ШэщIауэ зызыужь IэнатIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм и Унэм щекIуэкIащ КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм и зэIущIэ зыубгъуа. Абы и лэжьыгъэм хэтащ республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

Илъэс блэкIам ди щIыналъэм и мэкъумэш IэнатIэм хузэфIэкIамрэ мы гъэм къыпэщылъ къалэнхэмрэ теухуауэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Сыжажэ Хьэсэн.

2025 гъэм республикэм къыщыщIагъэкIащ мэкъумэш продукцэу сом меларди 126,7-рэ и уасэ е абы ипэ ита илъэсым яхузэфIэкIам нэхърэ проценти 3,7-кIэ нэхъыбэ. Министрым къызэрыхигъэщамкIэ, хабзэ зэрыхъуауэ, хэхъуэм и нэхъыбэр къэзытыр мэкъумэш къэкIыгъэхэмрэ абыхэм елэжь IуэхущIапIэхэм я продукцэхэмрэщ.

«Долъагъу унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэмкIэ зэрызыдужьыр. Мэкъумэш къэкIыгъэхэм къыхащIыкIхэм я индексыр проценти 105,6-рэ хъуащ икIи языныкъуэхэмкIэ ехъулIэныгъэ хъарзынэхэр диIащ», - жиIащ Сыжажэ Хьэсэн.

Республикэм и мэкъумэш-промышленнэ комплексым мэкъумэш къэкIыгъэхэм процент 61,3-р щаубыд, Iэщ гъэхъун IэнатIэм – процент 38,7-р.    

Псом хуэмыдэу IэнатIэм нэгъабэ зэфIэкIыфIхэр къигъэлъэгъуащ пхъэщхьэмыщхьэрэ мэракIуэ лIэужьыгъуэу кърахьэлIэжам и куэдагъымкIэ: псори зэхэту тонн мелуан 1,1-рэ зэщIакъуэжащ. 2024 гъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ проценти 7,4-кIэ ар нэхъыбэщ.

«Хьэцэпэцэрэ джэш хъурейуэ къетхьэлIэжащ тонн мелуан 1,2-м щIигъу, абы щыщу нартыху жылапхъэу тонн мин 868,3-рэ. Апхуэдэу щыхъукIи, нартыхум и бэвагъым хэхъуащ икIи абы къегъэлъагъуэ а къэкIыгъэр щыхэтщIэкIэ къэдгъэсэбэп технологиещIэхэм я фIагъыр», - жиIащ министрым.

2025 гъэм республикэм щыпащащ Iуву зэкIэщIэса жыгхэм хуэдэхэр щагъэкI хадэщIэхэр гъэтIысыным. Нэгъабэ апхуэдэхэм ирагъэубыдащ гектар мин 1,8-рэ. Ди щIыналъэм къыщагъэкIа жыгыщIэ цIыкIухэм я бжыгъэр мелуани 4,2-рэ хъуащ икIи республикэм и жыгхадэгъэкIхэр зрикъуным ар щIегъу.

Къыхэдгъэщынщи, 2025 гъэм республикэм и пхъэщхьэмыщхьэ жыг хадэхэм проценти 7-кIэ къыхигъэхъуащ икIи гектар мин 29-м ар нызэрыхьэсащ. Гугъэ щыIэщ 2030 гъэм ирихьэлIэу а бжыгъэр гектар мин 30-м нагъэсыну икIи илъэсым къриубыдэу пхъэщхьэмыщхьэрэ мэракIуэ лIэужьыгъуэу тонн 1 мелуанрэ мин 210-рэ кърахьэлIэжыну.

Апхуэдэуи, республикэм гулъытэ хэха щыхуащI пхъэщхьэмыщхьэ хъумапIэхэм я инфраструктурэмрэ мелиорацэмрэ. ЖыпIэнурамэ, илъэс блэкIам псы зыщIагъэлъадэ хьэсэхэм къыхагъэхъуащ гектари 7,3-рэ е щыIам проценти 10 къыхагъэхъуащ. КъищынэмыщIауэ, абыхэм щагъэуващ уэшх къыщешхым деж хуэдэу хьэсэхэр псыкIэ зыгъэнщI, щIыпIэшхуэхэр зэуэ къызэщIэзыубыдэ машинэхэр, псыр ихъуреягъкIэ зэрызэбграутхыкI спринклерхэр, ткIуэпс-ткIуэпсурэ ар зэрыщIагъэхьэ Iэмэпсымэхэр, нэгъуэщIхэри.

Пхъэщхьэмыщхьэхэр зыщIалъхьэхэми нэгъабэ къыхагъэхъуащ тонн мин 30 хуэдиз зыщIэхуэн хъумапIэ. Иджы, республикэм иIэщ псори зэхэту пхъэщхьэмыщхьэрэ хадэхэкIыу тонн мин 362,7-рэ зэуэ зыщIэхуэнхэр.

«Мэкъумэш техникэ паркыр къэдгъэщIэрэщIэж зэпытщ. Нэгъабэ мэкъумэшыщIэхэм къащэхуащ техникэ ину 131-рэ, абы щыщу 121-р трактору, 8-р – гуэдз зэрыIуахыж комбайну. Ди лэжьыгъэм адэкIэ зиужьыным и шэсыпIэфIщ ар», - къыхигъэщащ Сыжажэм.

Iэщ гъэхъун IэнатIэми зиужь зэпытщ икIи ехъулIэныгъэфIхэр нэгъабэ иIащ. Псалъэм къыдэкIуэу, лырэ джэдкъазылу къалэжьащ (псэууэ шэчауэ) тонн мини 157,3-рэ, гъэшу – тонн мин 619,9-рэ, джэдыкIэу кърахащ мелуан 266,8-рэ.

2025 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым мэкъумэш продукцэу экспортым игъэкIуам щытепсэлъыхьым, министрым къыхигъэщащ, республикэм абыкIэ телъа планым зэрыщIрагъэгъуар. Хамэ къэралхэм ерыскъыхэкIыу хурагъэшащ псори зэхэту доллар мелуан 36,1-рэ и уасэ икIи нэгъабэ къалэну зыхуагъэувыжам нэхърэ (доллар мелуан 16) хуэдитIкIэ нэхъыбэщ ар.

ЗэIущIэм щыжаIащ республикэм къигъэлъэгъуа ехъулIэныгъэхэр «Дунейпсо кооперацэмрэ экспортымрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэ «АПК-м и продукцэр экспортым гъэкIуэн» щIыналъэ пэхуэщIэм къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэм зэрыхуэкIуэр.

Сыжажэ Хьэсэн къыхигъэщащ 2030 гъэм ирихьэлIэу, 2021 гъэм щыIа бжыгъэхэм елъытауэ, экспортым кIуэ продукцэм и куэдагъым хуэдэ 1,5-кIэ хагъэхъуэну зэраплъапIэр.

Республикэм и мэкъумэш продукцэхэр нобэ хурагъашэ ди гъунэгъу хэкухэми къэрал жыжьэхэми. Нэхъыбэу дызыдэлажьэхэм яхохьэ Куржыр, Узбекистаныр, Азербайджаныр, Армениер, Белоруссиер, Таджикистаныр, Къэзахъстаныр, Тыркумэныр, Осетие Ипщэр. Апхуэдэуи, экспорт зэпыщIэныгъэхэр хуаIэщ Тыркум, Монголием, Израилым, Китайм, Иракым, Пакистаным, Афганистаным, нэгъуэщI къэралхэми.

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэкъумэш продукцэу хамэ къэралхэм ярищэм и процент 25,2-р жылапхъэхэм, процент 22,2-р ерыскъыхэкIхэм, процент 0,6-р лыхэкIымрэ гъэшхэкIымрэ яубыд. «НэгъуэщI продукцэхэм» къалъос псори зэхэту ди щIыналъэм ирашым и Iыхьэ ныкъуэм нэхърэ нэхъыбэр. Абыхэм хохьэ гуэдзыр, IэфIыкIэр, кхъуейр, фадэр, псыIэфIыр, нартыху крахмалыр, Iусыпхъэхэр, нэкулъ лIэужьыгъуэхэр, нарзаныр, пхъэщхьэмыщхьэ-хадэхэкI теIуэнтIахэр, нэгъуэщIхэри.

КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм и нэIэ щIэту лажьэ «Къуажэхэм сыт и лъэныкъуэкIи зегъэужьын» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ 2025 гъэм цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным хуэгъэпсауэ республикэм и жылэ зыбжанэм лэжьыгъэшхуэхэр щрагъэкIуэкIащ. Псалъэм къыдэкIуэу, Тырныауз къалэм къызыхуэтыншэу щызэрагъэпэщыжащ абы и спорт еджапIэмрэ щIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ я творчествэ зэчийм зегъэужьынымкIэ центрымрэ.

Бахъсэненкэ къуажэм псы къабзэ зэрыкIуэ и бжьамийхэр къагъэщIэрэщIэжащ, спорт лIэужьыгъуэ куэдым хуэщIа утыкурэ ветеринар клиникэрэ къыщызэIуахащ, сабий садрэ физкультурэм хуэщIа комплексрэ яухуэн щIадзащ. «Къарэ-Суу – Бабугент – Къэщкъэтау» псы къабзэр зэрызэбгратыкI бжьамийхэр Къащкъэтау къуажэм щаукъуэдиящ. Псыхъурей, Аушыджэр, Псынэдахэ жылэхэм цIыхухэр куэду щызэхуэс я щIыпIэхэр зэIузэпэщ ящIащ.

Апхуэдэуи, Сыжажэ Хьэсэн къытеувыIащ «АПК-м IэщIагъэлIхэр хуэгъэхьэзырын» лъэпкъ пэхуэщIэр республикэм зэрыщагъэзащIэм. 2025 гъэм и фокIадэм Май къалэм, Куба, Кыщпэк, Красноармейскэ къуажэхэм я курыт еджапIэхэм мэкъумэш-технологие классхэр къыщызэIуахащ. Абыхэм щоджэ 7-10-нэ классхэм щIэс еджакIуэу 150-рэ.

Абы нэмыщI, зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкI КъБР-м и япэ Президент КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетми.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: