Гъэсыныпхъэр я унэхэм хурашалIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым щылажьэ социальнэ программэм ипкъ иткIэ льготэ щхьэхуэхэр зиIэхэм газыр здынэмыса я унэхэм ар пщIэншэу республикэм щыхурашалIэ.
Газпромым газыр зэбгрызытыкI и къудамэу Налшык щыIэм къызэритамкIэ, нобэкIэ унагъуэ мини 5-м щIигъум газ бжьамийхэм зэрызыпадзэн техникэ Iэмалхэр иратащ, унагъуэ 4395-м - пщIэншэу хурашэлIакIэщ.
Газыр здынэмыса унэхэм ар яхуешэлIэным ехьэлIауэ щыIэ программэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щолажьэ 2021 гъэм щегъэжьауэ. Льготэ зиIэхэм программэм хиубыдэу субсидиеу сом мини 100 зырыз ират, газым пыщIа Iэмэпсымэхэр къращэхуну, бжьамийхэм ирыпадзэну, н.къ. папщIэ.
Апхуэдэ дэIэпыкъуныгъэ зратхэм хеубыдэ унагъуэ быныфIэхэр, хуэмыщIауэ псэухэр, дзэ Iуэху хэхам хэтхэр, СВО-м и ветеранхэр, абыхэм я унагъуэхэр, ныкъуэдыкъуагъэкIэ 1-нэ гупым хыхьэхэр, сабий ныкъуэдыкъуэхэр зезыхьэхэр, Хэку зауэшхуэм и ветеранхэр.
КъищынэмыщIауэ, газыр здынэмыса псэупIэхэм ар яхуешэлIэным ехьэлIауэ щыIэ программэм ипкъ иткIэ льготэ зиIэхэм газ оборудованэхэр къызэращэхуамрэ я псэупIэхэм газыр ешэлIэным трагъэкIуэдамрэ субсидиеу иратыж 2023 гъэм къыщыщIэдзауэ.  

 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: