Псыр ирикъуу яIэнущ

Бахъсэн щIыналъэм щаухуэ псы къыщIэшыпIэщIэ щыухуэным, псыр жылэхэм ялъэзыгъэIэс бжьамийхэр укъуэдииным республикэр яужь ихьэн хузэфIэкIауэ щытащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек УФ-м и Президент Путин Владимир 2019 гъэм лэжьыгъэ IуэхукIэ IущIауэ зэпсэлъа нэужь. Псори зэхэту абы километр 79-рэ и кIыхьагъщ.

ИужькIэ, УФ-м и Правительствэм и вице-премьер Хуснуллин Марат и унафэм щIэт, щIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ комиссэм и президиумым и зэIущIэм щыдаIыгъащ Бахъсэн районым щыпсэухэр псы къабзэкIэ къызэгъэпэщыным хуэунэтIа пэхуэщIэр икIи абы текIуэдэну мылъкур къаутIыпщащ. 
Проектыр къыхэзылъхьар Бахъсэн къалэ администрацэрщ. Ар хуэунэтIащ езы къалэмрэ районым щыщ къуажитхурэ псы къабзэкIэ къызэгъэпэщыным. Лэжьыгъэр зэраубзыхуам хуэдэу зэфIагъэкIмэ, электрокъару куэду зыгъэс псы къыщIэшыпIэхэр щыIэжынукъым. Абы къыдэкIуэу щIыналъэм щыпсэу цIыху мини I00-м нэблагъэм псы къабзэу зыхуэныкъуэм хуэдиз яIэрыхьэнущ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, Бахъсэн псы зэбгырытыкIыпIэм хиубыдэнущ Зеикъуэ, ХьэтIохъущыкъуей, Ислъэмей, ПсыкIэху, Бахъсэненкэ къуажэхэр, Бахъсэн къалэмрэ Дыгулыбгъуей жылэмрэ. НобэкIэ бжьамийр Бахъсэн псым и лъабжьэм щызэпрашащ, IэщIагъэлIхэр Дыгулыбгъуей нэсауэ, лэжьыгъэхэм абы щоужьэрэкI.
Ухуэныгъэр республикэм щрагъэкIуэкI «Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм зегъэужьын» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ. 
 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:

Читать также: