ЯтIэпсым и Iэужьхэр ягъэкIуэдыж

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIащ ­Iуащхьэмахуэ районым. Абы щыгъуазэ зищIащ мы­хьэ­нэшхуэ зиIэ IуэхущIапIэхэр къанэ щымыIэу къэгъэ­щIэрэщIэжыным ехьэлIа лэ­жьыгъэхэр зэрекIуэкIым, унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм щытепсэлъыхьа сессием хэтащ, апхуэдэуи иригъэ­кIуэ­кIащ Тырныауз къыщыхъуа къызэрымыкIуэ щытыкIэхэм я Iэужьхэр гъэкIуэдыжыным ехьэлIа зэIущIэ.

Мусуков Алий псом япэу щыIащ Тырныауз дэт «Геолог» спорт комплексым. Ар къызэ­Iуахауэ щытащ илъэс 40 ипэкIэ икIи абы лъандэрэ къызы­хуэтыншэу зэгъэпэщыжыным теухуа лэжьыгъэ зэи щекIуэкIакъым. Къалэхэм сыт и лъэныкъуэкIи зегъэужьыным теу­хуа программэм ипкъ иткIэ абы елэжьын щIадзащ 2024 гъэм и гъатхэм. Мусуков Алий жиIащ мы илъэсым и кIэухым ирихьэлIэу унэр зэгъэпэщыжыныр зэфIагъэкIыну къазэрыпэ­щы­лъым къыхэкIыу, лэжьыгъэхэр щIэгъэпсынщIэн зэрыхуейр. ИужькIэ абы зыщиплъыхьащ Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я зыужьыныгъэмкIэ центрым. Илъэс 70 хъуащ ар зэрыщыIэри, абы нэгъэсауэ зэи кIэлъыIэбакъым. Мы зэманым унэм йолэжь щIыналъэхэм сыт и лъэ­ныкъуэкIи зегъэужьынымкIэ программэм хыхьэу. Центрыр къатитIу зэтет унэхэу плIы ­мэхъу, дэтхэнэри зэпыщIауэ. Правительствэм и УнафэщIыр зэгъэпэщыжыныгъэр зи нэIэм щIэтхэм епсэ­лъащ. Къыхигъэщащ Тырныауз дэт социальнэ IуэхущIапIитIым лэжьыгъэр зэрыще­кIуэ­кIым езыр зэрыкIэ­лъы­плъынур.
Мусуков Алий Iуащхьэмахуэ район администрацэм щахуэзащ щIыпIэм щыпсэухэм. ­КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и цIэкIэ абы тырныауздэсхэм фIыщIэ яхуищIащ ба­дзэуэгъуэм къеха ятIэпсхэм я Iэужьхэр щагъэкIуэдыжым щIэгъэкъуэн зэрыхъуам папщIэ икIи къулыкъущIэ зыбжанэм фIыщIэ тхылъхэр яритащ. 
АдэкIэ екIуэкIащ Тырныауз къалэмрэ Эльбрус къуажэмрэ я зыужьыныгъэм теухуа зэIущIэ зыубгъуа. А жылэхэр ящыщщ Урысейм и щIыпIэхэу щIыналъэм и экономикэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ инвестицэ проектыщIэхэр щагъэзащIэ­хэм. Къызэхуэсахэр тепсэ­лъыхьащ 2030 гъэ пщIондэ ­къалэмрэ къуажэмрэ ягъуэтыну социально-экономикэ зыу­жьы­ныгъэхэм ехьэлIа Iуэхухэм. Сессием апхуэдэу и гугъу щащIащ егъэджэныгъэ, узын­шагъэр хъумэн IэнатIэхэм, ЖКХ-м я щытыкIэхэм. Апхуэ­дэуи къыщаIэтащ жылагъуэ зэхуэсыпIэхэр егъэфIэ­кIуэным егъэщIылIа Iуэхухэри.
ИужькIэ зэхэтащ ятIэпсхэр зыщIэуа щIыпIэхэр зэIузэпэщ щIыныр зэрекIуэкIым теухуа зэIущIэ. Районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Отаров Мухътар тепсэлъыхьащ ­къалэр зэрагъэкъэбзэжым, абы псэуныгъэм пыщIа IэнатIэхэр зэрыщызэфIагъэувэ­жым. Мы зэманым щыIэ щытыкIэм къызэхуэсахэр щыгъуазэ ищIащ Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм и унафэщI Надежин ­Михаил.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ гъуэгухэм, Герхожан-Су псым телъ лъэмыжым я щытыкIэм, апхуэдэу ятIэпс къех хъужы­къуэмэ, ар зэрыкIуэну кIэнауэр зэрырагъэфIэкIуэнум. Абы къы­щыхагъэщхьэхукIащ псыхъуэр гъэкъэбзэныр къэ­рал IуэхущIапIэхэм я пщэ зэ­-ры­дэлъыр. Мы зэманым яубзы­хуакIэщ ирагъэкIуэкIыну лэ­жьыгъэр зыхуэдизыр. ЗэIущIэм апхуэдэу къыщаIэтащ ­Iуа­щхьэмахуэ районым и  ЖКХ-р дызыхуэкIуэ щIымахуэм зэры­хуэхьэзырыр. Нэхъыщхьэр, къыхигъэбелджылыкIащ Мусуков Алий, щIыналъэр, щызэ­блэу къэ­мыхъуу электрокъарукIэ, хуа­бэ­кIэ, псыкIэ къызэгъэпэ­щы­нырщ.
Абы къыдэкIуэу, Iуэхухэр зэгъэщIылIа министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ я лIыкIуэхэм къызэхуэсахэр щыгъуазэ ящIащ къапэщыт къалэнхэр зэрагъэзащIэм.

УЭРДОКЪУЭ Женя.
Поделиться:

Читать также: