Нэхъыщхьэм ирипсэлъащ

Iуащхьэмахуэ щIыналъэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэм и унафэщI Отаров Мухътар иджыблагъэ зэхуишэса зэIущIэр теухуат Тырныауз къалэм ятIэпсымрэ псыдзэмрэ къыхуахьа хэщIыныгъэхэр зэрызэрагъэпэщыжынум, цIыхухэр щызэхэзекIуэ гъуэгухэмрэ къалэм и хьэблитIыр зэпызыщIэ лъэмыжымрэ зэрызэфIагъэувэжынум.

ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м Гъуэгу хуэIухуэщIэхэмкIэ и къулыкъущIапIэм и унафэщI Тыгъу Индар, Iуащхьэмахуэ щIыналъэм гъуэгу хуэIухуэщIэхэмкIэ и IуэхущIапIэм и унафэщI Ахматов Мурадин, Iуащхьэмахуэ щIыналъэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Мэжджыхь Альберт, Тырныауз къалэм и Iэтащхьэ Афашоков Азэмэт сымэ.

ЗэIущIэм къыщаIэта Iуэхугъуэхэм ящыщт къапэщылъ лэжьыгъэр псынщIэу зэфIэха хъун папщIэ, ятIэпсымрэ псыдзэмрэ зылъэIэса хьэблэхэм щыщыIэ щыщIэныгъэхэр гъэзэкIуэжынымкIэ жэуап зыхьхэр убзыхуныр. Апхуэдэу зэIущIэм къыщаIэтащ гъуэгухэм шынагъэ къыщымыхъун папщIэ зыхуэныкъуэ дамыгъэхэр тегъэувэжын, лъэс лъагъуэхэмрэ гъуэгу зэпхрыкIыпIэхэмрэ къыщIэгъэщыжын, зекIуапIэхэм тета жэщ уэздыгъэхэр зэфIэгъэувэжын зэрыхуейм я гугъур.

Мысыхьэтым къалэм и хьэблэхэм екIуалIэ псы кIуапIэхэр зэрагъэпэщыжащ, гъуэз бжьамийхэр яузэхужащ, БахъсэнкIэ дэкIыу КъалэкIыхьымрэ Азау губгъуэмрэ зэпызыщIэ гъуэгур щIэзыхъума ятIэр трагъэкъэбзыкIыжащ. А лэжьыгъэр кърахьэлIащ «Дарэгъу» IуэхущIапIэм щылажьэхэм я къарукIэ. Герхожаныпсым телъ лъэмыжым иджыри йолэжь.

КъаIэта Iуэхугъуэхэм ехьэлIауэ унафэ пыухыкIахэр къащтащ, хьэблэ къэс я щыщIэныгъэхэр и пIэм игъэувэжынымкIэ жэуап зыхьхэр ягъэнэхуащ.

БЕСЛЪЭН Берд.
Поделиться: