Псыпэхэш

Дунейр цIыхухъум хуаухуауэ къащыхъуу, бзылъхугъэхэр къэрал унафэми, медицинэми, щIэныгъэми ирамыгъэкIуалIэу, унагъуэ Iуэхумрэ лъхуэн-пIэнымрэ къыхуигъэщIауэ къалъытэу къэгъуэгурыкIуащ илъэс мин бжыгъэкIэ. 19-нэ лIэщIыгъуэращ ахэр я хуитыныгъэхэм тепсэлъыхьу щыщIадзар, IэщIагъэ-щIэныгъэ зрагъэгъуэтыным щIэбэну я щхьэр къыщаIэтар. Абыхэм ящыщщ мы тхыгъэмкIэ фэдгъэцIыхуну урыс бзылхугъэр, япэ дыдэу дохутыр IэщIагъэ зэзыгъэгъуэтар.
Сусловэ Надеждэ 1843 гъэм Нижегородскэ щIыналъэм щалъхуащ. Абы и адэ Суслов Прокофий щылажьэрт Шереметьев графым деж. Прокофий и къалэнхэр хъарзынэу игъэзащIэрт, сыт хуэдэ лэжьыгъэ пэрымытами хигъахъуэ зэпыту цIыху Iущти, пщылI мэкъумэшыщIэхэм хуитыныгъэр иратыным илъэс зыбжанэ и пэ иту Санкт-Петербург деж унэ къыщритри, графым Сусловыр иутIыпщыжауэ щытащ. 
Зи IутIыжыгъуэр къэса Сусловым уей-уей жригъэIэу псэун иригъэжьащ абдеж – и пхъуитIым папщIэ унэIутхэр, гъэсакIуэхэр, егъэджакIуэхэр къищтащ. Зыхалъхуа зэманым елъытауэ акъылыфIэ хъунт адэри, и хъыджэбзитIым IэщIагъэ-щIэныгъэ яригъэгъуэтыну щIэхъуэпсырт. 
Апполинариерэ (гъэкIэщIауэ Полинэ) Надеждэрэ цIыхухэм яхыхьэ хъуащ еджапIэ щIэтIысхьэри. ЗэрыжаIэмкIэ, Полинэр тхьэIухудт. Уеблэмэ Достоевский Федор хьэщыкъ къыхуэхъуауэ щытащ абы. Ар хъыджэб жант, политикэ гъащIэм жыджэру хэтти, зэрыдахэм папщIэ, пэкIухэм пашэу хагъэувэрт. 
Надежди и шыпхъум щIыгъуу апхуэдэ политикэ Iуэхухэм, пащтыхьыгъуэр гъэкIуэдыжынымкIэ 1860 гъэм кърахьэжьа «ЩIымрэ хуитыныгъэмрэ» революцэ зэгухьэныгъэм хэтт, и усэхэри «Современник» журналым къытрадзэрт. 
1869 гъэм ирихьэлIэу бзылъхугъэхэр ерыщу я хуитыныгъэхэм зэрыщIэбэным и фIыгъэкIэ Санкт-Петербургрэ Москварэ я еджапIэ нэхъыщхьэхэм къыщызэIуахащ япэ цIыхубз курсхэр. Нэхъ иужьыIуэкIэ, 1878 гъэм, ЦIыхубз еджапIэ нэхъыщхьэр къызэрагъэпэщащ химик Менделеев Дмитрийрэ тхыдэдж Бестужев-Рюмин Константинрэ я фIыгъэкIэ. 
Ауэ Сусловхэ зэшыпхъуитIыр щIэныгъэм щIэбэгын щыщIадзар нэхъапэIуэкIэт, а псори щыщымыIам. 1859 гъэм бзылъхугъэхэр еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIамыгъэтIысхьэу, ауэ дерсхэм щIэсыну, едэIуэну хуит ящIат. Бзылъхугъэхэм щIэныгъэ ирагъэгъуэтын дэнэ къэна, уеблэмэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм лъэгулъэсу щIэтхэр цIыхухъут, апхуэдизкIэ щIэныгъэм гъунэгъуу ирагъэкIуэлIэн шынэрти. 
Япэ дыдэу еджапIэм хъыджэбз гуп щыщалъэгъуам, щIалэхэм абыхэм дзы къыфIащу, къефийуэ, мыхъумыщIагъэ кърапэсу щытащ, ауэ хуэму-хуэмурэ къесэжащ. Япэ илъэсым къриубыдэу еджапIэм зы хъыджэбз закъуэ кIуэуэ щытамэ, къыкIэлъыкIуэ илъэсым абыхэм я бжыгъэр 30-м щIигъуат. 
«Сэ нэхъыбэу сызэхъуапсэр сабий гъэсэнымрэ сымаджэхэм якIэлъыплъынымрэт. Сегупсысыжри, сымаджэхэм ядэлэжьэныр си гум нэхъ къыдыхьэрт», - итхыжащ иужькIэ Сусловэ Надеждэ. Апхуэдэущ ар Санкт-Петербург дэт Медико-хирургие академием и дэIуакIуэ зэрыхъуар. Езым къищынэмыщIа, еджапIэм иджыри хъыджэбзитI щIэсу арат а гъэм. 
Пщащэр еджэм и закъуэ мыхъуу, къэхутэныгъэ гуэрхэри иригъэкIуэкIырт. 1862 гъэм абы и Iэдакъэ къыщIэкIауэ щытащ ток зэуахэм я щIыфэм зэрызихъуэжым теухуа тхыгъэшхуэ. Ар къытрадзащ «Медицинский вестник» журналым. ЩIэныгъэ лэжьыгъэ ебгъэкIуэкIын папщIэ ар зыгуэрурэ бгъэунэхун хуейтэкъэ?! КъызэрыщIэкIымкIэ, езы Надеждэ ток зригъэуэжурэ и щIыфэм зэрызихъуэжыр къипщытэу арат. 
«Надеждэ адрей пщащэхэм зыкIи ещхьтэкъым. Нэрылъагъут ар щIэныгъэм зэритхьэкъуар, щIэныгъэм и гур зэрыхуитхьэщIыкIар. ЕджапIэм къекIуалIэ хъыджэбзхэм я нэхъыбэм закъыфIэщIыжат, абы ирипагэт, еджапIэ щIэмыс адрей пщащэхэр яфIэдыхьэшхэнт. Надеждэ еджапIэм щIэкIуэр зигъэлъэгъуэн щхьэкIэтэкъым. Ар пэж дыдэу еджэрт», - итхыжащ абы и цIыхугъэ Панаевэ Авдотье. 
Пщащэм и егъэджакIуэу щытащ физиолог цIэрыIуэ Сеченов Иван, терапевт Боткин Сергей сымэ. Ауэ 1863 гъэм Урысейм и еджапIэ 25-м щыщу 23-м бзылъхугъэхэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ мыарэзыуэ Iэ яIэтащ. Арэзыр Харьковрэ Киеврэ дэт еджапIэхэрат. Апхуэдэу, Надеждэ къыщIадзыжауэ щытащ еджапIэ нэхъыщхьэм. Пщащэ зэчиифIэм ар уз зэрыхуэхъунур ищIэ хъунт профессор Боткиным… Чэнджэщ къритащ Урысейм икIыу, нэгъуэщI къэралыгъуэ щыпищэну. Сусловэр Швейцарием щеджэну зэрыхъуапсэр и адэм щыжриIэм, зэран къыхуэхъуакъым, уеблэмэ хуабжьу щыгуфIыкIащ. Урысейм бзылъхугъэхэм паспорт къыщратыртэкъым, цIыхум хамыбжэ нэхъей. 
1864 гъэм Надеждэ Цюрих кIуащ. Ауэ абыи зыри къыщыщыгуфIыкIакъым пщащэм. ИкIи, медицинэмкIэ факультетым Сусловэр щеджэну хуэфащэрэ хуэмыфащэрэ зэхагъэкIын папщIэ, комиссэ щхьэхуэ зэхашауэ щытащ. «Мадемуазель Сусловэр еджапIэм щIэдгъэтIысхьэнущ, ар медицинэм зезыпщыта япэу икIи иужьрей бзылъхугъэу зэрыщытыр псори ящIэн къудей щхьэкIэ», - къысхужаIащ щIэныгъэлIхэм. Ауэ абыхэм я гущхьэ къэкIыххэтэкъым пщащэхэр мин бжыгъэкIэ си ужь къызэриувэнур!», - итхыжащ Надеждэ иужькIэ. А махуэм пщащэм и щхьэгъубжэ лъабжьэм студент гуп къыщызэхэувэри, фийуэ, хъуанэу нэху щыху щызэхэтауэ щытащ, абджри мывэкIэ хакъутыхьащ, щIэныгъэм гущыкI хурагъэщIын папщIэ. 
Хуэм-хуэмурэ щIалэхэр къесэжащ бзылъхугъэм. ИкIи 1867 гъэм, илъэс 24-рэ ирикъуауэ, Надеждэ и дохутыр лэжьыгъэр пхигъэкIыну тегушхуащ. Университетым и унафэщIым ищIэнур ищIэртэкъым. НэхъапэIуэкIэ зы бзылъхугъи дохутыр IэщIагъэ зригъэгъуэтауэ яцIыхуртэкым, бзылъхугъэм апхуэдэ лэжьыгъэ и пщэ дэплъхьэ хъуну, пэлъэщыну и фIэщ хъуртэкъым. Хабзэмрэ хуитыныгъэхэмрэ набдзэгубдзаплъэу ириплъэжри, арэзы техъуащ ректорыр. 
Сеченовым и нэIэ щIэту итха «Лимфэм и ухуэкIэм» теухуа докладыр Сусловэм утыку къызэрырихьэм едэIуэну къызэхуэсат Европэ къэралыгъуэхэм я лIыкIуэхэр. ИкIи псоми ягъэщIагъуэу пхигъэкIауэ щытащ и лэжьыгъэр, япэ бзылъхугъэ дохутыр цIэ лъапIэри къыхуагъэфэщащ. 
Надеждэ Швейцарием къыщицIыхуат Эрисман Фридрих, медицинэ къудамэм щеджа щIалэр. 1868 гъэм Надеждэ абы дэкIуащ. ЦIыхубзым зэи ибзыщIакъым Европэм щыпсэуну зэрыхуэмейр. Арати, и щхьэгъусэр щIыгъуу Сусловэм Урысейм къигъэзэжащ. ЩIалэр урысей медицинэм хъарзынэу хэпшэхъуащ, православиер къищтэри, Федор Федорович цIэри зыфIищыжащ. Илъэс бжыгъэ дэкIами, Урысейм зыми зыщихъуэжатэкъым - Швейцарием щеджами, дохутыр тхылъыр къратами, и щIэныгъэр мыбдежи щигъэлъэгъуэн хуейт цIыхубзым. ЕтIуанэу экзамен Урысейм щитыжа нэужьщ ар медицинэм щрагъэкIуэлIар. 
ЗэщхьэгъуситIыр Нижегородскэ щIыналъэм Iэпхъуэжри, унэм щылажьэу, сымаджэхэр къахуэкIуэурэ еIэзэу яублащ. Хэхъуэр мащIэт, тхьэмыщкIагъэ дыдэ иуват. 
1896 гъэм Николай ЕтIуанэр пащтыхьыгъуэм къызэрытеувар щагъэлъапIэ пэкIум цIыхухэр щызэрыпIытIри, цIыху мин бжыгъэхэр хэкIуэдауэ щытащ. Ар зигу къеуэ студентхэр иужькIэ уэрамым къыдыхьащ, властымкIэ мыарэзыуэ. Студентхэр щаубыдым, Сусловэм и щхьэгъусэр утыку къихьащ абыхэм къащхьэщыжу. АфIэкIа хэмылъу Эрисманыр яубыдри, Швейцарием ягъэкIуэжащ. Надеждэ щхьэзакъуэу къыщынэм, Боткиным дэлажьэу щIидзащ.
И щхьэгъусэм политикэ IуэхукIэ нэмыплъ къызэрилэжьам къыхэкIыу, Надежди зэпымычу къэралыр къыкIэлъыплъырт. Ар къэралым и бийуэ къалъытэрт. Уеблэмэ и адэм хуитх тхыгъэхэр зэтечауэт зэрылъэIэсыр.
Ауэрэ и щхьэгъусэм пыкIащ Надеждэ. Езыр хэкум ирагъэкIынутэкъым, модрейми кърагъэгъэзэжынутэкъым. Илъэс зыбжанэ дэкIри, профессор-гистолог Голубев Александр дэкIуэжащ Сусловэр. Абы Кърымым жызум щигъэкIыу, шагъыр ищIу Iуэху щиIэти, Надеждэ Кърымым Iэпхъуэри, мэкъумэшыщIэхэм пщIэншэу еIэзэу щIидзащ. 
1918 гъэм граждан зауэм щIидзэри, мылъкуу яIэр яIэщIэкIащ зэлIзэфызым. Ар удын хуэхъури, Надеждэ и гур зэгуэудауэ щытащ. ЗэрыжаIэмкIэ, зэрыщIалъхьэжын бостей тэмэм иIэжтэкъым дохутырым. 
Япэ урыс бзылъхугъэ дохутырым 2012 гъэм фэеплъ щыхуагъэуващ Алуштэ. Дэфтэрхэм и зы тхыгъэ кIапэ къыхэнакъым, щIалъхуа щIыналъэми и цIэр зы уэрам щыфIащакъым. Ауэ 20-нэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм Сусловэм хиша лъагъуэм ирикIуауэ щытащ цIыхубз 550-рэ!

 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться: