Псалъэхэм къарыкIыр

Аранэ – бгы папцIэ зылъэIэсыгъуей. «Мэз бжэныр бгы аранэм ихьэжащ».

Бгыжьэ – IуащхьитI гуэупсыкIам я зэхуаку, къурш жьанэ. «Бгыжьэм и лъабжьэр кIыхьу, куууэ щIэупщIыкIат».

Бгыпэ – лъагапIэм и нэз.

БгыщIэ – Iуащхьэ лъащIэ.

БгъуэщI – джабэ лъабжьэ.

БгъузапIэ – псым, гъуэгум я бгъузапIэ.

Бзэпс – шыкIэпшынэм макъыр къызэрыкI и Iыхьэ. «Уи гъуэгур бзэпсу уи псыр чэнжмэ, уехъулIащ».

Вагъуэзэшибл – жэщ вагъуэбэм къахэщ, ищхъэрэкIэ гъэза вагъуэ зэрыбын (Большая Медведица).

ГуащэIупэ – бдзэжьей цIыкIу лъэпкъыгъуэ.

ГуащIэв – бланэ, пелуан.

Гуэрэн – къуажэ цIыкIу. «Бийр къыщысым, гуэрэным дэсхэр дэIэпхъукIащ».

ГуэщIын – зыхуэгъэшэчын, узыгъэхыщIэр къызэнэкIын.

Губгъуэшэкъракъ – цIыху зэрымыс, къэкIыгъэ щIагъуэ къыщымыкI губгъуэ.

Губжьых – тэмакъкIэщI, и пIэ къипшыну тынш.

Губорэ – яжьэмрэ дэпымкIэ щIэхъумауэ жьэгум щагъэжьа чыржын.

Гугъугус – зы пIэ имызагъэ, пIейтей.

Гуджэ – шынэкъэрабгъэ, зэщIэкIуэж цIыху.

Гуей – Iей зи гум илъ.

Гуейщей – нэщхъей, гукъыдэж зимыIэ.

ГузэпыщIэ – уанэ теплъэ зиIэу, зэгъунэгъу IуащхьитIым я зэпыщIапIэ. «Игужь ипщэм къежэха шумрэ игужь ищхъэрэм къежэха мыщэмрэ гузэпыщIэм щызэIущIащ».

Гунэгупсэ – гу щабэ, Iэсэ, щэныфIэ.

Гунэгу – и гум илъыр зи нэгу щIэплъагъуэ.

Гупсысалэ – хэгупсысыхьа, зыгуэрым игъэгузавэ цIыху.

ГупщIэуз – шынэм, щтэм къыхэкI уз.

Гурабжьэ – псалъэ дыдж, гум щIыхьэ,

Гуращэ – хъуэпсапIэ куу, гугъэ-гурылъ.

Гурей – гукъыдэжыншэ.

ГурыгъуазэкIэ – гум къыбжиIэр.

Гурыгъугъуэ – узыгъэгузавэ, гупсысэм ухэзымыгъэкI. «Зауэм гурыгъугъуэ къытхуишащ».

Гурыгъуз – гуныкъуэгъуэ зэфэзэщ.

ГууэщIу – щIыбкIэ щылъу, зи гупэр уэгум хуэгъэза.

ГуфIэ-гупсэу – насыпыфIэрэ нэщхъыфIэу.

Гухагъ (э) – гумахагъэ, гущабагъэ.

Гухэпсыхэ – Iэслъэсыгъэ.

ГухэхыпцI – пцIы дыдэ, пцIы егъэлея.

ГущкIэщI – Iэпкълъэпкъыр щIэзыгъэху щхьэжэгъуагъэ.

Гущтэ-гулэ – щтэIэщтаблэ шынэрей.

ГущIагъщIэлъ – I. Зыми хуамыIуатэ щэху; 2. Псэм и щIасэ, фIыуэ илъэгъуа.

ГъащIей – гъащIэ хьэлъэ.

Гъэбжьыгуэн – гъэикIэн, и мыхьэнэр еудыхын.

Гъэбылъын – гъэпщкIун.

Гъэдымын – макъышхуэкIэ къызэрыкIын, Iэуэлъэуэн. «Псыкъелъэ макъхэм ягъэдым къуэхъуэпсыхъуэр» (IуэрыIуатэ).

ГъэпыIэн – гъэбэяун, зэтеIыгъэн. «И шыр игъэпыIэри, лIыр хьэщIэщым щIыхьэжащ».

Гъэукхъуэжын – зэпкърыхыжын, зэхэхыжын. «ПщыIэр гъэукхъуэжын».

«Сыт бгъахъэхэр?» - сыт узыдихьэхыр, узыгъатхъэр?

Гъуалэгъуасэ – гъумэтIымэу зызышхыхьыж.

Гъуамэжь - псыпцIэ, шэдылъэ.

Гъуанэдэплъ – зи гурыгъыр ираудыха, дэхуэха.

Гъуэбжэгъуэщ – хьэршым къикIыу ЩIым и хьэуам къыхэлъатэ пкъыгъуэ (комета).

