Кхъуеймрэ кхъуейлъалъэмрэ![]() 2025 гъэм и щIышылэм – фокIадэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым гъэшым елэжь и IуэхущIапIэхэм кхъуейрэ кхъуейлъалъэу къыщIагъэкIам и куэдагъым проценти 6,2-кIэ хагъэхъуащ е псори зэхэту тонн мини 3,7-рэ хъууэ. Апхуэдэуи шатащхьэм и куэдагъми проценти 7,2-кIэ хагъэхъуащ а пIалъэм къриубыдэу е тонни 121-рэ. Ауэ псом нэхърэ нэхъыбэу ирагъэхъуар шэ зэфэрщ. Дызэрыт илъэсым и щIышылэм – фокIадэм а шхыныгъуэм щыщу къыщIагъэкIам и куэдагъым процент 22,6-кIэ хэхъуащ: тонн бжыгъэкIэ – мин 32,5-рэ. Къэбыстэр яхуобагъуэ
Псалъэм и хьэтыркIэ, Бахъсэненкэ къуажэм «Пекин» къэбыстэр гектар 15-м нэблагъэм къыщытрахыж мы гъэм. Дунейм иIыгъ щIыIагъым емылъытауэ а лIэужьыгъуэм илъэс къэс гъавэ бэв къит хабзэщ. МэкъумэшыщIэхэм нэхъыбэу хащIэр «Капеллэ» къэбыстэрщ - зы гектарым хуэзэу тонн 60 къытокI. Мы гъэм псори зэхэту гъавэу кърахьэлIэжынум и куэдагъыр тонн 825-рэ хъуну мэгугъэхэр. «Пекин» къэбыстэ лIэужьыгъуэм куэдрэ гугъу удехьын хуейкъым: езыр псынщIэу къокI, гъавэ бэв къит зэпытщ икIи щIыIэм пэщIэтыфщ, зыри къыщымыщIу. Абыхэм я фIыгъэкIэ, ди цIыхухэм ерыскъыкIэ я шынагъуэншагъэр къызэрагъэпэщу, илъэс къэс щIы нэхъыбэ ди республикэм щыхухах. КъБР-м имызакъуэу, къэбыстэм щIэупщIэ щиIэщ къэралым и нэгъуэщI щIыналъэхэми.
Поделиться:
Читать также:
06.09.2026 - 13:28 →
Тхыдэ пэжыр хъумэным и мыхьэнэр
01.09.2026 - 12:58 →
Узыр къызэращIэ щытыкIэхэр
31.08.2026 - 16:38 →
Франджы пащтыхьым пщIэ зыхуищIу щыта лъэпкъ
30.08.2026 - 10:59 →
Кхъужьей жыгым и тхыдэр
29.08.2026 - 12:41 →
Зэрагъэпэщыж икIи куэду яухуэ
| ||






«Пекин» къэбыстэкIэ зэджэ лIэужьыгъуэр къехьэлIэжыныр Бахъсэн щIыналъэм и мэкъумэшыщIэхэм и кIэм нагъэблэгъащ икIи ехъулIэныгъэ хъарзынэхэр абыкIэ яIэщ, псом хуэмыдэу, ар хэсэным и щэхухэр зэрызрагъэщIам и фIыгъэкIэ.