Нэр зыгъэгуфIэ лэжьыгъэ

«ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэ «Къалэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэн» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Тэрч къалэм Пушкиным и зезыхьэ и уэрамым тет «Школьная» аллеер къызыхуэтыншэу зэIузэпэщ ящIащ.

Аллеем теплъэ дахэ зэригъуэтам ар нэхъ Iэхуитлъэхуит хъуа хуэдэу къыпщегъэху. Псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ мини 3-м щIигъу зэIузэпэщ щащIащ а щIыпIэм. Псалъэм и хьэтыркIэ, лъэс лъагъуэм телъа плиткэжьхэр зэрахъуэкIащ, уэздыгъэхэр щыпадзащ, кIэрыхубжьэрыху идзапIэхэмрэ тетIысхьэпIэхэмрэ щагъэуващ, уэздыгъэхэр щIэуэ зыпадзэн пкъоуэ 26-рэ щыхатIащ.

Лэжьыгъэхэм иужькIэ, къалэдэсхэм, псом хуэмыдэу, еджакIуэ цIыкIухэм, я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэща хъуащ, сыту жыпIэмэ, а уэрамым тетщ къызыхуэтыншэу нэгъабэ зэрагъэпэщыжа курыт еджапIэр, абы къедза щIыпIэри мы гъэм зыхуей хуагъэзащ. Иджы, лъэс лъагъуэщIэм тету ныбжьыщIэхэр еджапIэм макIуэ, школым пэгъунэгъууи гъуэгу зэпрыкIыпIэ къыщыхагъэщхьэхукIащ.

Тэрч щIыналъэ администрацэм и унафэщI Хъущт Аслъэнбий ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэхэр къыщипщытам жиIащ, аллеем ибгъухэмкIэ удз гъагъэхэр иджыри зэрыщыхасэнур, жыг хадэ цIыкIум хуэкIуэу блашэ жыгхэр зэрыщагъэтIысынур.

Гъуэгум щIыналъэхэр зэпещIэ

Новопавловск, Прохладнэ, Мэздэгу къалэхэр зэпызыщIэ автомобиль гъуэгур къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжащ. Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкIащ «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ.

Псори зэхэту километри 6 зи кIыхьагъ а гъуэгум къэрал мыхьэнэ иIэщ икIи Прохладнэ къалэм и Магистральнэ, Первомайскэ уэрамхэм ирокIуэ.

IэщIагъэлIхэм иджыпсту къапщытэ гъуэгущIэм и щытыкIэр зыхуэдэр, абы щхьэкIэ щыIэ мардэхэмрэ къагъэув къалэнхэмрэ ар зэрыхуэкIуэр, машинэзехуэхэмрэ цIыхухэмрэ я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэща зэрыхъуар зэхагъэкIын мурадкIэ. Ар зэфIэкIа нэужь, гъуэгур къызэIуахынущ.

 

 

 

 

 

ЦУР-м и бжэIупэр

ЩIыналъэм и Iуэхухэр дэгъэкIынымкIэ республикэ центрым (ЦУР) и бжэIупэр, цIыху куэд щызэблэкI щIыпIэр, «Къалэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэн» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ зэIузэпэщ ящIащ.

Лэжьыгъэхэр щекIуэкIа щIыпIэм деж япэм щыта псыутхымрэ гъущIымрэ бетонымрэ къыхэщIыкIа лъэмыжымрэ Iуахри, мывэкIэщхъхэмкIэ щIыр зэтес ящIащ, иужькIэ, плиткэ иралъхьэри, мывэ джафэхэмкIэ кърагъэбыдэкIыжащ. Апхуэдэуи тетIысхьэпIэхэмрэ кIэрыхубжьэрыху идзапIэхэмрэ щагъэуващ.

Абыхэм къадэкIуэу, ЦУР-м и дэкIуеипIэм телъа плиткэри зэрахъуэкIащ, удз гъэгъахэмрэ жыгыщIэ цIыкIухэмрэ зрасэну щIы Iыхьэхэр къыхагъэщхьэхукIащ, IуэхущIапIэм и IуплъапIэми архитектурэ теплъэ дахэ иратащ.

НАУРЫЗ Мысост.
Поделиться: