Гъэрихым уэркъ щауихыр дошэс

Псалъэжьхэр

♦Адыгэм и ныбэ егъэны­къуэри, и шым и ныбэ ирегъэкъу.
♦Уи шым ижынур пщIэжын хуейщ.
♦Улъэсу шум ущIэмынакIэ.
♦ЛIы и махуэрэ шы и махуэрэ зэхуэдэкъым.
♦Шы щIакъуэ утесмэ, шы лъэ псо ухуехь.
♦Шу хьэщIэр ягъэшэсыж, лъэс хьэщIэр пщIантIэм дашыж.
♦И шу дыжьынщ, и жьэгу хьэ гъыпIэщ.
♦Хэгъэрей бзаджэ шу ужьщ.
♦Фэдэн кIапэ шу егъэшэсыж.
♦Адыгэшыр адыгэлIым и щIылъэныкъуэщ.
♦Зы абыкъурэ зы аркъэнрэ уиIэмэ, унагъуэ уиIэщ.
♦Шыр тхьэкIумэкIэ маплъэ.
♦Адыгэшрэ лIы бэшэчрэ.
♦Брулым и мыгъуэр шибгъу и уасэщ.
♦Гур кIуэдмэ, шыр жэркъым.
♦Гъэ удзыр зы шым ихъур­къым, фIы псор зы лIым хэлъкъым.
♦Дэтхэнэ зы шу махуэри    Iумахуэщ.
♦Зи пIалъэ ущымыгъуазэ шымкIэ утыку уимыхьэ.
♦ЛIым шы имыIэмэ, бгъэм дамэ темыт хуэдэт.
♦ЛIыфI шыфI хуэщщ.
♦ЛIыр къызэрыпцIыхунур и щIопщым и фий макъымрэ и шым и лъэ макъымрэщ.
♦ХакIуитI зы бо щIэзагъэркъым.
♦Хуарэр зыгъэIэдэжыр зе­кIуэ­лIщ.
♦Шыр тесым егъэдахэ.
♦Шы зыгъуэт нэху тещхьэркъым.
♦Шым епсыхыу шыдым шэскъым.
♦Япэ уимыщмэ, ущыным уеукI.
♦Шым ехуэхым, ныбэпхым трелъхьэ.
♦Шы сакъ хьэ едзакъэркъым.
♦Гъатхэ шыбзыгъэрэ ба­дзэуэгъуэ хакIуэрэ.
♦Уи лъахъэ зыдыгъум, уишри идыгъунущ.
♦Зыш и хьэтыркIэ шищэ псы йофэ.
♦Дахэ мыжэ нэхърэ, Iей жэр.
♦Гъэрихым уэркъ щауихыр дошэс.
♦Дамыгъэ зытрадзэр шэсы­ра­бгъущ.
♦Къуийм и Iущрэ алащэм и кIуэррэ.
♦СопIащIэ жыпIэу шы лъэхъа умышэс.
♦Шы зимыIэм уанэ къещэху.
♦Хьэм и гъэрищ, шым и гъэрибгъу.
♦ШыщIэ къамылъхуам уанэ хузэщIалъхьэ.
♦Шы хьэху  уэсэпс  трагъахэркъым.

2008 гъэм Словакием щекIуэкIа зэпеуэм япэ увыпIэр къыщызыхьа Къып Щамил зытес Терек адыгэшым «Best Condition» саугъэтыр къыщыхуагъэфэщауэ щытащ.

Адыгэш Иналрэ Деберт Джулирэ я текIуэ­ныгъэ. Франджы, Леон къалэ. 2012 гъэ

Адыгэш зыгъэхъухэм я дунейпсо зэгухьэ­ныгъэм и президент  Кнолл  Тобиас (Германие) Гусар къэбэрдеишым бгъэдэтщ.  2012 гъэ

ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 70 щрикъум КъБР-м, КъШР-м, Адыгейм щыщ адыгэ шухэмрэ къэзакъхэмрэ зыхэта шузекIуэр. 2015 гъэ

 

Поделиться: