Интернетыр щхьэпэу

Мазаем и 10-м ягъэлъэпIащ интернет зэраныгъэншэм и дунейпсо махуэр. Махуэшхуэр «Интернет нэхъыфIыр къыхыдох» къыхуеджэныгъэм щIэту екIуэкI хабзэщ. Гъэ къэси а махуэм ирихьэлIэу зытепсэлъыхьыну, гулъытэ зыхуащIыну Iуэхугъуэхэр яубзыху. Дауи, ар ехьэлIауэ щытын хуейщ интернетым и Iэмалхэм, абы къыщагъэсэбэп программэ зэмылIэужьыгъуэхэм. Ди зэманым зы IуэхущIапIи интернетыншэу лэжьэфынукъым. Дауи, интернет технологиехэр куэду къызэрыунэхум гъащIэр ехъуэж, интернет программэщIэхэр щIэх-щIэхыурэ къоунэху.

Интернетым къыдит IэмалыфIхэм ящыщщ, псалъэм папщIэ «онлайн-егъэджэныгъэ» жыхуэтIэр. Дэнэ щIыпIэ щыпсэу цIыхуми, интернетым и IэмалымкIэ зыпищIэфынущ IэщIагъэ щхьэхуэхэм хуезыгъаджэхэм е, нэхъыщхьэжращи, адэ-анэхэм я быным егъэджакIуэфI онлайну лажьэу къагъуэтыф.

Ауэ щыхъукIэ, зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым интернетым зэраныгъэ къызэришэри. ИкIи махуэшхуэм и къызэгъэпэщакIуэхэм псоми ягу къагъэкIыж дунейпсо интернетым и лъэныкъуэ Iейм зыщыхъумэн зэрыхуейр, сабийхэр зыгъэлъэпэрэпэнкIэ шынагъуэ зыпылъ программэхэм пэIэщIэ зэрыщIыпхъэр. Узыхуеймрэ узыхуэмеймрэ зэхэбгъэкIыфу, зозыгъэужь программэхэр къэбгъэсэбэпрэ щIэпхъаджэмрэ бзаджагъэмрэ зэщIэзыгъэстхэм защыпхъумэу интернетым урилэжьэфын хуейщ. Псом япэрауэ, интернет шынагъуэншагъэр къахузэгъэпэщыпхъэщ ныбжьыщIэхэм. Сыту жыпIэмэ, абыхэм я гупсысэр зэрыубыда щIыкIэкъым, зыхуеймрэ зыхуэмеймрэ яхузэхэмыгъэнкIэ хъунщ. Абы теухуауэ егъэлеяуэ хуэсакъыпхъэщ интернет джэгукIэхэм. Бзаджагъэр куэд щыхъуа ди зэманым, языныкъуэ джэгукIэхэр тегъэщIапIэ ящIурэ щIэпхъаджащIэхэм ныбжьыщIэхэр, уеблэмэ сабийхэр щагъэлъэпэрапэ щыIэщ. «Интернет шынагъуэншэр» хеубыдэ «кибербезопасность» е «компьютер шынагъуэншэ» жыхуэтIэхэм.

Интернет шынагъуэншэр гъэлъэпIэн яублащ 2004 гъэм. Ар Еврокомиссэм игъэбелджылащ «Интернет шынагъуэншэ» программэм тету. Абы щегъэжьауэ махуэшхуэр ягъэлъапIэ мылъку къегъэщIыным емыпха «Insafe» зэгухьэныгъэм и нэIэ щIэту. Абы хэтщ Евросоюзым и къэрал пслри, Урысейри, Норвегиери, Исландиери. Мы зэманым махуэшхуэр щагъэлъапIэ къэрали 170-м.

Урысейм махуэшхуэр щагъэлъапIэ 2007 гъэм щыщIэдзауэ. Хабзэ хъуауэ, гъэ къэс а махуэм ипэ къихуэу, къэралым щокIуэкI «Рунет шынагъуэншэм и тхьэмахуэ» Iуэхур. Урысейм махуэшхуэр щыгъэлъэпIэныр къыщызэзыгъэпэщыр, абыкIэ жэуап щызыхьыр хъыбарегъащIэ IуэхухэмкIэ «Не допусти!» центрырщ. Гъэ къэс махуэшхуэм и щIыхькIэ къэралым щокIуэкI зэIущIэхэр, щIэнIуатэхэр, дерс зэIухахэр, интернет IэмалкIэ къызэрагъэпэщахэри хэту. Апхуэдэ Iуэхугъуэхэм хэтщ программистхэр, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лIыкIуэхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, еджапIэ нэхъыщхьэхэм щезыгъаджэхэмрэ студентхэмрэ.

Хабзэм къемызэгъ контентхэм пэщIэту Урысейм щыIэщ «телефон псынщIэхэр», а Iуэхур къалэн зыщызыщIыжа жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр.

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: