Гъэсыныпхъэр хурашалIэ![]() Газыр здынэмыса унэхэм ар яхуешэлIэным ехьэлIауэ щыIэ программэр 2021 гъэм щегъэжьауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щолажьэ. Абы лъандэрэ унагъуэ 4000-м щIигъум газыр я псэупIэхэм хурашэлIащ. Дызэрыт илъэсым къриубыдэу лъэIу мини 3000 ягъэзэщIакIэщ. Программэм хиубыдэхэм, льготэ зиIэхэм, субсидиеу сом мини 100 зырыз иратынущ, газым пыщIа Iэмэпсымэхэр къращэхуну, бжьамийхэм ирыпадзэну, н.къ. папщIэ. Мыдрейуэ, пщIантIэм, унэ пэшхэм щекIуэкIыну лэжьыгъэхэм текIуэдэну ахъшэр езы унагъуэхэм я жып къикIынущ. Къэрал дэIэпыкъуныгъэ зратынухэм хеубыдэ унагъуэ быныфIэхэр, хуэмыщIауэ псэухэр, дзэ Iуэху хэхам хэтхэр, СВО-м и ветеранхэр, абыхэм я унагъуэхэр, ныкъуэдыкъуагъэкIэ 1-нэ гупым хыхьэхэр, сабий ныкъуэдыкъуэхэр зезыхьэхэр, Хэку зауэшхуэм и ветеранхэр. Фигу къэдгъэкIыжынщи, газыр здынэмыса псэупIэхэм ар яхуешэлIэным ехьэлIауэ щыIэ программэм ипкъ иткIэ льготэ зиIэхэм газ оборудованэхэр къызэращэхуамрэ я псэупIэхэм газыр ешэлIэным трагъэкIуэдамрэ 2023 гъэм къыщыщIэдзауэ субсидиеу иратыж. Абы нэмыщI, программэм цIыхухэм Iэмал ярет а гъэсыныпхъэмкIэ къызэгъэпэща къуажэхэм е дачэ щIыпIэхэм щIэуэ щаухуа унэхэм я бжэIупэхэм нэс ар пщIэншэу хуашэну.
Поделиться:
Читать также:
15.11.2026 - 12:00 →
Лъэпкъ IэфIыкIэр зи IэрыкIхэр
14.11.2026 - 11:30 →
Ахъшэр зыхуэдизынумрэ нэхъыщхьэу зытрагъэкIуэдэнумрэ
14.11.2026 - 10:00 →
Дэтхэнэм дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ
14.11.2026 - 09:00 →
Зэдэлэжьэныгъэ щхьэпэ
10.11.2026 - 17:00 →
Нейрон зэIущэр «мэгупсысэ»
| ||





