Уэрамхэр зэрагъэпэщыж![]() Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм и нэIэ щIэту лажьэ «Къуажэхэм сыт и лъэныкъуэкIи зегъэужьын» къэрал программэм ипкъ иткIэ, Бахъсэн районым хыхьэ Псыхъурей къуажэм лэжьыгъэ пыухыкIахэр щрагъэкIуэкIащ иужьрей илъэсхэм. ЖыпIэнурамэ, нэгъабэ абы и уэрамибл къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжащ. Абыхэм я нэхъыбэр цIыху минищым нэблагъэ щызэблэкI, социальнэ мыхьэнэ зиIэ IуэхущIапIэхэм ухуэзышэ гъуэгущ. Иджы, мы гъэм, уэрамхэр къызэщIагъаблэ, инженер коммуникацэхэр къагъэщIэрэщIэж. Нобэ Псыхъурей щекIуэкI лэжьыгъэхэм хыхьэу, КIэщтым и цIэр зезыхьэ уэрамым тет пхъэ пкъоужьхэр Iуахыж. 2024 гъэм зэрагъэпэщыжа, Сыжажэм и цIэр зезыхьэ уэрамым гъущI-бетон пкъоущIэхэр щагъэуващ. ИужькIэ абыхэм псоми иджырей светодиод лампIхэм хуэдэхэр щыпадзэнущ. Лэжьыгъэхэр дызэрыт илъэсым и кIэм зэфIагъэкIын мурад щыIэщ. ЩIыпIэ бюджетым къыхэкIа мылъкукIэ Бахъсэн къалэм Къалмыкъым и цIэр зезыхьэ и уэрамым псы къабзэ зэрыкIуэ, метр 350-м щIигъу зи кIыхьагъ и бжьамийхэр зэрагъэпэщыж мы махуэхэм. Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI щIыпIэ бюджетым къыхэкIа мылъкукIэ. Къалэм и псы зэбгрытыкIыпIэ нэхъыщхьэм бжьамийхэр IэщIагъэлIхэм зэрыпадзэу, щIыпIэ бюджетым щыщ ахъшэкIэ къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжынущ метр 240-м щIигъу зи кIыхьагъ езы уэрамри: Иванченкэ и цIэр зезыхьэ уэрамым деж къыщыщIэдзауэ къалэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм ухуэзышэ гъуэгум щигъэшым деж нэсыху. Бахъсэндэсхэм я шынагъуэншагъэмрэ тыншыпIэмрэ къызэрагъэпэщу, гъуэгу лэжьыгъэхэм хыхьэу, лъэс лъагъуэхэр мы щIыпIэм щIэуэ щаухуэнущ. Мыбдежым щыIэщ сабийхэм гъуазджэмкIэ я еджапIэ №1-р, спорт еджапIэр, ЗАГС-р, фэтэр куэду зэхэт унэхэр: цIыху мини 2-м нэблагъэ а хьэблэм щопсэу. Спортымрэ узыншагъэмрэ Бахъсэн районым хыхьэ Зеикъуэ къуажэм и езанэ курыт еджапIэм щаухуащ спорт лIэужьыгъуэ зэхуэмыдэхэмкIэ зыщыбгъасэ хъу иджырей утыкушхуэ. ПэхуэщIэр ягъэзэщIащ «Физкультурэмрэ спортымрэ зегъэужьын» къэрал программэм ипкъ иткIэ икIи ар хуэунэтIащ районым и спорт инфраструктурэр егъэфIэкIуэнымрэ цIыхухэр спортым дегъэхьэхынымрэ. ЩIыбым спортым зыщыхуэбгъэсэн хуэдэу, ухуэныгъэщIэр зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ нэсу зэгъэпэщащ. Псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ 800-м щIигъу хухахащ абы, лэжьыгъэхэми къыщыгъэсэбэпар пIалъэ кIыхькIэ зекIуэну иджырей ухуэныгъэ материалхэрщ. Спорт утыкушхуэм курыт еджапIэм физкультурэмкIэ и дерсхэр, зэхьэзэхуэ зэхуэмыдэхэр, нэгъуэщI Iуэхугъуэ щхьэпэхэри щебгъэкIуэкI хъунущ. Мыдрейуэ, спортым дихьэххэми, я ныбжьхэм емылъытауэ, щахущIыхьэ зэманым мыбдежым зыщагъэсэфынущ. «Къуажэм и инфраструктурэр егъэфIэкIуэнымкIэ, зегъэужьынымкIэ нобэрей утыкущIэм мыхьэнэшхуэ иIэщ. ЕджакIуэ цIыкIухэми къуажэдэсхэми иджы Iэмал ягъуэтащ спортым зыхуагъэсэну, я узыншагъэр ягъэбыдэну, гъащIэ узыншэм и телъхьэ хъуну», - жиIащ Бахъсэн щIыналъэ администрацэм спортымрэ щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и къудамэм и унафэщI Нэгъуей Амырхъан. Районым и мурадщ къэрал, щIыналъэ программэхэм япкъ иткIэ щIыналъэм и спорт инфраструктурэр иригъэфIэкIуэну, сабийхэми балигъхэми зэхуэдэу къахуэгъэсэбэп хъун хуэдэу.
Поделиться:
Читать также:
15.11.2026 - 12:00 →
Лъэпкъ IэфIыкIэр зи IэрыкIхэр
14.11.2026 - 11:30 →
Ахъшэр зыхуэдизынумрэ нэхъыщхьэу зытрагъэкIуэдэнумрэ
14.11.2026 - 10:00 →
Дэтхэнэм дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ
14.11.2026 - 09:00 →
Зэдэлэжьэныгъэ щхьэпэ
10.11.2026 - 17:00 →
Нейрон зэIущэр «мэгупсысэ»
| ||





