Узыншагъэм гулъытэ нэхъыбэ хуащIынущ

Жылагъуэ узыншагъэр егъэфIэкIуэнымкIэ ведомствэхэм я зэзыгъэуIу советым и зэIущIэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэ­кIуэ­кIащ. 

Абы щытепсэлъыхьащ цIы­ху­бэм я узыншагъэр гъэбыдэ­-ным, япкърыт узыфэхэр и чэзум къэхутэным теухуа Iуэху­хэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIауэ IэнатIэхэр зэрызэдэлэжьэ­ну щIыкIэр щIыналъэм щызэтеу­хуэн зэрыхуейм. Апхуэдэуи и ­гугъу ящIащ сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ гъащIэ узыншэм зэрыдегъэхьэхыпхъэм. 
- Мыр къэрал IуэхущIапIэ ­псори жылагъуэри зыхэтын ­хуей лэжьыгъэшхуэщ. Мыб­-деж къыщызэхуэса дэтхэнэ зы унафэщIми - IэнатIэ зэхуэмы­дэхэм я пашэхэр, къалэ, район Iэтащхьэхэр жыджэру а Iуэхум зэрызыкъыщагъэлъэгъуэным хущIэкъупхъэщ, - жиIащ КIуэ­кIуэ Казбек.
ЗэIущIэм къыщагъэлъэ­гъуащ лэжьыгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэу щытынухэр. Советым и япэ пщэрылъхэм ящыщщ УФ-м Узыншагъэр ­хъумэнымкIэ и министерствэм и «Атрия» платформэр къагъэсэбэпу лэжьакIуэхэм я ­узыншагъэр егъэфIэкIуэнымкIэ программэ щхьэхуэхэр Iуэху­щIапIэхэм я лэжьыгъэм хагъэхьэн щIадзэн зэрыхуейр. 
Дызытехьэну илъэсым IэнатIэ Iутхэм я узыншагъэр къэп­щытэнымкIэ ирагъэкIуэкI лэ­жьыгъэм гулъытэ нэхъыбэ ­хуащIынущ. Абыхэм жыджэру къыщагъэсэбэпынущ «Узыншагъэр хъумэн» лъэпкъ проектымкIэ къаIэрыхьа, ягъэIэпхъуэ мобильнэ комплексхэр.
КъэхъукъащIэ къызэ­ры­мы­кIуэхэмрэ дэIэпыкъуэгъу псын­щIэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр медицинэ центрым къэрал, ­муниципальнэ IэнатIэхэм, IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэ­хэр щыхуагъэсэнущ япэ дэIэпы­къуныгъэр цIыхухэм зэрыхуа­щIэным и хабзэхэм. 
Республикэм и ЛIыщхьэм къыхигъэщащ зи гугъу ящIа Iуэхухэм унафэщIхэр щхьэтелъэфу бгъэдыхьэ зэрымы­хъунур. Апхуэдэу КIуэкIуэ Казбек унафэ ищIащ цIыхухэм я узыншагъэм гулъытэ зэры­хуащIыпхъэм теухуауэ, вакцинэр зыхегъэлъхьэным, диспансеризацэм хэтыным и мы­хьэнэр нэсу къыгурагъаIуэу, жылагъуэм я деж Iуэхугъуэ пыухыкIахэр щрагъэкIуэкIыну. 
ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м узыншагъэр хъумэ­нымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам, абы и къуэдзэ Хьэщ­хъуэжь Борис, республикэм егъэджэныгъэмрэ щIэны­гъэмкIэ и министр Езауэ Анзор, щIалэгъуалэм я Iуэху­хэмкIэ министр Лу Азэмэт, Дзэлыкъуэ район админист­рацэм и унафэщIым и къа­лэнхэр зыгъэзащIэ Дохъушо­къуэ Исмэхьил, Шэрэдж щIыналъэ администрацэм и Iэтащ­хьэ Кульбаев Алан сымэ.

Поделиться:

Читать также: