КъБКъУ-м и ЩIэныгъэ библиотекэм дыгъэгъазэм и 21-м зэхуэс купщIафIэ щекIуэкIащ. ЕджапIэ нэхъыщхьэм и IэщIагъэлI куэд, щIэныгъэлI мымащIэ къызрихьэлIа зэхыхьэм ягу къыщагъэкIыжащ лъэпкъ щIэныгъэлI щыпкъэ Мамбэт Хьэлым Хъызыр и къуэр. Ар къызэралъхурэ илъэси 100 ирикъуащ дыгъэгъазэм и 15-м.
КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ лэжьакIуэ, тхыдэ щIэныгъэмкIэ доктор, профессор, Мамбэт Хьэлым зи цIэр жыжьэ Iуа, щIэныгъэм и щыгу лъагэм нэсыфа адыгэ щIэныгъэлIхэм ящыщщ. Этнолог лъэщ, тхыдэдж IэкIуэлъакIуэ, къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэм и къалэмыпэм къыпыкIащ адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ я тхыдэр джыным хэлъхьэныгъэ ин хуэхъуа лэжьыгъэхэр. Абыхэм ягъуэтащ яхуэфащэ жылагъуэ, къэрал гулъытэ лъагэхэр. Мамбэтыр ящыщщ зи щIэныгъэ-къэхутэныгъэ зэфIэкIхэр ин икIи купщIафIэ адыгэ еджагъэшхуэхэм.
«Тхыдэ щIэныгъэм и къызэгъэпэщакIуэ» - арат зэреджэр КъБКъУ-м и щIэныгъэ библиотекэм и лэжьакIуэхэмрэ Социально-гуманитар институтымрэ къызэрагъэпэща зэхуэсым. Ар къызэIуихащ СГИ-м и унафэщIым и къуэдзэ Джэджырэ Хьэчим. Абы и къэпсэлъэныгъэм къыхигъэщащ мыпхуэдэ фэеплъ зэхуэсхэр щIэблэхэр зэпызыщIэ, блэкIар тщызымыгъэгъупщэ Iуэхугъуэу зэрыщытыр. АдэкIэ Джэджырэр тепсэлъыхьащ Мамбэт Хьэлым и гъащIэмрэ щIэныгъэ лэжьыгъэхэмрэ.
Абы жиIахэм къыпызыщэ доклад купщIафIэ зэIущIэм щищIащ СГИ-м тхыдэмкIэ и къудамэм и 2-нэ курсым и студент Беслъэней Астемыр. Ар тепсэлъыхьащ щIэныгъэлIым и гъащIэм щыщ Iыхьэхэм, и къалэмыпэм къыпыкIа лэжьыгъэхэм.
Къэпсэлъэныгъэм къызэрыхэщамкIэ, Мамбэт Хьэлым Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Къулъкъужын Ипщэ къуажэм 1925 гъэм и дыгъэгъазэм и 15-м къыщалъхуащ. Къуажэ школым и классибл нэужьым Хьэлым щеджащ Налшык дэт педучилищэм, иужькIэ къиухащ Къэбэрдей-Балъкъэр пединститутым тхыдэмкIэ и факультетым. 1953 - 1955 гъэхэм Мамбэтым и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ Краснодар къэрал пединститутым и аспирантурэм. А илъэсхэм Хьэлым тхыдэр щригъэджащ Тимашевск, Геленджик къалэхэм дэт курыт школхэм. 1958 гъэм абы еджэным щыпищащ Ломоносовым и цIэр зезыхьэ Москва къэрал университетым тхыдэмкIэ и факультетым и аспирантурэм.
1960 гъэм Хьэлым ирагъэблэгъащ Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым. А зэманым ирихьэлIэу Хьэлым къиухакIэт Ломоносовым и цIэр зезыхьэ Москва къэрал университетым и аспирантурэр. КъыкIэлъыкIуэ илъэсхэм ар шэщIауэ елэжьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэшыщIэхэм ятеухуа и кандидат диссертацэм (щIэныгъэ унафэщIыр Фадеев Анатолийт). ИригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэр лъабжьэ зыхуищIа лэжьыгъэр 1962 гъэм МКъУ-м и Диссертацэ Советым я пащхьэ ирихьащ Мамбэтым икIи ехъулIэныгъэкIэ пхигъэкIри, «тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат» цIэр къыфIащащ. Лъэпкъ Iуэхухэр дапщэщи зыгъэнэхъапэу дунейм тета щIэныгъэлI щыпкъэм и доктор диссертацэри а унэтIыныгъэм триухуауэ щытащ. «Адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ я псэукIэмрэ дуней еплъыкIэмрэ епха лъэпкъ щэнхабзэр» фIэщыгъэр зиIа а щIэныгъэ лэжьыгъэри щытхъушхуэ пылъу 1972 гъэм щыпхигъэкIащ СССР-м ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием ЭтнографиемкIэ и институтым. Апхуэдэу Мамбэтым къыфIащащ «тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор» цIэ лъагэр.
Адыгэ тхыдэдж Iэзэм а лэжьыгъэмкIэ хузэфIэкIащ щIыналъэм и мэкъумэшыщIэхэм я гъащIэр, ахэр зэлэжьу щытахэмрэ гупсысэу ябгъэдэлъамрэ нэсу зэфIигъэувэжын. ЩIэныгъэ лэжьыгъэ къызэрымыкIуэм Мамбэтым лъабжьэ хуищIащ илъэс куэдкIэ зыхэта къэхутэныгъэ зекIуэхэм, зэлэжьа архив дэфтэрхэм, щIиджыкIа литературэ тхыгъэхэм къарикIуахэр.
Мамбэтым и къалэмыпэм къыпыкIа тхыгъэхэм ящыщщ «Куба къуажэм и блэкIамрэ и нобэмрэ» (1968), «Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэ зыужьыныгъэм къуэш лъэпкъхэм къыхуащIа хэлъхьэныгъэр» (1984), «Адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ я лъэпкъ щэнхабзэхэр» (1994), нэгъуэщIхэри. Адыгэ щIэныгъэлI Iэзэм и гуащIэшхуэ хэлъащ ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и жэрдэмкIэ «ЩIэныгъэ» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIа «Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэр» (1967), «Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм я тхыдэр» (1988) тхылъхэр дунейм къызэрытехьами. Псори зэхэту къытрадзащ Мамбэт Хьэлым и къалэмыпэм къыпыкIа щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэу 400 щIигъу, монографиеу 20.
Жэуаплыныгъэ зыпылъ IэнатIэ куэд къызыхуэтыншэу, щытхъурэ фIыщIэрэ пылъу ирихьэкIащ Мамбэт Хьэлым. 1977 гъэм къыщыщIэдзауэ 1985 гъэ пщIондэ Мамбэт Хьэлым КъБКъУ-м щылэжьащ Совет лъэхъэнэм и тхыдэмкIэ университетым и кафедрэм и унафэщIу. КъыкIэлъыкIуэ илъэсипщIым къриубыдэу еджагъэшхуэр щытащ КъБКъУ-м КъБР-м и тхыдэмкIэ и кафедрэм и унафэщIу.
Кавказым и тхыдэр джыным хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа щIэныгъэлI щыпкъэм теухуа гукъэкIыжхэмкIэ къызэхуэсахэм ядэгуэшащ ар зыцIыхуу щытахэм ящыщу зэхуэсым кърихьэлIэфахэр. Лъэпкъ щIэныгъэм зегъэужьыным хьэлэлу хуэлэжьа еджагъэшхуэр, кавказыдж цIэрыIуэхэм хуэфащэ дыдэу ноби халъытэ Мамбэт Хьэлым Хъызыр и къуэр фIыкIэ ягу къинащ къыдэлэжьахэм, иригъэджахэм, зыцIыхуу щытахэм ящыщ куэдым. Апхуэдэхэм ящыщт КъБКъУ-м Урысейм и тхыдэмрэ Кавказыр джынымкIэ и кафедрэм и унафэщI, Мамбэт Хьэлым и нэIэм щIэту зи диссертацэхэр зыгъэхьэзыра икIи пхызыгъэкIа Гугу Маринэ, щIэныгъэлI цIэрыIуэхэу Унэж Кашиф, Къэжэр Артур, Сэбаншы Хьэжы-Мурат сымэ, нэгъуэщIхэри. Абыхэм жаIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Кавказ Ищхъэрэм академическэ гуманитар щIэныгъэм, тхыдэ щIэныгъэм я зыужьыныгъэр Мамбэт Хьэлым и цIэм къыгуэхыпIэ имыIэу зэрепхар, и къалэмыпэм къыпыкIа лэжьыгъэхэр апхуэдэ къэхутэныгъэ куэдым къазэрыщхьэщыкIыр дэфтэр лъабжьэ зэраIэмкIэ, тхыдэм и пэжыр, щIэныгъэ куур я тегъэщIапIэу зэрыщытымкIэ.
КъБКъУ-м и ЩIэныгъэ библиотекэм и унафэщI Гериевэ Аймани къызэхуэсахэм фIыщIэ яхуищIащ фэеплъ зэIущIэм зэрыхэтам папщIэ. Зэхуэсым къыщалъхьащ Мамбэт Хьэлым и фэеплъу абы и цIэр университетым и аудиторэхэм ящыщ зым фIрагъэщыну.