Хабзэм тету лэжьапIэ гъэувыныр![]() Къэбэрдей-Балъкъэрым Лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжынымкIэ и министерствэм къызэритамкIэ, республикэм IэнатIэ къэзылъыхъуэхэмрэ лэжьакIуэ хуэныкъуэ IуэхущIапIэхэмрэ ехьэлIауэ Iуэхум фIы и лъэныкъуэкIэ зихъуэжащ. ЖыпIэнурамэ, дызэрыт илъэсым щэкIуэгъуэм и пэщIэдзэхэм ирихьэлIэу лэжьапIэншэхэм я бжыгъэм хэщIащ, IэнатIэ зэпэубыдари нэхъ мащIэ хъуащ. КъБР-м цIыхухэм IэнатIэ къахуэзыгъуэт и къулыкъухэм лэжьапIэншэу щытхахэм я бжыгъэр мин 1,9-м нэсу ехащ, нэгъабэ щыIа мини 2,7-м елъытауэ. Апхуэдэуи, IуэхущIапIэхэр зыхуэныкъуэ IэщIагъэлIхэм е лэжьакIуэхэм щхьэкIэ абы хущIэкъу цIыхухэм я бжыгъэми кIэрыху зэпытщ. Ар и щыхьэтщ лэжьыгъэ къэбгъуэтыну нэхъ тынш зэрыхъуам. Псалъэм къыдэкIуэу, республикэм и IуэхущIапIэхэм лэжьакIуэ мини 7,2-рэ къалъыхъуэу центрхэм лъэIухэр щIалъхьауэ щIэлъщ. Дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэри, лэжьапIэншэу зезыгъэтхахэм ящыщу 1347-м IэнатIэхэр къыхуагъуэтащ. Апхуэдэуи министерствэм Iуэху пыухыкIахэр ирегъэкIуэкI, щыIэ хабзэхэр къызэпауду, зэгурыIуэныгъэхэр ямыIэу IэнатIэ Iутхэмрэ налогхэххэм я деж зыщезымыгъэтхахэмрэ къыщIэгъэщыным, ахэр хабзэм тету лэжьапIэ гъэувыным хуэунэтIауэ. Иджыблагъэ а Iуэхум теухуа зэIущIэ иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Къуныжь МуIэед. КъБР-м лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжынымкIэ и министр Тогузаев ТIэхьир абы щытепсэлъыхьащ и унафэ щIэт IэнатIэм дызэрыт илъэсым и мазибгъум иригъэкIуэкIа лэжьыгъэхэм. ЗэIущIэм къыщыхэщащ 2025 гъэм жэпуэгъуэм и 1-м ирихьэлIэу лэжьыгъэ зэгурыIуэныгъэхэр зимыIэ, налог хэзых IэнатIэхэм щамытха цIыхухэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ я бжыгъэр 6046-рэ зэрыхъуар. ИужькIэ, абыхэм ящыщу 5739-р щыIэ хабзэхэм хуагъэкIуэжащ. Апхуэду, цIыху 398-м лэжьыгъэ зэгурыIуэныгъэхэр IуэхущIапIэхэм иращIылIащ, налог хэзых IэнатIэхэм зыщрагъэтхащ уней IуэхущIапIэу 2804-м, я щхьэ хуэлэжьэжыну 2534-м, мэкъумэш IуэхущIапIэу 1-м. Министерствэм иригъэкIуэкI Iуэхухэм ехьэлIауэ КъБР-м и муниципалитетхэм щыIэ лэжьакIуэ гупхэм я зэфIагъэкIыр къызэралъытэ рейтингыщIэм къызэригъэлъэгъуамкIэ, Май, Лэскэн, Iуащхьэмахуэ районхэм япэ увыпIищыр яубыдащ.
Поделиться:
Читать также:
11.09.2026 - 14:13 →
Лъэпкъыбзэхэм я махуэм ирихьэлIэу
06.09.2026 - 13:28 →
Тхыдэ пэжыр хъумэным и мыхьэнэр
01.09.2026 - 12:58 →
Узыр къызэращIэ щытыкIэхэр
31.08.2026 - 16:38 →
Франджы пащтыхьым пщIэ зыхуищIу щыта лъэпкъ
30.08.2026 - 10:59 →
Кхъужьей жыгым и тхыдэр
| ||





