Пащтыхь гуащэ Рание адыгэхэм я хьэщIэщ![]() Иорданием и пащтыхь гуащэ Рание гулъытэрэ гуапагърэ зыхэлъ бзылъхугъэщ. Абы фIэфIщ къэралым ис цIыхухэм яхыхьэну, епсэлъэну, я гурыгъу-гурыщIэхэр зригъащIэурэ ядэIэпыкъуну. Пащтыхь гуащэр иджыблагъэ щыIащ Адыгэ щэнхабзэмкIэ дунейпсо академиеу Иорданием щылажьэм. ЩIыналъэм щыхэхэс шэрджэсхэм я тхыдэр, щэнхабзэр, хабзэр зэрахъумэж Iэмалхэр зригъэлъагъун, лъэпкъыр зэрыгушхуэ хъугъуэфIыгъуэхэр зыхуэдэр зригъэщIэн мурадкIэ, я адэжь щIэинхэр щахъумэ академием кIуауэ арат Раниея.
Поделиться:
Читать также:
15.11.2026 - 12:00 →
Лъэпкъ IэфIыкIэр зи IэрыкIхэр
14.11.2026 - 11:30 →
Ахъшэр зыхуэдизынумрэ нэхъыщхьэу зытрагъэкIуэдэнумрэ
14.11.2026 - 10:00 →
Дэтхэнэм дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ
14.11.2026 - 09:00 →
Зэдэлэжьэныгъэ щхьэпэ
10.11.2026 - 17:00 →
Нейрон зэIущэр «мэгупсысэ»
| ||






