Шынагъуэншагъэр къалъытэ

УФ-м къэрал кIуэцI Iуэху­хэм­кIэ и министерствэм ­Тран­­с­пор­тымкIэ и управленэу КИФЩI-м щыIэм и унафэщI, полицэм и генерал-майор Шмет­ков Виктор КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ ­хуэзащ. 

ЗэIущIахэр тепсэлъыхьащ щIыналъэм шынагъуэншагъэр щызэтеIыгъа хъун папщIэ, мыхьэ­нэшхуэ зиIэ транспортым и инфраструктурэм и щытыкIэр зы­хуэдэм. 
КIуэкIуэ Казбек Шметков Виктор чэнджэщкIэ къызэрылъэIэсам папщIэ фIыщIэ хуищIащ икIи ехъулIэныгъэ иIэу лэжьэну ехъуэхъуащ. 

Поделиться: