Гупсысэм и псэ![]() Мы дунеишхуэм лъэпкъыу тетым я тхыдэр, зэрахьэ хабзэхэр, адрейхэм къазэрыщхьэщыкI я лъэпкъ нэщэнэхэр, гупсысэкIэмрэ псэукIэмрэ къозыгъащIэу щыIэр абыхэм яIурылъ бзэрщ - я анэдэлъхубзэрщ. Аращ цIыхум гъащIэр, дунейр къызэрищIэр, фIымрэ Iеймрэ зэхигъэкIыфу щIэблэр нэхъыжьхэм япэ дыдэ зэраущийр, адэ-анэхэм быным гъэсэныгъэ зэрыхалъхьэ Iэмэпсымэ нэхъыщхьэр. ЩIы хъурейм щызекIуэ бзэхэм ятеухуа къэхутэныгъэ хьэлэмэтхэр щызэхуэхьэса «Ethnologue» («Этнолог») каталогым зэритымкIэ, дунейм щызокIуэ, абы щыпсэу цIыхухэр иропсалъэ бзэ 7151-м. Ахэр хохьэ бзэ унагъуи 142-м. А бзэхэм ящы-щу 40-р нэхъ зызыужьауэ щытщ, абыхэм иропсалъэ дунейм тетхэм я Iыхьэ щанитIыр. ЩIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, бзэр дунейм и къэхъугъэ нэхъыщхьэ дыдэщ. Ар зей лъэпкъым и гупсысэхэр къызэрыщ гъуджэщ, сыту жыпIэмэ и анэдэлъхубзэращ цIыхум и псэм и щытыкIэр нэсу къызэриIуэтэфыр, и гупсысэхэр зэрызэкIэлъихьыфыр, и псалъэр зэригъэшэрыуэфыр. ГъащIэм и «дэкIуеипIэ» куэдым и щIэдзапIэщ анэдэлъхубзэр. АтIэми, бзэр акъыл закъуэкIэ къыпхуэгъэщIынукъым - ар лъэпкъпсо хъугъуэфIыгъуэщ, лэжьыгъэщ, лъэпкъым игущ, и псэщ.
Поделиться:
Читать также:
11.09.2026 - 14:13 →
Лъэпкъыбзэхэм я махуэм ирихьэлIэу
06.09.2026 - 13:28 →
Тхыдэ пэжыр хъумэным и мыхьэнэр
01.09.2026 - 12:58 →
Узыр къызэращIэ щытыкIэхэр
31.08.2026 - 16:38 →
Франджы пащтыхьым пщIэ зыхуищIу щыта лъэпкъ
30.08.2026 - 10:59 →
Кхъужьей жыгым и тхыдэр
| ||





