Къэбэрдей-Балъкъэрым и транспорт инфраструктурэм мыхьэнэ ин щызыубыд, къэрал мыхьэнэ зиIэ и автомобиль гъуэгухэм хыхьэ Новопавловск – Прохладнэ – Мэздэгу трассэр Солдатскэ гъущI гъуэгум деж щыщхьэпрыкI Iыхьэр, метр 224-рэ зи кIыхьагъыр, къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж. Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ.
Автомобиль гъуэгум щIыналъищ зэпещIэ - Ставрополь крайр, Къэбэрдей-Балъкъэрыр, Осетие Ищхъэрэ – Аланиер икIи жэщ-махуэ имыIэу машинэ куэд дыдэ, хьэлъэзешэхэри яхэту, а щIыпIэм деж щызэблокI. Абы нэмыщI, туристхэр нэхъыбэу республикэм къыщыкIуэ лъэхъэнэхэм автомобилхэр абдеж щызэтрихьэ къохъу.
Иджыпсту лэжьакIуэхэм лъэмыжым и гъущI-бетон пкъыгъуэхэр, щIэгъэкъуэнхэр зэпкърахыж, абы къыдэкIуэу, гъуэгущIэр щаухуэну щIыпIэр абы хуагъэхьэзыр. Лэжьыгъэхэр дызэрыт илъэсым и кIэхэм ирихьэлIэу зэфIагъэкIыну яубзыхуащ.
Уэрамыр зыхуей хуагъазэ
Бахъсэн къалэ администрацэм и мылъкукIэ Къалмыкъым и цIэр зезыхьэ уэрамым псы къабзэ зэрыкIуэ и бжьамийхэр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжащ. Абыхэм псори зэхэту метр 350-м щIигъу я кIыхьагъщ.
Абы нэмыщI, щIыпIэ бюджетым къыхэкIа ахъшэмкIэ метр 240-м щIигъу зи кIыхьагъ а уэрамыр зыхуей хуагъэзащ, лъэс лъагъуи щаукъуэдиящ Иванченкэ и цIэр зезыхьэ уэрамым къыщыщIэдзауэ Бахъсэн къалэм ЩэнхабзэмкIэ и уардэунэм ухуэзышэ уэрамым хыхьэжыху.
Къыхэдгъэщынщи, мы хьэблэщIэм щыIэщ сабийхэм гъуазджэмкIэ я еджапIэ, спорт школ, ЗАГС-м и къудамэ, нэгъуэщIхэри икIи цIыху мини 2-м нэблагъэ а щIыпIэм щопсэу.
КъищынэмыщIауэ, Бахъсэн псым и IуфитIри къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж, кърагъэбыдэкI мы махуэхэм. Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI къэрал программэм ипкъ иткIэ икIи абы текIуэдэну мылъкур къэрал, щIыналъэ бюджетхэм къыхэкIынущ. Дызэрыт илъэсым къриубыдэуи ахэр зэфIагъэкIын мурад щыIэщ.
Гъэмахуэм ирихьэлIэу
Прохладнэ – Елъхъуэт автомобиль гъуэгум хыхьэу Тэрч псым щхьэпрыдза лъэмыжым ехьэлIа зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэм IэщIагъэлIхэр йоужьэрэкI.
ЩIыналъэ мыхьэнэ зиIэ мы лъэмыжым зэпещIэ Тэрч, Май районхэр икIи лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ.
ЛэжьакIуэхэм иджыпсту ягъэув машинэхэр пIалъэ гуэркIэ щызэблэкIын лъэмыж. Мыдрейуэ, лъэмыжыжьым и пкъыгъуэхэр, лъабжьэхэр, къыщIэзыIыгъэ щIэгъэкъуэнхэр зэрахъуэкI икIи лэжьыгъэхэр мы гъэм гъэмахуэм и кIэм нагъэсынущ.
Псы щагъащIэркъым
2025 гъэм Бахъсэн щIыналъэм и къуажэхэм псы къабзэ зэрыкIуэ, псоми зэхэту километр 25-м щIигъу зи кIыхьагъ бжьамийхэр щызэрахъуэкIащ.
Лэжьыгъэхэр щекIуэкIащ Жанхъуэтекъуэ, Бахъсэненкэ, Къулъкъужын Ипщэ жылэхэм. Абыхэм щызэрахъуэкIащ илъэс куэдкIэ щIы щIагъым щIэлъа, жьы хъуа бжьамийхэр икIи лэжьыгъэхэр зэфIэкIа нэужь цIыху мини 8-м щIигъум псыр зэпымыуэ яIэрыхьэн щIадзащ.
Къыхэдгъэщынщи, Бахъсэн щIыналъэм и коммунальнэ инфраструктурэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIа лэжьыгъэхэр ноби ягъэувыIэркъым. Псалъэм къыдэкIуэу, мы гъэм пэрыхьэнущ, «Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым зегъэужьын» къэрал программэм хыхьэу, Бахъсэн и псы зэбгрытыкIыпIэ зэрыIыгъ яухуэм и етIуанэ Iыхьэм.