ЕтIанэгъэ ядэжынукъымКъэралым уикIыным-укъихьэным ехьэлIа а хабзэщIэр къыщыгъэлъэгъуащ къэрал закон №257-м. Псалъэм папщIэ, япэм щыгъуэ паспортыншэу сабийхэр здашэу щыта, УФ-м и ныбжьэгъу Абхъазым, Белоруссием, Къэзахъстаным, Къыргъызым, Осетие Ипщэм, нэгъуэщIхэми, ахэр дяпэкIэ ягъэкIуэнукъым, ар ямыIэу. Япэм зи ныбжьыр илъэс 14 иримыкъуа сабийр хамэ къэралхэм щызэдашэ къыщыхъухэм деж, абы и цIэ-унэцIэр адэ-анэм языхэзым и паспортым иратхарэ мыхъур абы трагъэуэжу щытмэ, Iуэхур зэфIэкIырт. Иджы сабийм дэтхэнэ лъэныкъуэкIэ имыгъэзами, хамэ къэралхэм укIуэну хуит узыщI паспортыр имыIэу хъунукъым. Абы къыхэкIыу, УФ-м автомобиль гъуэгухэм якIэлъыплъынымкIэ и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и лэжьакIуэхэм адэ-анэхэр къыхураджэ, законым къару щигъуэтыну зэманыр къэмыс щIыкIэ, сабийхэм паспортхэр хуагъэхьэзырыну. Абы зы мазэм щIигъу ихьынущ. Паспортыр МФЦ-м е Госуслуги IуэхущIапIэм къыщаIах хунущ, абы щхьэкIэ зыхуейну дэфтэрхэр щIалъхьэу щытмэ, къэрал пошлинэу сом мини 3 ятынущ. Псалъэм и хьэтыркIэ, Росстатым къызэритамкIэ, 2024 гъэм УФ-м икIыу Белоруссием щыIащ цIыху мин 350-рэ, Абхъазым – цIыху мин 696-рэ. «Аэрофлот»-ми къигъэлъэгъуащ Мэзкуу къалэм илъэтыкIыу хамэ къэралым кIуахэм я нэхъыбэр Минск къалэм нэгъабэ зэрашар. «Туту» турист IуэхущIапIэми етх, 2024 гъэм Урысей Федерацэм икIыу Абхъазым кIуа унагъуэ къэс ебланэм билетхэр я сабийхэм къызэрыхуащэхуар. Къэзахъстанымрэ Къыргъызстанымрэ нэгъабэ щыIахэм я бжыгъэр мыбдеж щынэхъ мащIэщ. Иджы, дауэ хъуми, абыхэм псоми иджыри кIэрыхунущ, сабийхэм я паспортхэм текIуэдэну зэманымрэ ахъшэмрэ я зэранкIэ. ХэзыщIыкIхэм зэрыжаIэмкIэ, апхуэдэ IуэхугъуэщIэхэр къыщIрахьэжьам и щхьэусыгъуэхэм хохьэ, сабийр къызэралъхуам щыхьэт техъуэ дэфтэр нэпцIхэр къагъэсэбэп, хамэ къаралхэм ираш цIыкIур зейр зэхэбгъэкIыну нэхъ гугъу зэрыхъуахэр. Апхуэдэуи, псом нэхъыщхьэжыр, зи ныбжь иримыкъуа цIыхум и шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынырщ.
Поделиться:
Читать также:
15.11.2026 - 12:00 →
Лъэпкъ IэфIыкIэр зи IэрыкIхэр
14.11.2026 - 11:30 →
Ахъшэр зыхуэдизынумрэ нэхъыщхьэу зытрагъэкIуэдэнумрэ
14.11.2026 - 10:00 →
Дэтхэнэм дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ
14.11.2026 - 09:00 →
Зэдэлэжьэныгъэ щхьэпэ
10.11.2026 - 17:00 →
Нейрон зэIущэр «мэгупсысэ»
| ||




