Дей жыг хадэм итщ я фэеплъыр

Интернационалист зауэлIхэм мазаем и 15-р фэеплъ махуэ щIыхуащIам щхьэусыгъуэ иIэщ. 1989 гъэм мазаем и 15-м совет зауэлIхэр Афганистаным кърашыжауэ щытащ. Совет Союзым и дежкIэ ар Афган зауэм и кIэухщ. ИлъэсипщIым нэблагъэкIэ екIуэкIа зауэм совет зауэлIу мин 15-м нэс хэкIуэдащ, мини 6 илIыкIащ абы щагъуэта фэбжьым, цIыху 311-рэ хъыбарыншэу кIуэдащ. СССР-м и республикэхэм ящыщу хэщIыныгъэ нэхъыбэ дыдэ къызылъысар РСФСР-щ (Урысей Федерацэ).
Къэбэрдей-Балъкъэрым икIауэ цIыхуи 1800-рэ хэтащ Афган зауэжьым. 54-р хэкIуэдащ. 300-м щIигъур, къагъэзэжа нэужь, зауэм хаха фэбжьым илIыкIащ. ЦIыхуищым «Дамыгъэ Плъыжь» орденыр, 112-м – «Вагъуэ Плъыжь» орденыр къыхуагъэфэщащ. «ЛIыхъужьыгъэм папщIэ» медалыр зауэлI 870-м къратащ.
Мазаем и 15-м Афганистаным щыхэкIуэда интернационалист зауэлIхэм я фэеплъым и деж пэкIу щекIуэкIащ. Абы хэтащ Афганистаным щызэуахэр, абыхэм я унагъуэхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр. 
«Боевое братство» урысейпсо жылагъуэ ветеран зэгухьэныгъэм и республикэ къудамэм и унафэщI, афган зауэм и ветеран Абэнокъуэ Владимир къызэхуэсахэм захуигъэзащ: 
- Нобэ дыщытщ Афган зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъым деж , зи псэ зытахэм ди щхьэр яхуэдгъэщхъыу, зауэ гъуэгуанэм епха гукъэкIыжхэмкIэ дызэдэгуашэу. Илъэс 37-рэ дэкIащ ди сэлэтхэр а щIыпIэм къызэрырашыжрэ. Ауэ щыхъукIэ Афганистаным и жьыбгъэр къыщопщэ иджыри ди гущIэм. ДощIэж махуэ гуащIэхэр, хэщIыныгъэхэр, зи псэ зыта ди ныбжьэгъухэм я псалъэхэр. Ди гум гуауэу илъщ я унэм емыкIуэлIэжыфа ди ныбжьэгъухэр. Абыхэм я фэеплъыр дохъумэ, дыхуейщ ди щIэблэми ар ягурыдгъэIуэну, Афганистаным щызэуахэм я щIыхьыр хъумэным къыпащэну, - жиIащ абы.
- Нобэрей махуэр махуэгъэпсым къызэрыщыхэгъэщам и щхьэусыгъуэм уасэшхуэ щIатащ. Къытхэмытыж зауэлIхэр ди гум къыдогъэкIыж я фэеплъым деж дыкъыщызэхуэсурэ. Афганистан… Мы псалъэр зи нэIуасэхэм ящIэ абы къуэшыгъэ, лIыгъэ, псэзэпылъхьэпIэ, цIыхупсэ зэрыхэлъыр. Куэд щIэкIащ ди нэгум, псэууэ дыкъекIуэлIэжащ ди Хэкум. Ауэ щыIэщ къемыкIуэлIэжахэри. Абыхэм я фэеплъыр игъащIэкIэ тхъумэнущ, - жиIащ афган зауэм и лIыхъужь Габоев Азрет- Алий.
Мылицэм и майор, къулыкъум пэрымытыж Былымгъуэт Беслъэн къыхигъэщащ Афганистаным щекIуэкIа зауэм хэкIуэда зауэлIхэм я фэеплъыр хъумэным мыхьэнэшхуэ зэриIэр. 
- Мыбдеж кърихьэлIа псори фыкъыхузоджэ къуэшыгъэм, зэкъуэтыныгъэм, лIыгъэм. Апхуэдэ щэнхэр сэбэп мэхъу хэкупсагъэ тхэлъынымкIэ, щIэблэфI къытщIэхъуэнымкIэ, - жиIащ абы.
ПэкIум хэтахэм удз гъэгъахэр тралъхьащ фэеплъым. Налшык и Дей жыг хадэм ит фэеплъым щызэхуэсахэр дакъикъэкIэ хуэщыгъуащ Афган зауэжьым хэкIуэдахэм.

 

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: