъкIэ, Iуджэгухь-зыщигъафIэу, дахэкIейуэ декIуэкIыурэ къыщыпкIырт. Здехуэхыр бгы нэкIу задэу зэрыщытым къыхэкIыу, жьым дэхуарзэ псы ткIуэпс пIа­щэхэр адэкIэ-мыдэкIэ щызелъатэрт.

Лъагъуэм метр 70 зи лъагагъ, псэр зыхьэху псы­пыху гуэрэным дыIуишат. Псыхьэлыгъуэхэр щызэтепщIыпщIэу, хэти уэру, хэти псыгъуэу къохуэх бгыщхьэм. Ущыумэзэхауэ сыхьэт бжыгъэкIэ ущытыфынущ абдежым. КъагъэIур апхуэдизу макъышхуэщи, гъунэгъуу щыт цIыхум жиIэр хуиту зэхэпхыркъым.  

Махуэ дыгъэпсым псыкъелъэм лэгъупыкъу телъыджи къыхэплъагъукIыфынущ. Дызыхуэзахэм къызэрыджаIамкIэ, къат-къату зэщхьэщыпкIыурэ ешкIурэх псыпыхум зэрыщыту уIуплъэн папщIэ къуэм адрыщIкIэ екIуэкI шытхым утеувэн хуейщ.

Псыкъелъэ телъыджэм зыхэзыгъэпскIыхьаи къытхэту, зыкъомрэ дыбгъэдэта иужь, гупым тIу зитщIыкIащ. И ныкъуэр псыпыхум блаша гъуэгукIэм ирикIуащ, Джэдмышхыпсыр къыщежьэ къыр жьанэхэм лъыхъуэу. Мыдрейхэм ныджэ-кIейм зыда­дзэри, къуэ зэвым зыщызыгъазэ псым и Iуфэм Iуту машинэр къыщыдгъэнамкIэ ехыжащ. Езы псыпыхум къыIунахэр тIэкIу дыIутыжри, дыкъыздикIамкIэ къедукъуэдиихыжащ.

Псышхуэм узэпрызышыж лъэмыжым мыдэкIэ, зэрыжытIащи, хуей бгъуфIэ, лъапэрыт папщIэу, къыщылъщ. ЗыгъэпсэхуакIуэ къежьахэр абдежым гуп-гупурэ щызэхотIысхьэ. Дэри а щIыпIэм дыщепсыхри, Iэнэ хъарзынэ щыдухуащ. Ди гукъыдэжым зыкъыщиIэтарэ ди нэгу щIэ­кIахэр щызэхуэтIуэтэжу дыщызэхэсащ. «Иджыри зыщытплъыхьарэт» жызыIэхэр къэтэджурэ дызыпэгъунэгъу псыкъелъэ цIыкIум Iухьэхэрт.

ЖыпIэнур арамэ, мыри теплъэ дахэ зиIэ, узыIэпызышэ псыкъелъэ хьэлэмэтщ. МывэшхуитIым я зэхуакум хуэфIу къыдэж псым метри 4 хуэдизкIэ зыкърегъэхуэх, ухыхьамэ уи пщэм къэсу архъуанэ куу ири­гъэщIу.

Сытми, сурэт техынкIи ди нэгу зыщедгъэужьынкIи псори дрикъуа нэужь, псыкъелъэ цIыкIум дыкъыIукIыжри, дежьэжыну мурад тщIащ. Дисыху, гу зэралъыттауэ, а хуей дахэм адэкIэ-мыдэкIэ иджыри цIыху куэд гуп-гупурэ щызэхэтIысхьэрт. ДэнэкIи къыщыIу псэлъэмакъым я нэхъыбэр адыгэбзэт. Дыкъэзыша щIа­литIым къызэрыджаIам тетщIыхьмэ, мы щIыпIэм махуэ къэс, Сэрмакъ, Къармэхьэблэ, къинэ­мыщI адыгэ къуажэхэми къалэхэми къикIыу, цIыху куэд дыдэ къыдо­кIуей...

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться:

Читать также: