Я бжыгъэм хэхъуэ зэпытщ![]() Астрономхэм ЩIы Хъурейм ирагъэщхьу уахэ жыжьэм загъуэ-загъуэкIэрэ къыщахутэ уафэщIхэм я бжыгъэм хэхъуэ зэпытщ. Апхуэдэхэм щIэныгъэлIхэр зэреджэр «экзопланетэщ» («экзо» псалъэр пасэрей алыджыбзэм къытехъукIащ, кърагъэкIри «и щIыбкIэ щыIэ» мыхьэнэрщ). Тхыдэ мыжыжьэм дриплъэжмэ, уахэм экзопланетэ зэрыщыIэм астрофизикхэр япэу щыхьэт щытехъуар 1992 гъэращ. Экзопланетэхэм я нэхъыбэр ди Дыгъэм къегъэщIылIа Юпитер, Нептун, Сатурн сымэ хуэдэу уафэщI абрагъуэщ, япэу дызыIуагъаплъэ я пкъыгъуэхэри гъащIэ здэщыIэнкIэ гугъэ дэзымыгъэщI гъуэз къэплъащ. Ауэ абыхэм, ди гуапэ зэрыхъунщи, яхэтщ дыщыпсэу ЩIы Хъурейм куэдкIэ нэхъ ирагъэщхьхэри. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, ди планетэм нэхърэ тIукIэ нэхъ хьэлъэ, и зэпрыупIэ - и бгъуагъымкIи хуэдэ 1,2-кIэ нэхъ ин, нэхум зэрызидз гъуэгуанэкIэ къэтпщмэ, илъэс 66,5-кIэ тпэжыжьэ уафэщIыр. Ар зэкIэрэхъуэкIыр ди Дыгъэм нэхърэ процент 60-кIэ нэхъ «жьгъей», «плъыжь цIыкIужьей» («красный карлик») жыхуаIэ вагъуэ жьэражьэхэм хуэдэщ. Алъандэрэ щыIами-щымыIами зыхэдмыщIыкIа GJ 1252 b уафэщIыр и теплъэкIи, и зэхэлъыкIэкIи дыщыпсэу ЩIы Хъурейм пэбж хъуну къэзылъытэ щIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, абы и щхьэфэм и нэхъыбапIэр къырылъэми, и щIыгур гъащIэ гуэр ущыIущIэнкIэ гугъэ уэзыгъэщIщ. Астрономхэм TESS телескопымкIэ къалъэгъуа GJ 1252 b экзопланетэм и гугъу тщIымэ, къызэрахутамкIэ, «плъыжь цIыкIужьей»-уэ зэкIэрэхъуэкIым гъунэгъубзэу бгъэдохьэ, зэпымыууэ зэрыхуэгъэзари и зы лъэныкъуэрщ. ТIэкIу нэхъ ипэIуэкIэ дызэIэбэкIыжынщи, Карнеги и цIэр зезыхьэу США-м щыIэ щIэныгъэ институтым и IэщIагъэлIхэу Фенг Фаборэ Батлер Полрэ, «Нептун щIыIэ» зыфIаща пкъыгъуэ абрагъуэм дэщIыгъуу, хьэршым къыщахутат «GJI80», «GJ229A» нагъыщэхэмкIэ хагъэщхьэхукIа уафэщIхэу экзопланетэхэм ирагъэщхьхэр. Пэжщ, абыхэм гъащIэ щыIэну хуагъэфащэми, тIури ди планетэм нэхърэ куэдкIэ нэхъ хьэлъэщ: зэрызэкIэлъыкIуэу къэдгъэлъагъуэмэ, хуэдэ 7,5-кIэ, 7,9-кIэ. Ахэр дыщыпсэу ЩIыгум къыщхьэщокI зэгъэщIылIа я «дыгъэхэм» я хъуреягъыр къызэралъэтыхь махуэ бжыгъэхэмкIи: зэрызэкIэлъыкIуэу къэдгъэлъагъуэмэ, хуэди 106-кIэ, 122-кIэ нэхъыбэщ. Планетэхэр зэрыщыIэм гу лъатащ ахэр зэпха вагъуэхэм уахэм къызэрыщакIухь гъуэгуанэхэм узыпэмыплъа я зэщIэхъеекIэмкIэ (зым адрейр зэрызыщIишэм къыхэкIыу). Ахэр «къалъэгъуащ» мардэщIэм ипкъ иту зэхагъэува иджырей Iэмэпсымэ лъэщхэм я фIыгъэкIэ. Плъыжь цIыкIужьейр ди Дыгъэм елъытауэ зымащIэкIэ нэхъ упщIыIуащ, и щIыгум и зэпрыупIэри зытIэкIукIэ нэхъ кIэщIщ. КъызэрахутамкIи, апхуэдэ къэщIыгъэхэр ди Шыхулъагъуэ галактикэм щыкуэдыкIейщ. ИкIи, щIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, зи гугъу тщIы а вагъуэхэм къедза планетэхэрщ, ди ЩIы Хъурейм зэрызыщиужьам ещхьу, гъащIэ нэхъ здэщыIэнкIэ хъунухэри. «Нептун щIыIэ» зыфIащам дытепсэлъыхьмэ, ар къыщагъуэтар GJ433 зи нагъыщэ вагъуэ къызэрыгуэкIым и Iэгъуэблагъэрщ. Астрофизикхэм къызэрабжамкIэ, абы и щхьэфэм псы щыбгъуэтынущ, ауэ зэщIэщтыхьауэщ, зыпыщIа и «дыгъэм» зэрыпэжыжьэIуэм къыхэкIыу. ЩIэныгъэлI Фенг Фабо зэрыжиIэмкIэ, мы планетэр ящыщщ Нептун хуэбгъэдэну ди Дыгъэм и къэухьым нэхъ пэгъунэгъу дыдэу къагъуэтахэм. «Ди къэхутэныгъэм хуэдэхэм дызыхуашэнур аращи, дызыхуэкIуэ лъэхъэнэ мыжыжьэм къагупсысыну телескопыщIэхэмкIэ дэ езым ди нэхэмкIэ зэдгъэлъагъуфыну уафэщIхэм я бжыгъэми къахэхъуэнущ. АтIэми, мы зэманым нэхъыбэу дызытелажьэр нэхъ къытпэгъунэгъу вагъуэхэм я Iэгъуэблагъэм къыщызылъэтыхь къэщIыгъэхэм гъащIэ щыIэнкIэ зэрыхъунур зэхэдгъэкIынырщ», - жиIащ Батлер Пол. Зи гугъу тщIы къэщIыгъэхэм ирагъэщхьу, телескопхэмкIи зрагъэлъэгъужу, дызэрыт илъэсым бадзэуэгъуэм и 29-м ирихьэлIэу къахута экзопланетэхэм я бжыгъэр 7 553-м нэсащ. Ахэр егъэщIылIащ вагъуэ жьэражьэу 4530-м.
Поделиться:
Читать также:
03.08.2026 - 18:26 →
ЩIэныгъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ
18.07.2026 - 12:58 →
Я фIэфIыныгъэкIэщ зэрыхагъэхьэр
18.07.2026 - 10:56 →
Ди щIыналъэм гулъытэшхуэ щагъуэт
12.07.2026 - 12:00 →
Лъагъумыхъуныгъэ зыщIалъхьа бзэщ бзаджащIэхэм я Iэщэр
11.07.2026 - 13:01 →
Ветераным илъэсищэр хуагъэлъапIэ
| ||





