Хьэршым и япэ тхьэмахуэр зэхуащIыжащ![]() УФ-м и Президент Путин Владимир 2025 гъэм дыгъэгъазэм и 29-м къыдигъэкIа унафэм ипкъ иткIэ, 2026 гъэм мэлыжьыхьым и 6-м къыщыщIэдзауэ и 12 пщIондэ ди къэралым щрагъэкIуэкIащ «Космонавтикэм и япэ тхьэмахуэ» зыфIащар. Мыр иращIылIащ ди планетэм телъэтыкIа япэ цIыхур хьэршым къызэрыщыхутэрэ мэлыжьыхьым и 12-м илъэс 65-рэ зэрырикъум. Хьэршым и тхьэмахуэм и къызэгъэпэщакIуэхэм ар нэхъыщхьэу зыхуэлэжьэн хуейуэ къалъытэр Урысей Федерацэм и космонавтикэм и ехъулIэныгъэхэр ди къэралым щыпсэухэми дуней псом и цIыхухэми я деж нэхъри нэхьэса зэрыхъунырщ, уахэр къэгъэIурыщIэным пыщIа IэнатIэм телажьэхэм я пщIэр нэхъри къэIэтынырщ. Iуэхум и къызэгъэпэщакIуэ нэхъыщхьэу щытар УФ-м и Правительствэмрэ «Роскосмос» корпорацэмрэщ, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ хьэрычэтыщIэхэмрэ я щIэгъэкъуэну. «Космонавтикэм и япэ тхьэмахуэ» зыфIащам хыхьэу, УФ-м и щIыналъэ псоми щрагъэкIуэкIащ хьэршым ехьэлIа щIэныгъэм тращIыхьа Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэу егъэджэныгъэм, гъуазджэм, щэнхабзэм теухуахэр. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ документальнэ, щIэныгъэ-нэкъыфIэщI (фантастикэ) фильмхэр, дэфтэр гъэтIылъыпIэхэм къыщагъуэтыжа кадрхэр зэрыщагъэлъэгъуар, еджагъэшхуэхэм ятеухуа дерсхэм зэрыщIагъэдэIуар, космонавтхэм зэрыщыIуагъэщIар, гъуазджэм ехьэлIа мастер-классхэр зэрыщатар, Iуэхум ехьэлIа гъэлъэгъуэныгъэхэр зэрыщыIар, экскурсхэр зэрыщрагъэкIуэкIар, концертхэм, театр теплъэгъуэхэм цIыхухэр къызэрырашэлIар, спорт зэхьэзэхуэхэмрэ флешмобхэмрэ къызэрыщызэIуахар, хьэрш жыжьэм къыщекIуэкIхэм щатепсэлъыхь зэхуэсхэр къызэрыщызэрагъэпэщар. ЗэрагъэбелджыламкIэ, тхьэмахуэм и Iуэхугъуэ нэхъыщхьэу щытар мэлыжьым и 9-м зэхаша «Урысей космос форум» жыхуаIэ зэхыхьэшхуэу «Россия» лъэпкъ центрым щекIуэкIарщ. Абдежым къэрал властым щыщхэр щаIущIащ хьэршым ехьэлIа щIэныгъэмрэ хьэрычэт лъэрызехьэмрэ я лIыкIуэхэм. Ахэр тепсэлъыхьащ икIи хэплъащ Хэкум и космонавтикэм и зыужьыкIэ хъунум, уахэм ЩIы Хъурейм щиIэ и Iэхэлъахэр къэгъэIурыщIэнымрэ джынымкIэ пэхуэщIэхэм, хьэршырыкIуэ кхъуафэхэр Мазэм нэшэсынымрэ щетIысэхынымкIэ Iэмалхэм, уафэщIхэм (вагъуэлэкъумхэм, планетэхэм) я зэхуаку дэлъ гъуэгуанэ кIыхьыщэр зэпычынымкIэ хэкIыпIэхэм, нэгъуэщIхэми. Махуэ блэкIахэм ирагъэкIуэкIа Iуэхугъуэ нэхъ удэзыхьэххэм ящыщу куэдым къалъытащ Москва Баумэн Н.Э. и цIэр зезыхьэу дэт ТехникэмкIэ университетым деж щызэхаша «ЩIалэгъуалэ космо-инженер конгресс» зыфIащар. ЩIэныгъэлIхэр, космонавтхэр, студентхэр, ахэм я гъэсакIуэхэр зыхэта абы япэ дыдэу зэIухауэ щытепсэлъыхьащ ди Дыгъэр къэзыухъуреихь уафэщIхэм ящыщу Марс планетэм цIыху зэрыс кхъуафэхэр утIыпща зэрыхъуным, ди къэралым и уахэрыкIуэхэри яхэту. Мэлыжьыхьым и 1-м къыщыщIэдзауэ и 30 пщIондэ, къэралым и щIыналъэ I8-м щыIэ шхапIэ-ерыскъы гъэхьэзырыпIэ 70-м щIигъум хьэршым здашэ ерыскъыхэкIхэр щыIуагъахуэ, «Уахэм щыяпэ» зыфIаща гастроном фестивалыр щекIуэкIащ. «Хьэршым и тхьэмахуэ» зыфIащам и Iуэхугъуэ нэхъыщхьэу, дауи, щытар Космонавтикэм и махуэращ. Мэлыжьыхьым и 12-м, Космонавтикэм и махуэм, Москва и Кремлым дэт Уардэунэм хэт концерт гъэлъэгъуапIэ нэхъыщхьэм щызэхашащ къэралым и ракетэ-хьэрш IэнатIэм телажьэхэм нэхъ къахэжаныкIахэмрэ а унэтIыныгъэм зи гъащIэмрэ зи гуащIэмрэ теухуауэ щытахэмрэ щагъэлъэпIа зэхыхьэшхуэ. «Космонавтикэм и япэ тхьэмахуэ» зыфIащар къезыхьэжьахэм я мурадщ ар Урысей Федерацэм мэлыжьыхьым и 6-м къыщыщIэдзауэ и 12 пщIондэ, гъэ къэс щрагъэкIуэкIыну.
Поделиться:
Читать также:
16.05.2026 - 10:00 →
Терроризмэм щэнхабзэр и бийщ
15.05.2026 - 17:26 →
Адыгэм и хьэщIэр быдапIэ исщ
11.05.2026 - 15:18 →
ЩIэуахътыншэри аращ
09.05.2026 - 10:07 →
ЛIэщIыгъуэкIэ лIакъуэхэм зэIэпах
04.05.2026 - 17:59 →
Лэжьыгъэм пащэ
| ||





