ЛэжьапIэншэхэм я бжыгъэр хуэдитIкIэ ягъэмащIэ![]() 2025 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьапIэншэхэр IэнатIэхэмкIэ къызэгъэпэщыным ехьэлIауэ IуэхугъуэфIхэр щрагъэкIуэкIащ, щыжаIащ КъБР-м Лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжынымкIэ и министерствэм. ЖыпIэнурамэ, IэнатIэм къыпэщылъа къалэнхэр игъэзэщIащ, къыпэщылъа планми щIригъэгъуащ. Абы нэмыщI, Кавказ Ищхъэрэм лэжьапIэншэхэр щынэхъ мащIэ и щIыналъэхэм яхохьэ республикэр. Апхуэдэуи, Росстатым къызэритамкIэ, лэжьапIэншэхэм я бжыгъэр, я ныбжьыр илъэс 15-м къыщыщIэдзауэ нэхъыжьхэмрэ, хуэдитIкIэ ягъэмэщIащ икIи 2024 гъэм зэрыхъуу щытам елъытауэ цIыху 14400-рэ хъуащ. ЛэжьыгъэмкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм и мардэмкIэ къэбгъэлъагъуэми, IэнатIэншэхэм я куэдагъыр проценти 3,12-м нызэрыхьэсащ. Абы нэмыщI, цIыхухэм IэнатIэхэр къахуэзылъыхъуэ къэрал къулыкъухэм лэжьапIэншэу официальнэу зыщезыгъэтхахэмкIи Iуэхур ефIэкIуащ. Псалъэм къыдэкIуэу, 2026 гъэм щIышылэм и 1-м апхуэдэу ятхахэр цIыху 1987-рэ хъуащ е лэжьыгъэ IэнатIэ Iутхэм я бжыгъэм и процент 0,4-рэ. Аращи, республикэм лэжьапIэншэу щатхам и куэдагъыр хуэдитIкIэ нэхъ мащIэщ Кавказ Ищхъэрэм ику иту щыщыIэхэм елъытауэ (процент 1,1-рэ). 2025 гъэм къриубыдэу IэнатIэхэр къалъыхъуэу къэрал къулыкъухэм зыкъыхуагъэзащ ди щIыналъэм и цIыху 5900-м. Абы щыщу 1832-м (процент 31,2-м), ахэр къыхуагъуэтащ. Нэгъабэ илъэсым и кIэм ирихьэлIэу къэрал къулыкъум IэнатIэу 7122-рэ щыIащ, республикэм и IуэхущIапIэхэм лэжьакIуэхэр къызэралъыхъуэмкIэ хъыбар къратам тещIыхьауэ. Абы и фIыгъэкIэ, КъБР-м лэжьыгъэ зэпэубыда IуэхумкIэ щытыкIэр нэхъыфI щыхъуащ икIи зы IэнатIэм хузэпещэ цIыхур зэрыхъуар 0,3-рэщ. КИФЩI-м щыщыIэ бжыгъэхэм нэхърэ ар фIыуэ нэхъ мащIэщ – процент 1,7-рэ. «Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэм IэнатIэхэмкIэ ядэIэпыкъун» къэрал программэм ипкъ иткIэ лэжьыгъэ къахуэзыгъуэт къэрал къулыкъум нэхъ жыджэру и къалэнхэр игъэзащIащ нэгъабэ. Псалъэм и хьэтыркIэ, жармыкIэу 70 иригъэкIуэкIащ, къалэну къыпэщылъа 26-м и пIэкIэ. Абыхэм хэтащ цIыху 5200-рэ. Псом хуэмыдэу, гулъытэ хэха ирагъэгъуэтащ балигъ мыхъуахэм. IуэхущIапIэ зэхуэмыдэхэм зэгурыIуэныгъэу 138-рэ иращIылIащ икIи ахэр щеджэ зэманым къыщыдэхуэм деж лэжьэну, пIалъэкIэ IэнатIэхэр къыхуагъуэтащ ныбжьыщIэ 1374-м, я ныбжькIэ илъэс 14 - 18-м итхэу. Мыбдежым план ятелъам процент 29-кIэ щIрагъэгъуащ. ПщIэ зыщIат жылагъуэ лэжьыгъэхэм ныбжьыщIэ 212-рэ хэтащ. IэнатIэ къэзылъыхъуэ цIыхухэр нэгъуэщI IэщIагъэм хуегъэджэжынымкIэ къэрал къулыкъум и IэщIагъэлIхэм лэжьыгъэ пыухыкIахэр ирагъэкIуэкIащ. Абыхэм Iуэхутхьэбзэ зэхуэмыдэхэр хуалэжьащ цIыху 6900-м икIи къапэщылъа къалэнхэм процент 60-м нэблагъэкIэ щIрагъэгъуащ. Илъэс къэс ирагъэкIуэкI профориентацэ акцэхэм хэтащ школакIуэу 3800-рэ. ЛэжьапIэншэу цIыху 90 ягъэкIуащ нэгъуэщI IэщIагъэхэм хурагъэджэну е я IэщIагъэ нэхъыщхьэхэм къадэкIуэу нэгъуэщIхэм хуагъэсэну. Социальнэ и лъэныкъуэкIэ нэхъ мыхъумауэ къэна цIыхухэри гулъытэншэ хъуркъым. Псалъэм папщIэ, 2025 гъэм лэжьыгъэ IэнатIэ лъыхъуэу къэрал къулыкъум зыкъыхуагъэзащ зи Iэпкълъэпкъым сэкъат иIэу цIыху 450-рэ. Абыхэм ящыщу 97-м ахэр къыхуагъуэтащ (процент 21,6-м). IэнатIэхэр цIыху ныкъуэдыкъуэхэм къызэрыхуагъуэтам нэмыщI, ахэр иджыри нэгъуэщI IэщIагъэхэм хурагъэджэжащ, психологие, социальнэ дэIэпыкъуныгъэхэри иратащ. Нэгъабэ илъэсым и кIэм лэжьапIэншэу къэрал къулыкъум цIыху ныкъуэдыкъуэу 181-рэ щытхауэ щытащ. Абыхэм нэмыщI, республикэм цIыхухэм IэнатIэхэр къахуэзыгъуэт и къулыкъум ахэр къахуигъуэтащ дзэ Iуэху хэхам хэтауэ цIыху 16-м. Хьэрычэт IэнатIэ къызэIузыхыну мурад зыщIауэ 2-м къэрал дэIэпыкъуныгъэхэр ирагъэгъуэтащ. Дзэ Iуэху хэхам хэтхэм я унагъуэхэм ящыщу 5-р IэнатIэхэм пэрагъэуващ.
Поделиться:
Читать также:
06.09.2026 - 13:28 →
Тхыдэ пэжыр хъумэным и мыхьэнэр
01.09.2026 - 12:58 →
Узыр къызэращIэ щытыкIэхэр
31.08.2026 - 16:38 →
Франджы пащтыхьым пщIэ зыхуищIу щыта лъэпкъ
30.08.2026 - 10:59 →
Кхъужьей жыгым и тхыдэр
29.08.2026 - 12:41 →
Зэрагъэпэщыж икIи куэду яухуэ
| ||





