ЩIэныгъэмрэ Iэмалхэмрэ щагъэгъуазэЛышх узыфэхэмкIэ Ростов къалэм щыIэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ IуэхущIапIэм и щIэныгъэлIхэр Кърымым и дохутырхэм доIэпыкъу лышхым хуэкIуэж цIыхухъу узыр зэрагъэхъуж Iэмалхэм IэкIуэлъакIуэ хуэхъунымкIэ. Лышх узыфэхэмкIэ Ефетов В.М. и цIэр зрихьэу Кърым Республикэм иIэ сымаджэщым и дохутырхэр махуищкIэ щыIащ Ростов къалэм. Абыхэм ирагъэлъэгъуащ радиацэ зыпылъ йодкIэ брахитерапиер зэрырагъэкIуэкIыр. Мы Iэмалыр япэ дыдэу Урысейм и ипщэ щIыналъэхэм къыщыгъэсэбэпын щIэзыдзар дызытепсэлъыхь IуэхущIапIэрщ, илъэс 15 ипэкIэ. А илъэс бжыгъэм къриубыдэу ростов дохутырхэр Iэрыхуэ хуэхъуащ икIи зэпымычу къагъэсэбэп а лэжьэкIэр. А операцэм папщIэ цIыхухъум сэкIэ хэIэбэркъым, псынщIэу къотэджыж, е екIуэжыркъым. ЗэрыжаIэу, лышхым пэщIэтынымкIэ «дыщэ мардэ» зыфIаща Iэмалхэм ящыщщ. - Лышх шыкъырым радиацэ гуащIэкIэ уеуэу аращ, кIэщIу жыпIэмэ. Абы и фIыгъэкIэ лышхым къыбгъурылъ лы узыншэм зэран ухуэхъуркъым. ГъутхьэпцIу къежьэу, лышхым хуэкIуэж (рак предстательной железы) а узыфэр тынш дыдэу ягъэхъуж, къызэрыщIэкIымкIэ. зи гугъу тщIы Iэмалым кърым дохутырхэр дяпэкIэ ирилэжьэфынущ икIи а операцэ лIэужьыгъуэр зэрырагъэкIуэкIыну IэмэпсымэхэмкIи къызэрагъэпэщащ я сымаджэщыр, - жеIэ медицинэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, онкоуролог Фаенсон Александр. Гу лъытапхъэщ: Кърымым апхуэдэ операцэ щащIын хуей хъумэ, ростов щIэныгъэлIхэм я нэIэ щIэтущ ар зэрекIуэкIынур. Мы лэжьыгъэр къызэрагъэпэщащ «ГъащIэ кIыхь, гъащIэ узыншэ» лъэпкъ Iуэхум ипкъ иткIэ.
Поделиться:
Читать также:
18.05.2026 - 11:25 →
Тщымыгъупщэну унафэ щыIэщ!
16.05.2026 - 10:00 →
Терроризмэм щэнхабзэр и бийщ
15.05.2026 - 17:26 →
Адыгэм и хьэщIэр быдапIэ исщ
11.05.2026 - 15:18 →
ЩIэуахътыншэри аращ
09.05.2026 - 10:07 →
ЛIэщIыгъуэкIэ лIакъуэхэм зэIэпах
| ||




