Хъыбар кIэщIхэр![]() И кIэм ноблагъэ Май къалэмрэ Тэрч районым и Урожайнэ къуажэмрэ зэпызыщIэ, адэкIэ Осетие Ищхъэрэ – Аланием и гъунапкъэм екIуалIэ автомобиль гъуэгум телъ лъэмыжыр, метри 162-рэ зи кIыхьагъыр, зэгъэпэщыжыным ехьэлIа лэжьыгъэхэр и кIэм нэблэгъащ. НобэкIэ, лэжьакIуэхэм лъэмыжым и лъабжьэр ягъэбыдащ, асфальтрэ бетонрэ зэхэщIауэ гъэгум тралъхьащ. Иджыпсту, псыр Iузыш системэхэр ягъэув, псы жапIэр кърагъэбыдэкI. Лэжьыгъэхэр зэрызэфIэкIыу, а щIыпIэм къыпекIуэкIыу пIалъэкIэ ящIа гъуэгумрэ лъэмыжыжьымрэ Iуахыжынущ. IыхьитIу гуэшауэ «Коммунальнэ инфраструктурэр егъэфIэкIуэн» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Шэджэм къалэм и Кабардинскэ, Алъхъэсым и цIэр зезыхьэ уэрамхэм псы къабзэ зэрыкIуэ бжьамийхэр щаукъуэдий, псори зэхэту километри 2,6-рэ я кIыхьагъыу. ПэхуэщIэр хуэунэтIащ жыджэру иджыпсту унэщIэхэр щаухуэ «Ипщэ» хьэблэщIэр псыкIэ ирикъуу къызэгъэпэщыным. Абы къыдэкIуэу, лэжьакIуэхэм къапэщылъщ къалэ кIуэцIми жьы хъуа бжьамийхэр щызэрахъуэкIыну, къыщагъэщIэрэщIэжыну. Псалъэм къыдэкIуэу, къэрал мылъкум къыхэкI ахъшэкIэ Лениным и цIэр зезыхьэ, Советскэ уэрамхэм я бжьамийхэр, километри 6-м щIигъу зи кIыхьагъхэр, зыхуей хуагъэзэнущ. Лэжьыгъэхэр IыхьитIу гуэшауэ щытынущ икIи нэсу ахэр щызэфIэкIынур 2026 гъэрщ.
Поделиться:
Читать также:
03.08.2026 - 18:26 →
ЩIэныгъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ
18.07.2026 - 12:58 →
Я фIэфIыныгъэкIэщ зэрыхагъэхьэр
18.07.2026 - 10:56 →
Ди щIыналъэм гулъытэшхуэ щагъуэт
12.07.2026 - 12:00 →
Лъагъумыхъуныгъэ зыщIалъхьа бзэщ бзаджащIэхэм я Iэщэр
11.07.2026 - 13:01 →
Ветераным илъэсищэр хуагъэлъапIэ
| ||






