МурадыфIхэр яIэщ![]() 2030 гъэм ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым пхъэщхьэмыщхьэ жыгыщIэу мелуани 3-м щIигъу къыщагъэкIыну я мурадщ. Республикэм и мэкъумэш IэнатIэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ жыгыщIэхэр щагъэхъу питомникхэм ди щIыналъэм зыщегъэужьыныр. НобэкIэ нэхъыбэу зэгугъур мыIэрысейхэрщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым илъэс къэс жыгыщIэу мелуани 2,8-рэ къыщагъэкI. Иджы жыг хадэ зыгъэкIхэм къалэн зыщащIыжащ 2030 гъэм ирихьэлIэу а бжыгъэр мелуани 3,1-м нагъэсыну. ЖыпIэнурамэ, ди республикэм и мызакъуэу, къэралым и адрей щIыналъэхэми щIэупщIэшхуэ щаIэщ абыхэм.
Поделиться:
Читать также:
13.09.2026 - 12:27 →
Псыгуэнсудэсхэм зэдагъэдэха пшыхь
11.09.2026 - 14:13 →
Лъэпкъыбзэхэм я махуэм ирихьэлIэу
06.09.2026 - 13:28 →
Тхыдэ пэжыр хъумэным и мыхьэнэр
01.09.2026 - 12:58 →
Узыр къызэращIэ щытыкIэхэр
31.08.2026 - 16:38 →
Франджы пащтыхьым пщIэ зыхуищIу щыта лъэпкъ
| ||