Гъуэгыгъуэ – бланэхэр, щыхьхэр, мэз бжэнхэр щыхуажэ зэман. «Гъуэгыгъуэм щэкIуэну цIыхухэр хуит ящIыркъым».

Гъуэгуакъуэ – гъуэгуанэ лей кIун. «Гъуэгуакъуэ дымыхъун, лейуэ дызэхэземыкIуэн папщIэ».

Гъуэгугъэлъагъуэ – цIыхухэр езышажьэ гъуазэ. «Гъуэгугъэлъагъуэм къызэрыджиIамкIэ».

Гъуэгуей – гъуэгу быркъуэшыркъуэ.     

Гъуэгузэгъусэ – зекIуэгъу.

Гъуэдыдж – зи кIуэцIыр куу бгъуэнщIагъ. «Ар зы махуэ гуэр зекIуэ къикIыжу къуршымкIэ къыщыщхьэдэхыжым, зы гъуэдыдж гуэр IущIащ».

Гъуэжлау – гъуэ куэд здиIэ щIыпIэ.

Гъуэфылъэ (инжыдждэсхэм зэрыжаIэу) – тIуащIэ лъабжьэм щиIэ щIыпIэ, уэх. «Шыхъуэм шы гуартэр IуащхьэжьитIым яблихури гъуэфылъэм ириутIыпщхьащ».

Гъуэхбзэхыу кIуэдащ – зэуэзэпсэу бзэхащ.

Гъуэхсэх – даущыншэ, зэщIэщыма щIыпIэ.

ГъурыкIэбжьэрыкIэ – чыху, къэрэкъурэ гъур.

Дамэрыс – мелыIыч.

Дамэрыхь – зы цIыхум и плIэ трилъхьэу хуэхьыным хуэдиз.

ДамэщI (инжыдждэсхэм зэрыжаIэу) – бгы нэкIу къехым, дапхъэ папщIэу, ущыхуэзэ щIыпIэ.

Дапхъэ, занщIапIэ – ищхьэкIэ къыщытхьам хуэкIуэу, Къэбэрдейм къыщагъэсэп.

Даущ – Iэуэлъауэ.

Даущыншэ – макъ гуэри щызэхомых, Iэуэлъауэншэ.

ДахащIэ – нэгъуэщIым и гурыгъухэр зыхэзыщIэ цIыху гумащIэ.

Дэбжьэнтхъуэн – зыдэмыIэбапхъэ гуэрым дэIэбэн.

Дэгупсэн – гурэ псэкIэ бгъэдэтын, гъэпэжын.

«Шум мэзымкIэ дигъэзыхащ» - здэкIуэр ихъуэжащ, лъэныкъуэкIэ ириIуэнтIэкIащ.

Дэдзыха – щIыпIэ дэгу, пхыдза.    

Дэжьей (дэжьий-кIахэ) – мэзыдэ цIыкIу.

ДэкIыней – «адрей бжьэпэхэр задэщ, дэкIынейщи, уи щхьэр ерагъыу пхудэх къудейщ».

ДэкIыпIэ – ДэкIыпIей – «урекIуэкIын плъэмыкIыжу, къуршыр хым къыхыхьэу дэкIыпIейт» (Нартхэр). 

Дэпкъ (инжыдждэсхэм зэрыжаIэу) – блын. «ЩакIуэм и фочыр дэпкъым хэукIа гъущIIунэм фIэдзащ».

Дэпсэн – «уи псэм Тхьэм и IэфIыр дэпси!».

ДэпыIэн – зы щIыпIэ гуэрым къыхэщтыкIыншэу щыпсэун.

«Нэхущым шу гупыр къуажэм дэпхъэрыкIащ» - зыгуэрым и лъэужь иуващ.

Дэсыхьын – къэунэхуа щытыкIэм, къыщыхута щIыпIэм есэн.

ДахащIэ – убзэн, гу щабагъэ къэгъэлъэгъуэн.

Дэшэсеин – шым тесу лъагапIэ гуэрым дэкIын.

ДыгъапIэ – дыгъэ бзийхэр зылъэIэс.

ДыгъафIэ – дыгъэм игъэнэху щIыпIэ.

Дыгъэхьэв – дыгъэр щыгуащIэ.

ДыхьэшхыкIей – къемыкIу, яфIэмыдахэ дыхьэшхыкIэ.

Дыщырыс – и адэ-анэм деж щыIэ, зи нэчыхь ятха пщащэ.

Джабэ – бгыхэм я бгъуэщI.

ДжатапIэ – джатэр щахъумэ салъэ.

Джатэпэрыжэ – зэуапIэм япэу зыIузыдзэ.

Джырыдж (инжыдждэсхэм зэрыжаIэу) – нэм щIэджылэрэ зэщIэцIууэжу къралэкIа. «Узримыгъэплъу щхъуантIэ джырыдж».

ДзакIуэпашэ – дзэшхуэм япэ ит.     

 Зыгъэхьэзырар БЭРАУ Бышэщ.

 

Поделиться:

Читать также: