Гъатхэпэм и 10-м илъэс 20 ирокъу Террорым пэщIэтынымкIэ лъэпкъ комитетыр (НАК) къызэрызэрагъэпэщрэ.
IэнатIэр къэунэхуным щхьэусыгъуэшхуэ иIащ. 2004 гъэм и фокIадэм Беслъэн къалэм дэт курыт еджапIэм щIэпхъаджагъэ щалэжьам цIыху 342-рэ (186-р сабийуэ) хэкIуэда иужькIэ, Урысейм и Президент Путин Владимир унафэ ищIауэ щытащ министерствэхэр, хабзэхъумэ IуэхущIапIэхэр, жылагъуэр Iуэхум къыхэшауэ терроризмэм зэрыпэщIэтым бгъэдыхьэкIэщIэхэр къыхуагъуэтын хуейуэ.
Апхуэдэу 2006 гъэм къызэрагъэпэщащ Террорым пэщIэтынымкIэ лъэпкъ комитетыр. Абы хэтщ терроризмэм пэщIэтыныр зи пщэ дэлъ министерствэ нэхъыщхьэхэм я унафэщIхэр. НАК-р къызэрызэрагъэпэщрэ абы и тхьэмадэщ Урысейм шынагъуэншагъэмкIэ и федеральнэ IэнатIэм и унафэщI Бортников Александр.
IуэхущIапIэм и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ: щIыналъэм терроризмэм пыщIауэ къыщыхъу щIэпхъаджагъэхэм зыщыхъумэнымрэ ахэр гъэкIуэдынымрэ, профилактикэ Iуэхухэр егъэкIуэкIыныр, щIэпхъаджагъэхэр къызыхэкI щхьэусыгъуэхэр къэхутэнымрэ абыхэм я Iэужьыр гъэкIуэдыжынымрэ хабзэхэр егъэфIэкIуэныр, къулыкъущIапIэхэмрэ щIыпIэ унафэр зезыгъакIуэ IэнатIэхэмрэ террорым пэщIэтыным теухуауэ зэдэгъэлэжьэныр, а Iуэхухэр къыщаIэт дунейпсо зэхыхьэхэм хэтыныр, террорым пэщIэтынымкIэ унафэхэр зэрагъэзащIэм кIэлъыплъыныр.
Къэбгъэлъагъуэмэ, мы Iуэхухэм ехьэлIауэ IэнатIэ псори зэгъэуIуауэ зэрызэдэлэжьам и фIыгъэкIэ, Урысейм щызэтраублэфащ щIэпхъаджагъэхэр къамыгъэхъуу апхуэдэхэр псынщIэу къызэпаудыныр. Къэралым и дэтхэнэ щIыналъэми террорым пэщIэтынымкIэ комиссэхэр щолажьэ, цIыхухэр шынагъуэншэу псэуныр къызэрагъэпэщу. Къэбэрдей-Балъкъэрым Террорым пэщIэтынымкIэ и комиссэм и лэжьыгъэр къызэрегъэпэщ УФ-м и Конституцэм, федеральнэ хабзэхэм, Урысей Федерацэм и Президентымрэ Правительствэмрэ я унафэхэм, республикэм и законхэм тету. Абы гулъытэ хэха хуещI цIыхухэм терроризмэм и купщIэмрэ ар жыла-гъуэм дежкIэ зэрышынагъуэмрэ ягурыгъэIуэным, терроризмэм пэщIэтыным зэран хуэхъу политикэ, социально-экономикэ Iуэхугъуэхэр къэпщытэным. Комиссэм и унафэщIыр, зэрыхабзэу, щIыналъэм и Iэтащ-хьэрщ.
Мазаем и 24-м УФ-м и Президент Путин Владимир къэралым ШынагъуэншагъэмкIэ и федеральнэ IэнатIэм и зэIущIэм къыщыщыпсалъэм къыхигъэщащ террорым зэрыпэщIэт Iэмалхэр ирагъэфIэкIуэн зэрыхуейр. «БлэкIа илъэсым терроризмэм епха щIэпхъаджагъэхэм я бжыгъэм хэхъуащ. Абыхэм я нэхъыбэр зи IэрыкIыр, иужьрей илъэсхэми хуэдэу, украинэм и IэнатIэ хэхахэрщ. Апхуэдэ шынагъуэхэм нэхъ псынщIэу дыпэджэжы-ным ди къарур лъэныкъуэ куэдкIэ хузэщIэдгъэуIуапхъэщ. А лэжьыгъэр иригъэкIуэкIыпхъэщ Террорым пэщIэтынымкIэ лъэпкъ комитетым. ЖыпIэнурамэ, мы гъэм а IуэхущIапIэр илъэс 20 ирокъу. Къыхэзгъэщынщи, а зэманым къриубыдэу НАК-м хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ терроризмэм зэрыпэщIэт иджырей Iуэху бгъэдыхьэкIэщIэхэр убзыхуным, абыхэм къэралым зыщегъэужьыным. Ауэ, зэрыжысIауэ, адэкIи ди нэIэ тедгъэтын хуейщ террор ди къэралым къыщымыгъэхъуным».