Аруан щIыналъэм щызэфIагъэкIахэмрэ къапэщылъхэмрэ![]() КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ Аруан щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ ЛIыжьыкъуэ Хьэзрит. ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ дызэрыт илъэсым къриубыдэу щIыналъэм игъуэта зыужьыныгъэм, къэкIуэну зэманым къапэщылъ лэжьыгъэхэмрэ къалэнхэмрэ. Къалэхэр зыхуей хуэгъэзэным ехьэлIа федеральнэ проектым къриубыдэу Нарткъалэ, Псыгуэнсу жылэхэм я цIыху зыгъэпсэхупIэхэр зэпэщ ящIащ. Урысейпсо онлайн-IэIэтым кърикIуа Iуэхугъуэхэр я тегъэщIапIэу, етIанэгъэ къагъэщIэрэщIэнущ Нарткъалэ Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым хиубыдэ утыкушхуэр. КъинэмыщIауэ, Аруан, Старэ Шэрэдж къуажэхэм я дыхьэпIэхэр зэпэщ ящIынущ.
Поделиться:
Читать также:
25.10.2026 - 13:20 →
Узыгъэгупсысэ тхыгъэхэр
26.09.2026 - 09:00 →
ИрагъэкIуэкIащ къызыхуэтыншэрэ шынагъуэншэу
12.09.2026 - 12:46 →
Хабзэхэр зэрагъэзащIэм кIэлъоплъ
05.09.2026 - 10:25 →
Аруан щIыналъэм и зыужьыныгъэр
11.07.2026 - 12:00 →
Хабзэхэм щыхэплъащ, зэхъуэкIыныгъэхэри халъхьащ
| ||





