Псыхущхъуэ - Таучэшхэ я псынащхьэ

ЦIыхухэм я узыншагъэм сэбэп хуэхъу щIыпIэхэр Кавказ Ищхъэрэм и куэдщ. Iуащхьэмахуэ и дыгъэмыхъуэ лъэныкъуэмкIэ къыщыщIэж псы хущхъуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу Урысейм и адрей щIыналъэхэми цIэрыIуэ щыхъуащ. Мыбдежым псэм дыхьэ «тэхъуанэ» дахэхэмрэ цIыхум и узыншагъэм сэбэп хуэхъу пкъыгъуэхэмрэ щызэрихьэлIащ.

Мы щIыпIэм цIыхухэр нэхъ къыщихьэр гъэмахуэ мазищыр арами, апхуэдэ гупыж зыщIхэм я бжыгъэм хэхъуэ зэпытщ. Псалъэм папщIэ, илъэс кIуам и зыгъэпсэхугъуэ пIалъэм къриубыдэу Балъкъ и псыхъуащхьэхэм цIыху мин 45-м щIигъу къыдыхьащ. Мы гъэм, къэна мазэ зытIущым кIуэнухэри яхэту, нэхъыбэж хъуну хуагъэфащэ,

Мыбдежым дяпэкIи унафэ зытещIыхьыпхъэ Iуэхугъуэхэм ящыщу кIэлъыплъакIуэхэм къалъытар, псом япэрауэ, псы хущхъуэхэм къакIуэ цIыхухэм зыхуэныкъуэ Iуэхутхьэбзэхэр яхуэщIэнымкIэ мы щIыпIэр ирикъуу къызэрызэмыгъэпэщарщ; етIуанэрауэ, Iэхэлъахэм шынагъуэ щымыгъэIэным хуэгъэза Iэмалхэр нэгъэсауэ дахэ-дахэу къызэрыщамыгъэсэбэпырщ; ещанэрауэ, псы хуабэхэм зыгъэпсэхупIэ къыщызэIузыхыну хущIэкъухэр абыкIэ хуит къэзыщI тхылъхэм зэремылIалIэрщ.

Мы щIыпIэм иIэ хъуа экологие, санитар-эпидемиологие щытыкIэми арэзы укъищIыркъым. Нэрылъагъущ, зи гугъу тщIы Iуэхугъуэхэм икIэщIыпIэкIэ унафэ пыухыкIа трамыщIыхьмэ, цIыхухэр мы щIыпIэм дэзыхьэх и щIыуэпсми лей зэрытехьэнур.

Къыхэгъэщыпхъэщ: мы Iуэхум теухуа унафэ КъБР-м и Правительствэм иджыблагъэ къищтащ. Ар хуэгъэзащ Iуащхьэмахуэ и дыгъэмыхъуэ лъэныкъуэм къыщыщIэж псы хущхъуэхэм цIыхухэм зэрызыщагъэпсэху щIыкIэр езэгъырабгъу щIа зэрыхъуным.

Абы щхьэкIэ, властым и гъэзэщIакIуэ IэнатIэхэм къищынэмыщIа, псынащхьэхэр зыхуей хуэгъэзэныр зи пщэ къыдэхуэ IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэри зыхэт гуп щхьэхуэ къызэрагъэпэщащ, Таучэшхэ я псынащхьэхэм (адыгэхэр мы щIыпIэм а цIэмкIи еджэрт) я Iэхэлъахэм щызэтрихьэ Iуэхугъуэхэр и чэзум зэфIэха зэрыхъуным телэжьэн папщIэ.

Балъкъ и псыхъуащхьэхэм лъагъуэ зыбжанэкIэ укIуэфынущ. Япэр, совет зэманми зэрыщытауэ, Тырныауз къалэм къыщожьэри, къырылъэ къуейщIейхэм пхаша машинэ гъуэгу быркъуэшыркъуэмкIэ ирокIуэ. Абы узэрытегушхуэ хъунур зи лъащIэр лъагэу Iэта автомобил лъэрызехьэхэмкIэщ.

ЕтIуанэр ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа асфальт гъуэгу Iэхуитлъэхуитырщ. Мыр, дауи, нэхъ тыншщ икIи абы урищызекIуэн папщIэ машинэхэм уахэмыплъыхьми хъунущ, кIуэ удришей-укъришэхыж закъуэмэ.

Пэжщ, КисловодсккIэ (НартсанэкIэ) мыхъуу, ди щIыналъэм уимыкIыу, мы иужьрейм утехьэну пфIэигъуэмэ, Балъкъ здежэхым сэмэгурабгъумкIэ къыщыхэлъадэ Чыщбалъкъ псы бгъунжым бгъэдэс Кичмалкэ къуажэ цIыкIум ищхьэхэмкIэ хуэсэмэгурабгъуу щыдэбдзыхыу, Арсэнтх хъупIэ уилъадэу, мывэ кIэщхъ зытракIута гъуэгум щыщу километр 30-м нэблагъэ къызэбнэкIын хуейщ.

Гъуэгум шынагъуэ щымыгъэIэным хуэгъэпсащ «Кисловодск - Нарзанхэм я тIуащIэ - Псы хущхъуэ - Iуащхьэмахуэ» зыфIаща, щIыналъэ мыхьэнэ зиIэ зекIуапIэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и ГИБДД-м и къарукIэ, зыгъэпсэхугъуэ мазищым къриубыдэу жэщи махуи, абы иужькIэ махуитI-щым зэ зэрыщIаплъыкIри.

Шынагъуэ щымыгъэIэным хуэгъэзащ бгыжь уардэм и лъабжьэм къыщыщIэж псы хущхъуэхэм мэкъуауэгъуэм и I5-м къыщегъэжьауэ жэпуэгъуэм и I пщIондэ къакIуэ туристхэр, Iэмал имыIэу, зэрыщатхри. Абы папщIэ, КъБР-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм и дэIэпыкъуныгъэ хэлъу, туристхэм я цIэ-унэцIэхэр щатхыну къэувыIэпIэ «Джилы-Су» къуэладжэм ищхъэрэкIэ щаухуащ.

Мыри къыжыIэпхъэщ. Нартсанэ къалэ къыщежьэ гъуэгущIэм псы хущхъуэхэри Балъкъ и псыхъуащхьэхэри цIыхухэм гъунэгъу къазэрыхуищIам шэч хэлъкъым. Ар туризмэм зегъэужьыным хуэгъэзауэ нобэрей зэманым къигъэув Iуэхугъуэ щхьэпэхэм ящыщщ, дауи. Ауэ, итIани, бгыщхьэ щIыпIэхэм дунейм и щытыкIэм щIэх-щIэхыурэ зэрызыщихъуэжым къыхэкIыу, гъуэгущIэми щысакъыпхъэщ.

Тхыгъэри сурэтри КЪУМАХУЭ Аслъэн ейщ.
Поделиться: