Зи хэхъуэр нэхъыбэхэр![]() Дызэрыт илъэсым и япэ мазихым къриубыдэу Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм щат пенсэм и куэдагъыр зэщхьэщыкIащ сом мин 22,2-рэ хуэдизкIэ. Апхуэдэу щытми, къэралым и цIыхухэм мазэ къэс къахь пенсэм и куэдагъыр ику иту сом мин 25-м нызэрыхьэсащ. Апхуэдэу щIэхъуам и щхьэусыгъуэр - щIыналъэхэм я цIыхухэм я хэхъуэмрэ пенсэ ахъшэм къыдыщIагъумрэ зэрызэщхьэщыкIырщ. ЖыпIэнурамэ, Росстатым къызэритамкIэ, 2025 гъэм и мэкъуауэгъуэм улахуэ нэхъ ин дыдэ щатар Чукоткэмрэ – сом мин 220-рэ, Ямало-Ненецкэ округымрэщ – сом мини I83-рэ. Нэхъ мащIэ дыдэ къыщахьыр Ингушымрэ – сом мин 47-рэ, Шэшэнымрэщ – сом мин 52-м нэблагъэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым сом мин 6I-м щынос ар. НэхъапэIуэкIэ къызэратамкIэ, дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ ди республикэм и цIыхухэм я хэхъуэр процент 24,5-кIэ нэхъыбэ хъуащ. Къалмыкъым иужькIэ, къэралым щыетIуанэщ а бжыгъэр. 2025 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу УФ-м щыпсэухэм я хэхъуэр ику иту процент 17,9-кIэ нэхъыбэ хъуауэ щытащ, 2024 гъэм и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм елъытауэ, къэралым щыщыIэ инфляцэми фIыуэ щхьэщыкIыу. Ар къызыхэкIар, улахуэм зэрыхагъэхъуамрэ пенсэхэмрэ пособиехэмрэ индексацэ ящIауэ зэрыщытамрэщ. Банкхэм ирагъэхъумэну цIыхухэм халъхьа я ахъшэр нэхъыбэ зэрыхъуари хэтщ абы. ЦIыхухэм я хэхъуэмкIэ рейтингым япэ увыпIэр щиIыгъащ Къалмыкъым (процент 26-рэ), етIуанэр Къэбэрдей-Балъкъэрырщ – процент 24,5-рэ. АдэкIэ къыкIэлъокIуэ Къэрэшей-Шэрджэсыр (процент 21,5-рэ), Удмуртыр (процент 21,3-рэ), Новгород Ищхъэрэ областыр (процент 20,3-рэ), Краснодар крайр (процент 20,3-рэ).
Поделиться:
Читать также:
22.04.2026 - 12:11 →
Хамэ щIыпIэхэм щилъэгъуар
15.04.2026 - 13:26 →
Уэрэдыр зи гъащIэ гъусэ
14.04.2026 - 12:39 →
Хьэршым и япэ тхьэмахуэр зэхуащIыжащ
10.04.2026 - 15:39 →
Хьэрш щIэныгъэм зезыгъэужьа
08.04.2026 - 15:18 →
Космонавтикэм и махуэм ирихьэлIэу зэхашэну зэIущIэхэр
| ||






