Бэдрэжан бэгъуар кърахьэлIэж![]() Къэбэрдей-Балъкъэрым и губгъуэхэм мы махуэхэм къыщрахьэлIэж бэдрэжаныр. А лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI Бахъсэн щIыналъэми. Дызэрыт илъэсым хадэхэкIхэм псори зэхэту гектар 1554-рэ щыхухахащ районым, абы щыщу бэдрэжаныр гектар 32-м нэблагъэм щащIащ, къитащ КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм. Дунейм и щытыкIэмрэ мэкъумэшыщIэхэр хадэхэкIхэм зэрегугъуамрэ я фIыгъэкIэ, илъэс къэси хуэдэу, мы гъэми ар яхуэбэгъуащ. НобэкIэ тонн 840-рэ бэдрэжану къыщIачыжащ, я фIагъым утемыгузэвыхьми хъуну. Районым и мэкъумэшыщIэхэм я лэжьыгъэм жыджэру къыщагъэсэбэп иджырей технологиехэр, хасэри жылэ лъэпкъыфIхэрщ икIи абыхэм къагъэкIа хадэхэкIхэм, ди республикэм имызакъуэу, къэралым и адрей щIыналъэ куэдми щIэупщIэхэр щаIэщ.
Поделиться:
Читать также:
15.11.2026 - 12:00 →
Лъэпкъ IэфIыкIэр зи IэрыкIхэр
14.11.2026 - 11:30 →
Ахъшэр зыхуэдизынумрэ нэхъыщхьэу зытрагъэкIуэдэнумрэ
14.11.2026 - 10:00 →
Дэтхэнэм дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ
14.11.2026 - 09:00 →
Зэдэлэжьэныгъэ щхьэпэ
10.11.2026 - 17:00 →
Нейрон зэIущэр «мэгупсысэ»
| ||





