Iуэху щхьэпэм пащэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым щрагъэкIуэкI «Ди сабийхэм я узыншагъэмрэ шына­гъуэншагъэмрэ папщIэ» урысейпсо Iуэхум и етIуанэ Iыхьэр. Апхуэдэ зэIущIэ ще­кIуэкIащ Налшык къалэ и курыт еджапIэ №7-м.

КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэ­рагъэкIуэкIым кIэлъыплъынымкIэ и управ­ленэм (УНК) и лэжьакIуэхэм, Къэбэрдей-­Балъкъэрым Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм я лIыкIуэхэр ящIыгъуу школа­кIуэхэм драгъэкIуэкIащ узыншэу псэуным, наркотикхэкIхэмрэ акъылыр зыгъэутхъуэ пкъы­гъуэхэмрэ пэIэщIэу щытыным, абыхэм зыдебгъэхьэх зэрымыхъунум теухуа псалъэмакъ щхьэпэ. 
Апхуэдэуи Iуэхум хэтащ КъБР-м щыIэ МВД-м и деж щылажьэЖылагъуэ советым и лIыкIуэ ЦIыпIынэ Заремэрэ полицэм и кадет классхэм я гъэсэнхэмрэ. 
ШколакIуэхэм жраIащ хабзэншагъэкIэ ­наркотикхэкIхэр, акъылыр зыгъэутхъуэ пкъы­гъуэхэр игъэкIыным пыщIахэм, нэгъуэщI щIэп­хъаджагъэхэр зылэжьхэм уголовнэ, административнэ жэуап зэрахьыр. 
Налшык къалэ администрацэм Егъэджэ­ныгъэмкIэ и департаментым и IэщIагъэлI ­нэхъыщхьэ Теммоевэ Фаризэт ныбжьыщIэхэм ягу къигъэкIыжащ хабзэншагъэхэр ялэжь, апхуэдэхэм зыхрагъашэ зэрымыхъунур. 
 Психиатр-нарколог Нагорная Татьянэ и псалъэр триухуащ наркотикхэкIхэмрэ акъылыр зыгъэутхъуэ пкъыгъуэхэмрэ цIыхум и Iэпкълъэпкъым зэранышхуэ зэрыхуэхъум. 
Класс нэхъыжьхэм щеджэхэмрэ хьэ­щIэ­хэмрэ «Наркотикхэр щремыIэ!» къыхуеджэ­ныгъэм щIэту сурэт зытрагъэхащ. 

 

ДЫГУЛЫБГЪУ Жантинэ.
Поделиться: