Ныпыр дамыгъэ лъапIэщ

ШыщхьэуIум и 22-м Урысей Федерацэм и къэрал ныпым и махуэр ягъэлъапIэ. Махуэшхуэр зэрагъэуврэ, адрейхэм елъытауэ, куэд щIакъым икIи къэралыгъуэмрэ Урысейм и иджырей тхыдэмрэ ар я дамыгъэщ. 2025 гъэм 31-нэу махуэшхуэр ягъэлъэпIэнущ.

Ауэ Урысей бэракъым и тхыдэр жыжьэ, илъэс 310-кIэ узэIэбэкIыжмэ, къыщожьэ. 1705 гъэм щIышылэм и 20-м Петр Езанэм унафэ ищIауэ щытащ сату Iуэхум епха кхъухьхэм хужь-щIыху-плъыжьыфэ ныпыр щаIэтыну. Абы езым ныпым и теплъэр зыхуэдэнур тхылъымпIэм щритхъат, плъыфэхэр зэрызэкIэлъыкIуэнури гъэнэхуауэ. Урысей ныпыр XIX лIэщIыгъуэ пщIондэ флотым ейуэ къэгъуэгурыкIуащ. 1994 гъэм РСФСР-м и Совет Нэхъыщхьэм и унафэкIэ ар Урысейм и нып нэхъыщхьэу къалъытащ. Абы ипэкIэ, зэрытщIэщи, Совет Урысейм къигъэсэбэпу щытар гъубжэрэ уадэрэ зытет чэтэн плъыжьыфэрт.
Урысейм и ныпым тхыдэ къулей къыдогъуэгурыкIуэ, ауэ ар зэрызэхэт плъыфэхэм я мыхьэнэр къэралым щIигъэбыдауэ щыткъым. КъызэралъытэмкIэ, хужьым къегъэлъагъуэ мамырыгъэрэ къабзагъэрэ; щIыхум - фIэщхъуныгъэрэ пэжыгъэрэ; плъыжьым – къарурэ Хэкур яхъумэн папщIэ ягъэжа лъымрэ. Ныпым теухуа Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэнхэр тхыдэм къеIуэтэж. Псалъэм папщIэ, Пётр Езанэм и лъэхъэнэм хытетхэм (моряк) абы и плъыфэхэр зэрызэкIэлъыкIуэр тыншу ягу ираубыдэн щхьэкIэ «БеСиК» (белый, синий, красный) жыIэгъуэр къагъэсэбэпу щытащ. 
Махуэшхуэр зыгъэпсэхугъуэу щымытми, шыщхьэуIум и 22-м бэракъыр къаIэт, УФ-м и къэрал гимныр къеуэу, къэрал IэнатIэ Iутхэм я гуащIэм пэкIуэ дамыгъэхэр хуагъэфащэ. А махуэм Урысейм и щIыналъэ псоми пшыхьхэр, спорт зэхыхьэхэр, флешмобхэр, мастер-классхэр щрагъэкIуэкI, къэрал дамыгъэм и мыхьэнэр къагъэлъагъуэу.
Ныпым и махуэм рекорд щагъэуви щыIэщ. Псалъэм папщIэ, 2011 гъэм Шэшэным Урысейм щынэхъ ин дыдэ бэракъыр къыщаIэтащ. Ар Ойсхарэрэ Центаройрэ я зэхуакум хуэзэу, метр 300 и лъагагъыу фIадзат. Ныпым метр зэбгъузэнатIи 150-рэ къызэщIиубыдэрт. 2014 гъэм шыщхьэуIум и 22-м Омск къалэри къэрал псом цIэрыIуэ щыхъуауэ щытащ машинэ 225-р я плъыфэкIэ зэрызэкIэлъыкIуэн хуейм хуэдэу ягъэуву ныпым и теплъэр къызэрагъэлъэгъуамкIэ. 
 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: