Псоми я зэхуэдэ лъапIэныгъэ

ГуащIэдэкIым зэщIэкIуэ иIэкъым. Сыт хуэдэ IэщIагъэми цIыхур иузэщIыну, дахагъэм хуиунэтIыну, фIым хуигъэушыну къару иIэщ, арагъэнущ ахэр лъэпкъым и фIыгъуэ мылъытэу къыщIалъытэри. Къэдвгъащтэт арджэныр. УеплъынкIэ зэрыдахэм и закъуэкъым абы и лъапIэныгъэр. Арджэным илъэс минхэм къыкIуэцIрихащ къэзыгъэщIа лъэпкъым и дуней лъагъукIэр, и гузыхэщIэхэр, и гупсысэкIэр. ПщIынкIэ къупынщыпын дыдэми, абы ухуегъасэ шыIэныгъэм, къыпхелъэ бэшэчагъ, нэхъыщхьэращи, дунейм къытехьэ дахэщысэм гъуэгу пхеш, нэгъуэщIхэр къытехьэну иригъэблагъэу. Сыт хуэдэ IэщIагъэми хэлъщ малъхъэдис къару гуэр, узригъэхъуапсэу, узыIэпишэу, уемыувэлIэнкIэ Iэмал имыIэу укъыхуриджэу. Апхуэдэ гупсысэхэрат щхьэм щызэблэкIыр Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ щекIуэкIа Iуэхугъуэ дахэм.

ЦIыху IэпэIэсэхэр, зи къэгъэщIыгъэхэр лъэпкъ гъуазджэм и хэлъхьэныгъэ лъэщ хъу IэщIагъэрылажьэхэр гупсысакIуэщ. ЦIыху къызэрыгуэкIхэм къащхьэщыкIыу, абыхэм дунейр нэгъуэщIынэкIэ ялъагъу, нэгъуэщI пщалъэкIэ къалъытэ. Арат щыплъагъури УФ-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI, Урысейм Сурэт гъуазджэхэмкIэ и академием и академик СэвкIуу Хьэмид Пащты Герман и цIэр зезыхьэ лъэщапIэм деж щIалэгъуалэм папщIэ къызэригъэпэща дерс дамэдазэм. «Кавказ щIыналъэр: къэкIуэнум и малъхъэдис гъуэгукIэ» зэджэ щIэныгъэ-егъэджэныгъэ пэхуэщIэм и зы Iыхьэ зэхуэсыр, абы и къалэн нэхъыщхьэхэр зыхуей хуэзэу зэблэзыгъэкIри Урысейм Сурэт гъуазджэхэмкIэ и академиерщ.

Дерс дамэдазэм кърихьэлIащ КъБКъУ-м и мызакъуэу, Ставрополь щIыналъэмрэ Дагъыстэнымрэ гъуазджэ щIэныгъэхэмкIэ IэщIагъэ щрагъэгъуэт еджапIэхэм я гъэсэнхэр. Гуапэу щIалэгъуалэм яIущIа сурэтыщI цIэрыIуэм дерсыр щригъажьэм, ар зытриухуэну Iуэхум кIэщIу къахутепсэлъыхьри, абы щхьэж щIилъхьэну купщIэмкIэ дэтхэнэми хуитыныгъэ яритащ. СэвкIуийм зэIущIэм зэпсэлъэныгъэкIэ еджащ, сыту жыпIэмэ, сурэтыщIым зэрыжиIамкIэ, «псалъэмрэ гупсысэмрэ щызэIэпэгъум дежщ Iуэхур гъуэгудэх куэд къыхухэмыкIыу щыкIуатэр». Псалъэр СэвкIуийм къызэрыгуэкIыу щымыт щытыкIэм (экзистенциальное состояние) и гъунапкъэу къелъытэ. ЕгъэджакIуэм и Iэпэр чэтэным щытрилъхьа меданым къыщегъэжьауэ, щIэсхэм псоми заумэзэхащ, лапхъэм къызэринэкI лъэужьым и дэтхэнэ гъэшыпIэми къаIуэтэнкIэ хъуну зыгуэр хэлъу къафIэщIу, къэунэху пкъыгъуэхэм яхилъхьэ гупсысэр яIэщIэкIынкIэ гумэщIу зауэщэхуащ. ИкIи, пэжыр жыпIэмэ, арат зэрыщытыр – сурэтыщIым ищI теплъэгъуэр зэбгъэщхь хъун щыIэми, хуэдэ дыдэтэкъым, зэпшалIэ хъун гуэр къэбгъуэтми, зэуэ пхуепхыфыртэкъым. Арыххэуи, чэтэным тращIыхь пкъыгъуэмрэ абы халъхьэ плъыфэмрэ зы Iуэхугъуэ гуэрым и дамыгъэу, ар мифологие гупсысэкIэ зыщIэлъ теплъэгъуэу зэрыщытыр гурыIуэгъуэ хъууэ хуежьэрт. Бадзэ лъэтамэ, зэхэпхыну щэху хъуа пэш нэхушхуэм лэжьыгъэ зэрыщекIуэкIыр, цIыху зэрыщIэсыр къозыгъащIэр Прокофьев Сергей и «Ромеорэ Джульеттэрэ» оперэм и макъамэрат.

– Дызытет лъагъуэм и псыпэхэш хъуа ди нэхъыжьхэм, ксилографиемкIэ еджапIэ псо зиIэ Пащты Германрэ лъэпкъ графикэм и тхьэмадэ Бгъэжьнокъуэ Зауррэ уащхьэпрыпсэлъыкIыу зыгуэр жыпIэныр тыншкъым, уеблэмэ Iэнкуну ущытщ, ауэ дытегушхуэу утыку дыкъыщихьакIэ, жытIапхъэм фащэ щыттIагъэмэ, игъуэщ. Дыщыпсэу дунейр интеллект IэрыщIым и лъэхъэнэщ, технологиещIэхэм я далэщ. Нобэ интеллект IэрыщIкIэ архитектурэ бзыпхъэхэр зэхалъхьэ, программэ щхьэхуэхэр зэхагъэувэ, дызыхуэкIуар аращи, сурэтхэри ящI. Абы хэлъ фIагъ псом сытепсэлъыхьынкъым, ауэ и щыщIагъэхэр IупщIу солъагъу. ИгъащIэ лъандэрэ къекIуэкIа IэщIагъэ куэд а щытыкIэм кIуэдыпIэ ирегъэувэ. Езы «IэщIагъэ» псалъэм девгъэгупсысыт… Iэм ищIам хуэдэу цIыхур зыщыгуфIыкIыж куэд щыIэу къыщIэкIынкъым, сыту жыпIэмэ абы кърит гукъыдэжым зрегъэузэщI, гупсысэщIэхэр къыхуегъэуш. Сэ жьыр къыхызох, IэкIэ щIам си гур нэхъ ехуэбылIэу зэрыщытым къыхэкIыу, сыт хуэдэ IэщIагъэми цIыхупсэ хэлъын хуейуэ къызолъытэ. Уеблэмэ, смартфоныр IэщIыб сщIыну си мурадщ, цIыхум уи щхьэкIэ уепсэлъэным нэхъ лъапIэрэ лъэщрэ щымыIэу къысщохъури. Ари къызэрыгуэкIыу щымыт щытыкIэм и зы гъунапкъэ лIэужьыгъуэщ, си философием тегъэщIапIэ ищI Iуэхугъуэщ. Графикэр къару лъэщ зиIэ IэщIагъэщ. ПлъыфитI къудейкIэ – фIыцIэрэ хужькIэ – Iуэхугъуэ къызэрыгуэкI куэд дыдэ къыпхуэгъэлъэгъуэнущ. Емрэ фIымрэ, нэхумрэ кIыфIымрэ зэрызэпэщIэтым хуэдэу, а плъыфитIым я зэхуаку дэплъэ зэхущытыкIэм елъытауэ, дунейм и щэху куэдым еплъыкIэщIэ къахуэбгъуэтыфынущ. Девгъэгупсыс а плъыфитIым я къарур здынэсым, девгъэплъ «ткIыбжьагъ» зыхэмылъ лапхъэхэм я зэфIэкIыр зыхуэдизым, – иришэжьащ и лэжьыгъэр СэвкIуий Хьэмид.

– Насыпышхуэщ зи щIалэгъуэ дахэр езыхьэкI еджакIуэхэр мыпхуэдэ дерс дамэдазэхэм кIуэуэ зи гуащIэдэкIыр дуней псом къыщащIэ сурэтыщIым и IэщIагъэм и щэхухэр зэрызрагъэщIэфыр. Дэ апхуэдэ Iэмал диIакъым, ар къэгъэнауэ, ди пщIыхьэпIи къыхэхуэртэкъым мыпхуэдэ дерсхэр ебгъэкIуэкI хъуну. А псор зи фIыщIэр «Кавказ щIыналъэр: къэкIуэнум и малъхъэдис гъуэгукIэ» зэджэ щIэныгъэ-егъэджэныгъэ пэхуэщIэращи, иджыри зэ абы сызэрыщыгуфIыкIыр къыхэзгъэщынут. ПэхуэщIэм ипкъ иткIэ зэхуэс щIагъуэхэр ди щIыналъэм щIэх-щIэхыурэ къыщызэрагъээпщ, зи IэдакъэщIэкIхэмкIэ цIэрыIуэ хъуа сурэтыщIхэр ди деж къакIуэурэ гуимыхуж зэIущIэхэр ди ныбжьыщIэхэм драгъэкIуэкI. Ар зимыуасэ щыIэкъым. Нэгъабэ СэвкIуий Хьэмид ди хэгъэгумрэ Бытырбыхурэ я мызакъуэу, зэрыкъэралу и цIэр жаригъэIащ. Абы и гуащIэр зэрылъэщ дыдэм шэч хэлъкъым, ар куущ, бгъуэщ, лъащIэншэщ. Дерс дамэдазэм и къызэгъэпэщыкIэ хъуари, зэрекIуэкIа щIыкIэри, абы къиIэта Iуэхугъуэхэри – псори СэвкIуийм зи гугъу ищIа, къызэрыгуэкIыу щымыт щытыкIэм и щапхъэщ. Мы лэжьыгъэ дахэр гукъинэж зэрыхъунум шэч къытесхьэркъым, абы къызэрыкъэлъыкIуэнуIари хьэкъщ. Тхьэм фригъэфIакIуэ псори! – жиIащ сурэтыщI Бгъэжьнокъуэ Заурбэч.

– Шэч хэлъкъым – гъуэгу техьагъащIэ сурэтыщIыр гъуазджэм и пIалъэр къэзыщIам хуэзэныр, епсэлъылIэныр, и гупсысэкIэ щыгъуазэ зыхуищIыныр мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхущ. СэвкIуий Хьэмид Урысейми хамэ къэрал куэдми фIыуэ къыщащIэ сурэтыщIщ, абы и IэдакъэщIэкIхэр щахъумэ хамэ щIыналъэхэм щыIэ музейхэми, уней хъарзынэщхэми, еджапIэ нэхъыщхьэхэми. Си щхьэкIэ срогушхуэ си лъэпкъэгъу щIалэм и зэфIэкI лъагэхэм, си гуапэ дыдэщ мыпхуэдэ дерс сыщIэсыну Iэмал зэрызгъуэтари, – жиIащ Пащты Герман.

Дагъыстаным къикIа щIалэгъуалэ гупым я пашэ, Мэхъэчкъалэ дэт, егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр къэрал университетым сурэт щIынымкIэ и профессор Мусаевэ Наталье къызэрыхигъэщамкIэ, къызэрыкIуэу чэтэным трагъэзэгъа лапхъэм гупсысэ куу зыщIэлъ теплъэгъуэ къищIыкIа хъуащ.

– КIуэрыкIуэм тету деувэлIауэ къытщыхъу щхьэкIэ, зыбжанэ лъандэрэ щхьэм щызэблэкIа гупсысэхэм я къэгъэщIыгъэу зэрыщытыр нэрылъагъущ мы графикэр. КупщIафIэщ, ауэ, гъэщIэгъуэнращи, щхьэж и еплъыкIэрэ бгъэдыхьэкIэкIэ абы къиIуатэр утыку хэти кърихьэ хъунущ. Щыуагъэщ, сурэтыщIыр апхуэдэу егупсысакъым, жыпIи хъунукъым. СызыщIэупщIэнур зы Iуэхугъут. Дамыгъэ теплъэ иIэу, нэщэнэ пыухыкIам и жыпхъэм иту пщIа теплъэгъуэм дин гупсысэ гуэр хэлъ?

СэвкIуий Хьэмид къэпсэлъахэм псоми фIыщIэ яхуищIри, профессорым и упщIэм жэуап иритыжащ:

– Теплъэгъуэр, пэж дыдэу, зэрызэхэт пкъыгъуэхэм зыбжанэ лъандэрэ сегупсысырт. Зыпкъ гуэр игъуэтыну сыщыгугъакъым. Апхуэдэу щыт пэтми, дамыгъэм е нэщэнэм къарыкIыр дин гуэрым и кIуэцIым къыщумылъыхъуэмэ, нэхъыфIщ. СурэтыщI къэс езыр щхьэхуэу щыIэщ, щхьэхуэу мэгупсысэри, абы и щхьэм щызэблэкI къомым ухэплъэмэ, укъэуIэбжьынкIэ хъунущ. Арыххэуи, дин щапхъэ хэслъагъуэркъым. Фэри къыщывмылъыхъуэмэ, нэхъыфIу къызолъытэ. Теплъэгъуэм къыхэщыр цIыху псоми я зэхуэдэ лъапIэныгъэхэрщ: гъуэгурщ, гъэзэжынырщ, къэлъыхъуэнырщ, купщIэрщ. Сыт сызыхущыIэр? Дэнэ сыздэкIуэр? СыкъызыхэкIар сыт? – мы упщIэхэм я жэуапыр дапщэщи къыдолъыхъуэ.

ЗэIущIэм и кIэм ныбжьыщIэхэм я пхъэшыкъухэм телъ сурэтхэр Хьэмид и пащхьэ иралъхьащ. Дауи, а псор СэвкIуийм и IэдакъэщIэкIым тетхыкIа сурэтт, ауэ, езым зэрыжиIащи, сюжетыр лъабжьэу къэнами, абы къещIэкIа хъуну Iуэхугъуэхэм ахэр нэгъуэщI лэжьыгъэ ищIынущ. Зэманрэ шыIэныгъэрэ халъхьэмэ, дунейм щызэлъащIысын лэжьыгъэ купщIафIэ къызэрыкIынкIи хъунущ.

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: